Щэнхабзэ IэнатIэм теухуауэ
2017-03-23
- КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и еханэ зэхуэсыр теухуауэ щытащ республикэм и щэнхабзэ IэнатIэм щытыкIэмрэ ар ефIэкIуэн папщIэ щIапхъэхэмрэ. КъаIэта Iуэхумрэ нобэ республикэм щекIуэкI лэжьыгъэмрэ убгъуауэ тепсэлъыхьащ Жылагъуэ палатэм и унафэщIым и къуэдзэ, «Заман» газетым и редактор нэхъыщхьэ Аттаев Жэмал, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, КъБР-м и Парламентым ЩэнхабзэмкIэ, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмрэ зегъэужьынымкIэ и комитетым и унафэщI Пащты Борис сымэ.
- Къэпсэлъахэм я гугъу ящIащ щэнхабзэ IэнатIэм щыщыIэ гугъуехьхэмрэ ахэр гъэзэкIуэжа хъунымкIэ щIапхъэхэмрэ.
- Министрым къыхигъэщащ тхыдэ, щэнхабзэ мыхьэнэ зиIэ хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэным, библиотекэхэм я Iуэхур дэгъэкIыным, музейхэр, гъуазджэм и IуэхущIа-
- пIэхэр, кинематографие IэнатIэр, нэгъуэщIхэри зыхуей хуэзэу лэжьэн папщIэ республикэм абыхэм мылъку хъарзынэ зэрахухихар, апхуэдэуи щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэхэр гъэлъэпIэнымкIэ, абы ехьэлIа зэхыхьэхэр егъэкIуэкIынымкIэ мылъкукIэ сэбэп зэрыхъур.
- Къызэхуэсахэр зытепсэлъыхьахэм ятеухуауэ КъБР-м и Парламентым, Правительствэм, мы Iуэхум епха министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ зэрызыхуагъазэхэр хуагъэхьыну зэгурыIуахэщ.
- ЗэIущIэм щыхахащ Жылагъуэ палатэм и комиссэхэм я унафэщIу тIу. Щэнхабзэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ комиссэм и тхьэмадэ хъуащ «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Экологиемрэ мэкъумэш IуэхумкIэ комиссэм — КъБКъМУ-м и лэжьакIуэ Уянаев Борис.
- Чэрты Ольгэ.