Зэхыхьэшхуэм зыхуагъэхьэзыр
2018-07-21
- Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу щIалэгъуалэ жанхэм, IэнатIэ зэмы- лIэужьыгъуэхэм зегъэужьыным хуэунэтIа жэрдэмхэр къыхэзылъхьэхэм икIи ахэр пхыгъэкIыным тегушхуауэ яужь ихьэхэм я зэхыхьэу илъэс куэд хъуауэ къокIуэкI «Мэшыкъуэ» зыфIаща форумыр. Мы зэманым жыджэру зыхуагъэхьэзыр мыгъэрей абы и зэхыхьэм.
- Мы гъэм ар IыхьитIу зэщхьэщыхауэ, шыщхьэуIум и 10-м къыщы-щIэдзауэ и 24-рэ пщIондэ екIуэкIынущ. Ди республикэм и лIыкIуэу абы хэтыну Iэмал зиIэнур цIыху 205-рэщ, ауэ абы кIуэну хуейхэм я бжыгъэр куэдкIэ нэхъыбэщ — 600-м щIегъу.
- КъБКъУ-м абы хуэгъэпсауэ лажьэ и центрым щIадзауэ къыщыхах зэхуэсым ягъэкIуэнухэр. КъБР-м Iуэху куэд щызэфIагъэкI и щIалэгъуалэ центрым и унафэщI Жаным Саидэ зи пашэ комиссэм хэтщ КъБКъУ-м и лэжьакIуэхэр, КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм щыщхэр, КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм и лIыкIуэхэр. Абыхэм къалэн гугъу къапэщытщ — а зэхыхьэм зи лэжьыгъэ щызыгъэлъэгъуэну, зи жэрдэм къыщыхэзылъхьэну хуей дэтхэнэ зыми яIущIэу, епсэлъылIэу, ди зэманым цIыхухэр нэхъ зыхуэныкъуэ Iуэхум хуэгъэпса проект гъэщIэгъуэнхэр къыхахын хуейщ.
- «Иджыпсту едгъэкIуэкI къэпщытэныгъэхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ щIалэгъуалэм я проектхэм хэлъ ныкъусаныгъэхэр ягурыдгъэIуэжу абы-хэм елэжьыжынымкIэ, лэжьыгъэхэм къыхуагъэув мардэхэр зыхуэдэм, илъэс блэкIахэм «Мэшы-къуэм» хэтахэм гу зылъатахэм зыщагъэгъуэзэнымкIэ», — къыхигъэщащ Жаным Саидэ.
- — Проектыр тэмэм хъуным, ар пхыкIыным я лъабжьэщ абы жыджэру, гумызагъэу уелэжьыныр, апхуэдэ зэхыхьэхэм нэхъапэми ухэтауэ Iуэху и пIалъэ пщIэныр, — жиIащ КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм и унафэщI Къэгъуэтыж Ахьмэд. — Сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэза, ди гъащIэм Iэмал имы-Iэу дызыщыхуей Iуэхум хузэхэлъхьа проектхэр зыгъэхьэзырахэрщ абы щытекIуэну Iэмал зиIэнур.
- КъБКъУ-м и
- пресс-IуэхущIапIэ.