ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

2017-04-25

  • Накъыгъэм и 7-рщ щызэхэкIынур
  • Мэлыжьыхьым и 23-м Франджым щызэхэтащ президент хэхыныгъэхэр. А къулыкъум увыну зыкъэзыгъэлъэгъуахэм ящыщу цIыхуитIщ хэхыныгъэхэм я етIуанэ Iыхьэм хэтынур. Дыгъуасэ наIуэ къэхъуащ ахэр хэт сымэми.
  • Iэ нэхъыбэ дыдэ зыхуаIэтар «ЯпэкIэ!» зэщIэхъееныгъэм щыщ Макрон Эммануэльщ. Франджым къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, абы и телъхьэщ Iэ зыIэтахэм я процент 23,75-р. ЕтIуанэ увыпIэр къихьащ «Лъэпкъ фронтым» и пашэ Ле Пен Марин. Я дзыхь абы езыгъэзахэри мащIэкъым — хэхакIуэхэм я процент 21,53-рэ мэхъу.
  • Накъыгъэм и 7-рщ щызэхэкIынур Франджым и президент хъунур хэтми. Макрон Эммануэльрэ Ле Пен Маринрэ я дежкIэ бэнэныгъэм щыщIидзэр иджыуэ къалъытэ политологхэм. Абы щытекIуэм и Iуэху еплъыкIэм елъытауэ щытынущ Франджым и къэкIуэнур зыхуэдэнур. Иджыпсту къэралым щыпсэу куэд арэзыкъым я деж щекIуэкI политикэмкIэ. А псори Iуэхум къыхалъытэ президент къулыкъум адэкIи щIэбэнынухэм.
  •  
  • Нэхъ мащIэ мэхъу
  • ЦIыхухэм я зыгъэпсэхугъуэ зэманыр нэгузыужьу ягъэкIуэныр къызэзыгъэпэщ IуэхущIапIэхэмрэ авиакомпаниехэмрэ Мысырымрэ Тыркум-
  • рэ хагъэхьакъым нэхъыбэу зыдэлэжьэну къэралхэм. И щхьэусыгъуэри а щIыпIэхэм зыщызыплъыхьыну щIэхъуэпсхэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ зэрыхъуарщ.
  • Мы гъэм туроператорхэм цIыхухэм нэхъыбэу хуагъэлъагъуэр Кипрым, Италием, Алыджым, Болгарием я зыгъэпсэхупIэхэрщ. Илъэс блэкIахэм Тыркумрэ Мысырымрэ щыIахэм я зэхуэдитIым нэхърэ тIэкIукIэ нэхъыбэ яхуэкIуэну арауэ къалъытэ а бизнесым зи нэIэ тетхэм.