Вольфрамымрэ молибденымрэ я къыщIэхыпIэхэм щылэжьыпхъэхэр яубзыху
2018-04-05
- «Ростех» къэрал корпорацэм и IэщIагъэлIхэр Тырныауз вольфрам-молибден къыщIэхыпIэм къэкIуащ, заводыр ежьэжын папщIэ лэжьыпхъэу къапэщылъхэр яубзыхун папщIэ.
- Вольфрамрэ молибденрэ Тырныауз къыщыщIа- хыу зэрызэтрагъэувэжынум и «гъуэгу картэр» ягъэзащIэкIэрэ, «Ростех» къэрал корпорацэм и IэщIагъэлI гуп ди щIыпIэм къэкIуащ. Абыхэм бгым щIэлъхэм, производственнэ объектхэм я щытыкIэм зыщагъэгъуэзащ, адэкIэ зэлэжьыпхъэхэр нэхъ тэмэму яубзыхуфын папщIэ. А псори къагъэсэбэпынущ технико-экономикэ тегъэщIапIэхэмрэ проект-сметэ документацэмрэ щызэхалъхьэкIэ.
- Фигу къэдгъэкIыжынщи, 2016 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир къэралым и Правительствэм пщэрылъ щищIащ Тырныауз вольфрам-молибден къыщIэхыпIэм и лэжьыгъэр зэфIэгъэувэжынымкIэ проект щхьэхуэ ягъэхьэзыру, жэрдэмхэр къыхалъхьэну.
- ЖЫЛАСЭ Заурбэч.