ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Щхьэж  хуэзэр  щхьэхуэу  зэхэхауэ

2018-06-18

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм иужь лъэхъэнэм къаIэрыхьэу щIадзащ ди щIыналъэм нэхъапэм щымыIа квитанцхэр — коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм я уасэхэр зэрат документ закъуэр (ЕПД).

  • Уасэхэр зэрат документ закъуэм щызэхуэхьэсащ коммунальнэ Iуэхутхьэбзэ зыбжанэм (газым, уэздыгъэм, псым, нэгъуэщIхэми) папщIэ цIыхум итыну къыхуагъэувахэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым Къыщабж и центрым къыIэрохьэ дэтхэнэми къигъэсэбэ-пам хуэзар, ахэр зэхелъхьэжри ЕПД-м иратхауэ зыхуэфащэхэм Iэрегъэхьэж, щхьэж хуэзэр щхьэхуэу зэхэхауэ. Квитанцыр зыIэрыхьам занщIэу елъагъу къыхуабжар зыхуэдизымрэ дэтхэнэми папщIэ ахъшэу итынум и куэдагъымрэ. ЦIыхухэм я нэхъыбэм я дежкIэ псори зэрыщыту къэнэжащ: Iуэхутхьэбзэ зыщIэхэм я абонент пунктхэм макIуэри чэзум хэтщ, щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм ахэр къыщалъыхъуэурэ я зэманыр мэкIуэд.
  • «ХъумапIэ банк» ПАО-м Къэбэрдей-Балъкъэрым Къыщабж и центрым дэщIыгъуу къыхилъхьауэ егъэзащIэ уасэхэр зэрат IэмалыщIэр: ЕПД-кIэ ахъшэр етыныр. Сыт абы къикIыр? Коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэр псынщIэу икIи тыншу ептын папщIэ иджы узыхуейр квитанцым и щхьэм хуэзэу сэмэгумкIэ тетха бжыгъэ пщыкIузу зэхэт абонентым и лицевой счётыр итхэнырщ. «Апхуэдэ Iэмалым и ефIэкIыныгъэщ къызэрабж тхылъ, квитанц, чек куэдыкIейм узэрыхэмытыжыр. Ахъшэр щепткIэ блэкIа мазэм къыпхуащIа Iуэхутхьэбзэхэм я уасэр къэплъагъуэнущ, хуей хъумэ, ахэр зэбгъэзэхуэжыфынущ. КъищынэмыщIауэ, мыхьэнэшхуэ иIэщ ХъумапIэ банкымкIэ уасэр щепткIэ газу, уэздыгъэу, псыуэ къэбгъэсэбэпауэ къы- зэрабж Iэмэпсымэхэм къридзахэр Iуэхутхьэбзэ къыпхуэзыщIэхэм хуебгъэхь зэрыхъунум. Ахъшэ зэратам теухуа хъыбар махуэ къэс къызэрабж центрым Iэрохьэ икIи цIыхухэм шэч къыщIытрахьэн щыIэкъым ята уасэр и чэзум зейм зэрыIэрыхьамкIэ», — жеIэ Урысейм и ХъумапIэ банкым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI Урысбий Хьэмидбий.
  • ЖКХ-м и Iуэхутхьэбзэхэм я уасэр епт хъунущ ХъумапIэ банкым и Iэмалхэм ящыщ зымкIэ «Сбербанк Онлайн» мобильнэ гуэдзэныр, «Щхьэзакъуэ кабинет»-р, банкым и къудамэхэр, «Автоплатёж»-р къэбгъэсэбэпу.
  • Хьэтау Ислъам.