ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

НыбжьыщIэхэм гулъытэ хуащI

2017-10-05

  •  КъытщIэхъуэ щIэблэр хэкупсэу, Хэкум и къыщхьэщыжакIуэу гъэсэным иужьрей зэманым гулъытэшхуэ хуащI. А унэтIыныгъэм хуэгъэпсауэ къэралым къыщызэрагъэпэща Iуэхугъуэхэм ящыщщ ШколакIуэхэм я «Юнармия» урысейпсо дзэ-хэкупсэ зэщIэхъееныгъэр. Абы ди щIыналъэми зыщиужьащ.
  •  
  • Бахъсэн районым хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт курыт школ №3-м, Куэтэншы ТIалэ и цIэр зезыхьэм, иджыблагъэ щекIуэкIащ а урысейпсо зэгухьэныгъэм къигъэув къалэнхэр щIыпIэм зэрыщегъэкIуэкIыпхъэм теухуа семинар. «ШколакIуэхэм я урысейпсо дзэ-хэкупсэ «Юнармия» зэщIэхъееныгъэр — ныбжьыщIэхэм сыт и лъэныкъуэкIи зезыгъэужь Iуэхугъуэщ» зыфIаща зэхуэсым хэтащ щIыналъэм хиубыдэ школхэм ОБЖ щезыгъэдж IэщIагъэлIхэр, школ унафэщIхэм гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ я къуэдзэхэр, класс нэхъыжьхэм щеджэ ныбжьыщIэхэр.
  • Урысейпсо зэгухьэныгъэм ди щIыналъэм зэрызыщегъэужьыпхъэм теухуауэ доклад купщIафIэ щищIащ егъэджэныгъэмкIэ район IэнатIэм и методист-эксперт Тхьэмокъуэ Лидэ. Абы и къэпсэлъыныгъэм къыхигъэщащ зэхуэсыр щекIуэкI курыт школым а Iуэхур тэмэму зэрыщызэтраублэр икIи псалъэ иритащ а еджапIэм и унафэщIым гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и къуэдзэ Нэгъуей Заремэ. Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI лэжьакIуэ пашэм семинарым кърихьэлIахэр щигъэгъуэзащ «Юнармия» урысейпсо зэщIэхъееныгъэм гъэсэныгъэ и лъэныкъуэ-кIэ иIэ мыхьэнэр зыхуэдэм. Заремэ зэрыжиIамкIэ, школым щылажьэ апхуэдэ ныбжьыщIэ зэгухьэныгъэм езым я штаб яIэжу, зэхуэсхэр ирагъэкIуэкIыу, махуэгъэпсым къыщыгъэлъэгъуа махуэшхуэхэм хэхауэ зыхуагъэхьэзы-ру апхуэдэщ. А псори зытет дискхэр, зэрыт методикэ тхылъ цIыкIухэр хуагуэшащ зэхуэсым кърихьэлIахэм.
  • Iуэхум ехьэлIауэ екIуэкIа псалъэмакъым къыпащэу, семинарым хэтахэр ирагъэблэгъащ ХьэтIохъущыкъуей курыт школ №3-м щылажьэ хэкурыдж музейм. Абы иIэ плIанэпэхэм ящыщу Зауэ щIыхьым и пэшым и къызэгъэпэщыкIэр псоми хуабжьу гунэс ящыхъуащ. КъыкIэлъыкIуэу школым и юнармеец ныбжьыщIэхэм хьэщIэхэм щапхъэу ирагъэлъэгъуащ я штабым и зэIущIэхэм ящыщ зы зэрекIуэкIыр, школакIуэхэр Iэщэм хуэшэрыуэу, екIуу утыкум итыным хуэIэкIуэлъакIуэу зэрыщытри щIыгъуу.
  •  
  • ТАМБИЙ  Линэ.