Нэгъабэрей бжыгъэхэм щIегъу
2017-07-08
- «КъБР-м и гъэмахуэ хъупIэхэр» къэрал IуэхущIапIэм и унафэщI Абыкъу Мухьэмэд къызэрыджиIамкIэ, Iэщышхуэу, шыуэ, мэлрэ бжэну мини 150-м нэблагъэ мы гъэм Къущхьэхъум щаIыгъщ. Мазэ кIуам гъэшрэ лыуэ къуршым къыщалэжьар нэгъабэ и апхуэдэ лъэхъэнэм яхузэфIэкIам фIыуэ щIегъу.
- Iэщ лIэужьыгъуэ псоми я нэхъыбэр Хьэмащэ хъупIэхэм хуозэ. Бахъсэн, Дзэлыкъуэ, Iуащхьэмахуэ щIыналъэхэм, Бахъсэн къалэ округым я Iэщыхъуэхэр мы зэманым абыхэм жыджэру щолажьэ.
- Хьэмащэ гъэмахуэ хъупIэхэм я штабым и унафэщI Шурдым Борис къызэрыхигъэщамкIэ, жэм къэс хуэзэу махуэм шэ килограмм 13 — 15 къаш, IэщIэвыщIэм лыуэ грамм 700 — 900 ирагъэщI. Нэгъабэ елъытауэ Iэщышхуэу зы минкIэ, мэлрэ бжэну минитхукIэ, шыуэ 650-кIэ нэхъыбэ мы гъэм Хьэмащэ дагъэкIащ. Я пIэм щизэгъа мазэм псори зэхэту гъэшу тонн щихым щIигъу фермэхэм къыщашащ. Ар гъэмахуэ лъэхъэнэм зэрыщIидзэрэ республикэм къыщалэжьам и зэхуэдитIым ноблагъэ. Япэ махуэхэм щегъэжьауэ зэфIэкI къагъэлъагъуэ «Джатэ», «Нэхущ-Н», «Жазаев», «Балаев», «Гебеков» фермер хозяйствэхэм.
- Iэщыхъуэхэм хуэфащэ гулъытэ ягъуэт: я псэупIэхэр зэпэщщ, фермэхэм, унэхэм екIуалIэ гъуэгухэр и чэзум зэрагъэпэщыжащ, зэрылэжьэну щыгъын хэхахэр ирикъуу яIэщ, пщIэншэу ягъашхэ. Медпунктыр зэпымыууэ штабым щолажьэ, Iэщ дохутырхэри мыбэлэрыгъыу Iэщхэм я щытыкIэм кIэлъоплъ.
- Абыкъу Мухьэмэд зэрыжиIамкIэ, Дзэлыкъуэ, Шэджэм, Шэрэдж, Iуащхьэмахуэ щIыналъэхэм я гъэмахуэ хъупIэхэр гектар мин щищым ноблагъэри, фейдэ пылъу, зэгъэзэхуауэ ахэр къызэрагъэсэбэпыным я къарур ирахьэлIэнущ.
- Хьэжыкъарэ Алик.