ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

2017-05-18

  • Къамыгъэсэбэпыну пIэрэ  Iэщэ?
  •  Донецкэ, Луганскэ цIыхубэ республикэхэр Украинэм хагъэхьэжыну афIэ-кIа емыныкъуэкъуну, абы щыгъуэми Iэщэ къамыгъэсэбэпыну зэрамурадыр жиIащ Украинэм зыхъумэжыныгъэмкIэ и министр Полторак Степан.
  •  
  • Апхуэдэу министрым къыхигъэщащ «Deutsche Welle» нэмыцэ телеканалым интервью щритым. Политикэ, юридическэ Iэмалхэр къагъэсэбэпурэ Донбассыр я къэралым щыщ зэращIыжыфынуми шэч къытрихьэркъым абы.
  • «Луганскрэ Донецкрэ я щIыналъэхэр Iэщэ къэдгъэсэбэпу зыхэдгъэхьэжыным и гугъу тщIыххэркъым дэ. Сыту жыпIэмэ, шэч къытетхьэркъым ахэр Украинэм щыщ республикэхэу зэрыщытым», — жиIащ Полторак.
  • Политологхэм абы падзыжын я мащIэтэкъыми, зэуэ упщIэхэр трагъэлъалъэу хуежьащ. «Ахэр фи щIыналъэмэ, абы щыпсэухэр фи цIыхуу къэфлъытэмэ, 2014 гъэм и мэлыжьыхь лъандэрэ абыхэм фыщIезауэр, щIызэтевукIэр, я унэхэр щIызэтефкъутэр сыт?!» «Хьэмэрэ ифI зыкъифшэжмэ, фи Iуэху нэхъ къикIыну къэфлъыта-уэ ара Украинэм и унафэщIхэм, е а лъэбакъуэм зыгуэрым фыхуигъэIуща?» — апхуэдэ псалъэхэр хуагъэхь зыхъумэжыныгъэмкIэ министрым.
  •  
  • НасыпыфIэу ущытыну ухуеймэ…
  •  
  • Сыт цIыхур насыпыфIэ зыщIыр? Дунейр къызэриухуэрэ жэуап зымыгъуэт упщIэу къыщIэкIынущ ар, сыту жыпIэмэ насыпыр цIыхухэм зыхалъагъуэр зэтехуэркъым.
  •  
  • Псалъэм папщIэ, зым и дежкIэ насыпышхуэщ мелардырыбжэ хъуныр, нэгъуэщIым Iуащхьэмахуэ и щыгум къыщыхутэныр зыпищI фIыгъуэ щыIэкъым. Америкэм щыщ щIэныгъэлIхэм илъэсибл зэкIэлъыкIуэкIэ ирагъэкIуэкIащ цIыхум насыпыфIэу зыкъыщилъытэжыр зэхэгъэкIыным хуэгъэза къэпщытэныгъэхэр.
  • Гарвард дэт университетым и щIэныгъэлIхэм Инджылызым щыщ я лэжьэгъухэри къадэIэпыкъуурэ ирагъэкIуэкIа экспериментхэм наIуэ къызэращIащи, цIыхум насыпыфIэу зыкъилъытэжын икIи а гурыщIэр нэхъыбэIуэрэ ихъумэн папщIэ зыплъыхьакIуэ нэхъ щIэх-щIэхыурэ кIуэн хуейщ. Абы щыгъуэми мыхьэнэшхуэ иIэкъым цIыхум и нэгу зыщригъэужьыну щIыпIэм —  ар Iэмал имыIэу нэгъуэщI къэралу е цIыхулъэ зытемыувауэ щытын хуейкъым. НэгъуэщI къалэ е имылъэгъуа ауз гуэрым къыщыхутэми ирикъунущ — цIыхур зэса, махуэ къэс зыхэт зэрызехьэм, щытыкIэм хэкIын хуейуэ аркъудейщ!