ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Нэгузыужьу зэманыр ягъакIуэ

2017-06-16

  • Бахъсэн районым и унафэщIхэр ткIийуэ кIэлъоплъ я щIыпIэм щыIэ гъэмахуэ лагерхэр зэрылажьэм. ЩIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэм и япэ къуэдзэм и къалэнхэр зыгъэзащIэ Тохъутэмыщ Мухьэмэд, егъэджэныгъэмкIэ щIыпIэ IэнатIэм и унафэщI Абрэдж Тамарэ, а IэнатIэм и лэжьакIуэ Тхьэмокъуэ Людмилэ сымэ зыхэт къэпщытакIуэ гупыр мы махуэхэм щыIащ сабий зыгъэпсэхупIэхэм икIи ахэр зэрылажьэм кIэлъыплъащ.
  •  
  • КъэпщытакIуэхэм гулъытэ хэха зыхуащIахэм ящыщщ сабийхэр щыпсэу пэшхэм я щытыкIэмрэ ахэр зэрагъашхэмрэ. Апхуэдэу ахэр хэплъащ зыгъэпсэхуакIуэ щыIэ цIыкIухэм я нэгу зэрызрагъэужь, спортымрэ физкультурэмрэ дегъэхьэхыным хуэщIа программэхэм.
  • НаIуэ зэрыхъуамкIэ, сабийхэр хъарзынэу ягъашхэ. Лым къыхэщIыкIа шхыныгъуэхэм къадэкIуэу абыхэм ират пхъэщхьэмыщхьэ, хадэхэкI зэмылIэужьыгъуэ-хэр. Апхуэдэу тэмэму йокIуэкI сабийхэм я зыгъэпсэхугъуэ зэманри. Абыхэм папщIэ гъэсакIуэхэм къызэрагъэпэщ концерт хьэлэмэтхэр, спорт зэхьэзэхуэ, зэпеуэ, джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэхэр. КъищынэмыщIауэ, сабийхэм папщIэ мэлажьэ творческэ гупжьей зыбжанэ. Абыхэм ныбжьыщIэхэм къыщызэкъуах ябгъэдэлъ зэфIэкIхэр. ЖыпIэнурамэ, сабийхэм зэманыр ягъакIуэ дэрэжэгъуэрэ гукъыдэжрэ яIэу.
  • НыбжьыщIэхэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынми гулъытэшхуэ щегъуэт гъэмахуэ лагерхэм. Ахэр я нэIэм щIэтщ КъБР-м МафIэс къэмыгъэхъуным-кIэ къэрал къулыкъущIа-пIэм и IэщIагъэлIхэм. Сабийхэр псори щыгъуазэ хуащIащ абы и лъэныкъуэкIэ гъэзэщIэн хуей хабзэхэм.
  • Бахъсэнёнкэ, ХьэтIохъущыкъуей жылэхэм ящыщ сабий 90-м мы зэманым зыщагъэпсэху Бахъсэн районым щылажьэ гъэмахуэ лагерхэм. Абыхэм псалъэ гуапэкIэ зыхуагъэзащ къэпщытакIуэ гупым хэт-хэм икIи ехъуэхъуащ лагерым зэрыщыIэ зэманыр купщIафIэу, хьэлэмэту, бэIутIэIуншэу ирахьэкIыну, узыншэу, гукъыдэж яIэу я унэхэм екIуэлIэжыну.
  •  
  • ТАМБИЙ Линэ.