Лъэпкъым къыпэщыт зи чэзу Iуэхухэм щытопсэлъыхь
2017-09-20
- Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм и зи чэзу илъэс зэIущIэр дыгъуасэ Налшык къалэ щекIуэкIащ.
- Абы хэлэжьыхьащ Тыркум, Сирием, Иорданием, Израилым, Европэм хыхьэ къэралхэм, АР-м, КъБР-м, КъШР-м, Ставрополь, Краснодар крайхэм, Осетие Ищхъэрэ — Аланием щылажьэ Хасэ къудамэхэм я тхьэмадэхэмрэ лIыкIуэхэмрэ. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, Администрацэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщI Къуэжей Артём, КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и къэрал комитетым и унафэщI КIурашын Анзор, ДАХ-м и Нэхъыжьым и советым хэтхэр, нэгъуэщIхэри.
- Хасащхьэм и зэIущIэм щытепсэлъыхьащ лъэпкъым къыпэщыт зи чэзу Iуэхухэм, Сирием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэу къэIэпхъуэжахэм я Iуэху зыIутымрэ абыхэм зэрадэIэпыкъумрэ, Тыркум, Израилым къыщызэрагъэпэща фестивалхэр зэрекIуэкIам, абыхэм Хасэшхуэм и лIыкIуэхэр зэрыхэтам, хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэм я щIэблэр ди республикэм зэрыщыIам, нэгъуэщIхэми.
- Хасащхьэм и зэIущIэр зэрекIуэкIам теухуа тхыгъэ убгъуа ди газетым и къыдэкIыгъуэхэм ящыщ зым тетынущ.
- НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.