ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Лъэпкъ куэд зэгурыIуэныгъэм и утыку

2017-10-21

  • Жэпуэгъуэм и 19-м, «Валдай» дунейпсо клубым я зэIущIэм хэта иужькIэ, УФ-м и Президент Путин Владимир яхуеблэгъат ЩIалэгъуалэмрэ студентхэмрэ я XIX дунейпсо фестивалым хэтхэр щызэхуэса шхапIэхэм ящыщ зым.
  •  
  • Ди къэралым и Iэтащхьэр щIалэгъуалэм епсэлъащ, фестивалыр къазэрыщыхъум щIэупщIащ, ныбжьыщIэхэр зыхуей зэрыхуагъазэм зыщигъэгъуэзащ. Ауэ къызэхуэсахэм Президентыр тыншу яутIыпщакъым, Урысейм и къэрал щIыб политикэм, хамэ къэралхэм зэрадэлэжьэну щIыкIэм теухуа упщIэхэр я куэдт абыхэм. Бразилием къикIахэм ящыщ зы студент Путиным елъэIуащ БРИКС-м хыхьэ къэралхэм я зэдэлэжьэныгъэм пащэну.
  • «Сэ иджыпсту сыкъыздикIыж «Валдай» клубми а Iуэхум теухуа упщIэ къыщызатат. Абы къегъэлъагъуэ дунейпсо политикэмкIэ IэщIагъэлIхэм япэхъун къызэрыфхэтыр. Ахэри егъэгузавэ БРИКС-м и лэжьыгъэр адэкIэ зэрыхъунум. Пытщэну къыдолъэIу. Дэри аращ ди гугъэр. Мы фестивалыр едгъэкIуэкIыну щытедухуэм, мурад нэхъыщхьэу диIар дуней псом щыщ щIалэгъуалэ нэхъ жыджэрхэр зэхуэтшэсынырщ, ахэр зэрыдгъэцIыхунырщ. Ди къэралым, лъэпкъхэм ятеухуа гукъэкIыж дахэхэр я гум къиднэнырщ», — жиIащ Путин Владимир.
  • Я зэIущIэм и кIэухым ныбжьыщIэхэр Президентым елъэIуащ фестивалыр щы-зэхуащIыж махуэм къахуеблэгъэну.
  • ЩIэщыгъуагърэ гъэщIэгъуэныгъэкIэ гъэнщIауэ ныбжьыщIэхэм Сочэ щагъа- кIуэ махуэхэр зыр адрейм йофIэкIыж. Дыгъуасэ щIалэгъуалэм яIущIащ щIыуэпсыр хъумэнымкIэ WWF дунейпсо фондым и унафэщI нэхъыщхьэ Ламбертини Марко. Абы къызэрилъытэмкIэ, цIыхухэр псори зэкъуэту щIыуэпсыр зэрахъумэным, ар зэрырагъэфIэкIуэным елэжьыпхъэщ, ар дэтхэнэми и гъащIэ хабзэу щытыпхъэщ.
  • ЩIалэгъуалэмрэ студентхэмрэ я XIX дунейпсо фестивалым гъуазджэм, щэнхабзэм, спортым, щIэныгъэм, узыншагъэр хъумэным, политикэм, нэгъуэщI унэтIыныгъэ куэдымкIи зэIущIэхэр, мастер-классхэр щрагъэкIуэкI. Дэтхэнэми гъэщIэгъуэн, щIэщыгъуэ щыхъун куэд щигъуэтынущ абы.
  • Къапщтэмэ, къызэгъэпэщакIуэхэм дыгъуасэ зэпеуэ гъэщIэгъуэн къыхалъхьащ. Фестивалым ныбжьэгъу зэрыщызэригъэпэщам теухуа хъыбар нэхъ дахэ зытхым и ныбжьэгъущIэр щыпсэу къэралым зэрыкIуэн путёвкэ къыхуащэхунущ. Зэпеуэр «Инстаграм», «Вконтакте» социальнэ гупхэм щокIуэкI, икIи дэтхэнэми и хъыбарыр и напэкIуэцIым кърелъхьэ, сурэт дэщIыгъуу. АдэкIэ къызэгъэпэщакIуэхэм нэхъыфIу къалъытэр къыхахыжынущ.
  •  
  • Щомахуэ Залинэ.