ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Кадыровым къыхелъхьэ

2017-11-23

  • Шэшэным и Iэтащхьэ Кадыров Рамзан зэреплъымкIэ, Ленин Владимир и хьэдэр щIэлъхьэн хуейщ, Сталин Иосиф и хьэдэ къупщхьэхэр Куржым етыжыпхъэщ, совет унафэщIу щыта Хрущёв Никитэ и фэеплъыр УФ-м федеральнэ мыхьэнэ иIэу щыгъэувын хуейщ.
  •  
  • «Сэзыбжанэрэ жысIащ Лениным и хьэдэр щIэлъхьэжын зэрыхуейр. Ар Утыку Плъыжьым зэрыщыIэм щхьэкIэ сэ щIыIэми хуабэми сисыркъым. Сэ къызоупщIри, си еплъыкIэр къэзгъэлъагъуэу аращ», — жиIащ Кадыровым.
  • Абы зэрыжиIэмкIэ, ар хущIэкъуркъым зыгуэрым и политикэ еплъыкIэр е гурыщIэхэр ириудыхыну. «Сэ зи гугъу сщIыр Ленин-политикракъым, сызытепсэлъыхьыр хьэдэрщ, нэхъ пэжу жыпIэмэ, илъэсищэ ипэкIэ дунейм ехыжа цIыхум и Iэпкълъэпкъым къыхэнэжарщ. Лениныр мавзолейм зэрыщIалъхьар къэрал лэжьакIуэ хуэдэущ, армыхъумэ партым и пашэукъым. Абы къыхэкIыу СССР-м и Iэтащхьэу щытар щIым щIэлъхьэжауэ, къилэжьа сыныр хуэгъэувын хуейщ. Зы жылагъуэ зэгухьэныгъи е политикэ парти абы пэщIэувэну хуиткъым», — къелъытэ Шэшэным и Iэтащхьэм.
  • «Сталиным и хьэдэ къупщхьэхэм я гугъу пщIымэ, тэмэмыр ахэр Куржым етыжауэ, и Хэкум щыщIегъэлъхьэжынырщ. Куржыр и зы Iыхьэт Сталин Иосиф зи Iэтащхьэу щыта Совет Союзым. Аращи, захуагъэщ икIи къезэгъщ ар щIилъхьэжыну Куржым Iэмал еттмэ.Урысейм и цIыху мелуанхэр хуиту бэуэжынщ Сталиным и псэр ди къэралым икIыжауэ къащIэмэ», — къыхилъхьащ Кадыровым.
  • Хрущёв Никитэ и фэеплъыр гъэувыным теухауэ Кадыровым жиIащ: «Хэт ищIэрэ, Хрущёвым и гъащIэм Iей гуэрхэри щилэжьауэ къыщIэкIынщ, абы куууэ зыщызгъэгъуэзакъым. Сэри куэдым сыщIрагъэгъуэжыну хэтащ абы и фэеплъ Шэшэным зэрыщызгъэувынум папщIэ. ЖаIэрт захуагъэр тепщэ хъун папщIэ абы зыри имыщIауэ, атIэ «нэгъуэщI лъэхъэнэр къэкIуауэ», «дунейпсо зэгухьэныгъэм къытрикъузауэ», нэгъуэщIхэри. Сэ абы арэзы сытехъуэркъым. Хрущёв хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ шэшэнхэмрэ ингушхэмрэ ятеухуауэ захуагъэр зэфIагъэувэжын папщIэ».
  • «Фэеплъ сынхэм ятеухуауэ… Мэзкуу щыIэщ фэеплъ сынхэр гъэувыным и унафэ зыщIхэр. Сэ хьэкъыу спхыкIащ, Урысейм Хрущёв и цIэр щыгъупщэ зэрымыхъунур. Къэрал унафэкIэ къащтэн хуейщ фэеплъ сын хуагъэувыну е къэрал мыхьэнэ зиIэ ухуэныгъэ гуэрым абы и цIэр фIащыну», — къыхигъэщащ Кадыровым.
  • «Интерфакс»
  • хъыбарегъащIэ  IэнатIэ.