ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Мыхьэнэшхуэ ират

2017-06-30

  • Сабийхэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэ зэманыр къызыхуэтыншэу къызэгъэпэщыным мы лъэхъэнэм дэнэкIи гулъытэшхуэ щрат. А Iуэхум теухуа лэжьыгъэ щхьэпэхэр щокIуэкI Шэджэм щIыналъэми. АбыкIэ хъыбар дигъэщIащ щIыпIэ администрацэм и пресс-IэнатIэм и лэжьакIуэ КIарэ Элинэ. Мы зэманым абы щылажьэ гъэмахуэ лагерхэм зыщагъэпсэху сабии 100-м щIигъум. Абыхэм я нэхъыбапIэр бынунагъуэшхуэхэм, зыхуей хуэмызэ унагъуэхэм къахэкIащ.
  •  
  • Лагерхэр къыщызэIуахащ Шэджэм къалэм дэт курыт школ №1-мрэ Шэджэм ЕтIуанэ къуажэм дэт курыт школ №3-мрэ. Иджыпсту абы щыIэщ пэщIэдзэ классхэм, курытхэм щеджэ цIыкIухэр. Зыгъэпсэхугъуэ лъэхъэнэр махуэ 21-рэ мэхъури, гъэсакIуэхэр хущIокъу абы щыщ дэтхэнэри купщIафIэу, хьэлэмэту, щIэ гуэр къащIэу сабийхэм зэрагъэкIуэным.
  • Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм хуэкIуэу къызэгъэпэщащ лагерым щекIуэкI лэжьыгъэм и унэтIыныгъэ псори. ЦIыкIухэр къэуат зыщIэлъ ерыскъы зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ ягъашхэ, зыгъэпсэхугъуэ зэманым тещIыхьа планхэм япкъ иткIэ, ари къызыхуэтыншэу къызэрагъэпэщ. Абыхэм къызэщIаубыдэ сабийхэм я нэгу зегъэужьынри, я къэухьым, зэхэщIыкIым хэгъэхъуэнри, эстетикэ, хэкупсэ гупсысэхэм хуэущиинри. НыбжьыщIэхэм драгъэкIуэкI лэжьыгъэхэм ящыщщ гъуэгум шынагъуэншэу тетыным, мафIэс къэмыгъэхъуным, хьэл мыхъумыщIэхэм ахэр щыхъумэным ехьэлIа псалъэмакъхэр ядегъэкIуэкIыныр. Апхуэдэу сабийхэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр къызыхуэтыншэу, шынагъуэншэу къызэгъэпэщынми гулъытэ егъуэт.
  • Щэнхабзэм, гъуазджэм сабийхэр дегъэхьэхынми щолIалIэ лагерхэм. НыбжьыщIэхэр жыджэру хэтщ творческэ гупжьей зэмылIэужьыгъуэхэм, лагерым щекIуэкI концертхэм. Апхуэдэ пщыхь дахэ иджыблагъэ къыщызэрагъэпэщащ Шэджэм ЕтIуанэм дэт курыт школым щылажьэ «Пкъымызагъэ» («Непоседа») сабий лагерым. ЦIыкIухэм ягъэзэщIащ щалъхуа щIыналъэм теухуа уэрэд цIыкIухэр, къэфащ, усэхэм къеджащ.
  • Адэ-анэхэм социальнэу зыщIагъэкъуэн папщIэ Шэджэм районым мэкъуауэгъуэ мазэм щылэжьэнущ сабий гъэсапIэ псори.
  •  
  • ЖЫЛАСЭ  Маритэ.