ЛIыхъужьыгъэм и дерсхэр
2018-02-23
- Мы зэманым дэнэкIи щагъэлъапIэ Хэкум и хъумакIуэм и махуэр. А Iуэхум ехьэлIауэ курыт школхэм щокIуэкI ЛIыхъужьыгъэм и дерсхэр. Абыхэм ирагъэблагъэ хэкум и щхьэхуитыныгъэм, ехъулIэныгъэм, зыужьыныгъэм папщIэ зи къаруи зэфIэкIи емыблэж цIыху цIэрыIуэхэр.
- Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Хьэ- тIохъущыкъуей къуажэм дэт кадет шко-лым и гъэсэнхэм дыгъуасэ яхуэкIуащ Урысейм и ЛIыхъужь, кхъухьлъатэзехуэ-космонавт Ревин Сергейрэ УФ-м и ВС-м и подполковник, афган зауэм и ветеран Куков Валерийрэ. ХьэщIэ лъапIэхэр хэтащ еджапIэм къыщызэрагъэпэща ЛIыхъужьы- гъэм и дерсхэм. Ахэр тепсэлъыхьащ я гъащIэм, Хэкум къулыкъу пэж зэрыхуащIам, апхуэдэуи лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ я щапхъэ куэд ныбжьыщIэхэм къыхуахьащ.
- Кадет ныбжьыщIэхэр дахьэхат лIыхъужьхэм къаIуэтэж псоми. Ахэр щIэупщIэрт нэхъ хьэлэмэту къащыхъу Iуэхугъуэхэм, хьэщIэхэм къэралым къахуигъэфэща дамыгъэ лъапIэхэр къызэрахьа щIыкIэхэм нэхъ гъунэгъуу щыгъуазэ зыхуащIмэ яфIэфIу. ЕджакIуэхэм нэхъыжьыфIхэр къагъэгугъащ езыхэри къэралым, щалъхуа щIыналъэм хуэпэжу псэуну, хэкупсэу къэхъуну.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.