«Питер, дэ дыпщIыгъущ!»
2017-04-11
- Налшык къалэм дэт Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм и гупэм деж мэлыжьыхьым и 8-м пэкIу щекIуэкIащ, Санкт-Петербург къыщыхъуа гузэвэгъуэм хэкIуэдахэм яхуэщыгъуэу. Абы къекIуэлIахэм яIыгът «Терроризм щремыIэ!» псалъэхэр зытет тхылъымпIэшхуэхэр. «Питер, дэ дыпщIыгъущ!» зыфIаща фэеплъ пэкIур къызэрагъэпэщат Налшык къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и жэрдэмкIэ.
-
- ПэкIум и пэщIэдзэм жаIащ Санкт-Петербург къыщыхъуам цIыху 14 зэрыхэкIуэдар, 50-м щIигъу уIэгъэ зэрыхъуар. Санкт-Петербург къалэм дэсхэм къищынэмыщIа, абыхэм яхэтащ щIыналъэ 17-м, къэралищым я цIыхухэр.
- Зэхыхьэм цIыху куэд къыщыпсэлъащ. Абыхэм ящыщт Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. Абы жиIащ: «Мыпхуэдэ пэкIухэр щIрагъэкIуэкIыр мыхъумыщIагъэм дыпэщIэтын, дунейр мамырыным дыхущIэкъун папщIэщ. Санкт-Петербург къыщыхъуа гузэвэгъуэм иримынэщхъея щыIэкъым. Шэч хэмылъу, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэми ди гум щIыхьащ терроризм щIэпхъаджагъэм лажьэ зимыIэ цIыхухэр зэрыхэкIуэдар. Нобэ дызэкъуэувэу къэдгъэлъэгъуэн хуейщ, зыми емылъытауэ, сыт щыгъуи дахагъэм, гуапагъэм, мамырыгъэм дызэрыщIэбэнынур. Пэжщ, сыт хуэдэ зэманми щыIащ зауэхэр. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, иджыпстуи лъыр щагъажэ къэрал зыбжанэм. Лей зезыхьэхэм ящIэркъым къызыхэкIа унагъуэм, лъэпкъым, къыщыхъуа я Хэкум я напэр зэрытрахыр. Зэуэ ахэр къытхуэмыгъэувыIэми, ялъагъунщ цIыхубэр мамырыгъэм, зэкъуэтыныгъэм дызэрителъхьэр».
- «Алан» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и советым и гъэзэщIакIуэ комитетым и унафэщIым и япэ къуэдзэ Караев Расул жиIащ терроризм щIэпхъаджагъэ зылэжьыр нэхъыбэрэ щIалэгъуалэм зэращыщыр къалъытэу, щIэблэр хэкупсэу гъэсэным гулъытэ хэха хуащIын зэрыхуейр.
- КъБР-м ис цIыхубзхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм хэт, «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ Къаныкъуэ Заринэ жиIащ: «КъБР-м ис цIыхубзхэм я зэгухьэныгъэм хэтхэм къабгъэдэкIыу сахуэгузэвэну сыхуейт Санкт-Петербург къыщыхъуа гузэвэгъуэм хэкIуэдахэм я Iыхьлыхэм. Къапщтэмэ, цIыху яукIыныр уи акъылым къыпхуиубыдыркъым. Апхуэдэ хъыбар къыщытIэрыхьэкIэ, дауи, ди гур хегъэщI. Нэхъыщхьэращи, ар уи гъунэгъуу, уи къэралым къыщыхъуауэ щызэ-хэпхкIэ, щхьэхуимыту уегупсысын щIыбодзэ абы узэрыпэщIэтыфыну Iэмалым. Куэдым жаIэнкIэ хъунщ мы Iуэхум IэщэкIэ фIэкIа упэмылъэщыну. АрщхьэкIэ жысIэну сыхуейт, Iэщэм я нэхъ лъэщыр гъэсэныгъэр зэрыарар. Ди лъэпкъхэм ижь-ижьыж лъандэрэ гулъытэшхуэ хуащIу щытащ унагъуэм илъын хуей хабзэм, шыIэныгъэ, гущIэгъу зыхэлъ, цIыху Iэдэб гъэсэным. А хабзэхэм щIэблэр щIэтпIыкIтэмэ, мыхъумыщIагъэ ягу къэкIынтэкъым. ФщIэж къыщIэкIынщ иджыблагъэ Москва къалэм къыщыхъуа зы Iуэху: лъэмыжым ехуэха машинэм ис цIыхубзыр къригъэлащ ди республикэм щыщ щIалэм. Апхуэдэ щапхъэхэр гъунэжу зэрыщыIэр си фIэщ мэхъу. Ар щIыжысIэращи, апхуэдэ щIалэгъуалэ дызэриIэри зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым. Дахагъэрэ гуапагъэкIэщ Iейм дызэрыпэщIэтыфынур».
- — Мэлыжьыхьым и 3-м и ужь махуэхэм псори зыт дызэгупсысыр: «Апхуэдэ щхьэ къэхъуххэн хуей?». Республикэм щыпсэу куэдым етIуанэ махуэм зыкъытхуагъэзащ, Санкт-Петербург къалэм дэсхэм я гузэвэгъуэр дэри зэрызыхэтщIэр едгъэлъагъуну, хэкIуэдахэм удз гъэгъахэр яхуэдгъэтIылъыну сыт хуэдэ щIыпIэ декIуалIэ хъуну, жаIэу. Абы къикIращи, ди цIыхухэр хьэзырщ нэгъуэщIым я нэщхъеягъуэр дагуэшыну, — жиIащ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хэт, «Полиграфсервис и Д» тхылъ тедзапIэм и унафэщI Котляровэ Марие.
- Налшык къалэ дэт курыт школ №2-м и егъэджакIуэ Къэшэж Аслъэн жиIащ: «ЦIыхубэм я пщIэр езыгъэхуэх сыт хуэдэ Iуэхугъуэми ди къару псор етхьэлIэу къэдгъэувыIэн хуейуэ къызолъытэ. ЗэрыжаIащи, гузэвэгъуэр къыщызэднэкIыфынур ди къарур зэщIэдгъэуIуэмэщ. ЩIэблэращ ди къэкIуэнур, абы къыхэкIыу егъэджакIуэхэми ди пщэм жэуаплыныгъэшхуэ къыдохуэ. ЕгъэджэныгъэкIи гъэсэныгъэкIи япэ дитын хуейщ, спортымрэ щэнхабзэмрэ ныбжьыщIэхэр хузэщIэгъэуIуэн хуейщ».
- ПэкIум къыщыпсэлъащ Урыс щэнхабзэмрэ тхыдэмкIэ «Вече» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Канунников Анатолий, КъБР-м ис муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Сыжажэ Алим, КъБР-м дэт православнэ члисэхэм я благочиннэ Бобылёв Валентин, «Эльбрусоид» фондым и унафэщI Анаев Марат, КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм и унафэщI Къэгъуэтыж Ахьмэд, нэгъуэщIхэри.
- БАГЪЭТЫР Луизэ.
- Сурэтхэр Елъкъэн Артур трихащ.