ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Хасэ тхьэмадэхэр Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэм ирегъэблагъэ

2017-01-31

  • АР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэ КъумпIыл Мурат Адыгэ Республикэм и Правительствэм и Унэм щахуэзащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Шэрджэс Хасэм и тхьэмадэ Аслъэн Алий, Адыгей Хасэм и тхьэмадэ ЛIымыщокъуэ Рэмэзан, хы ФIыцIэ Iуфэм Iус шапсыгъхэм я Хасэм щIыхь зиIэ и унафэщI ТIэш Мурдин,  Шапсыгъ Хасэм и тхьэмадэ КIэкIыхъу Мэжид сымэ. ЗэIущIэм кърихьэлIащ УФ-м и Жылагъуэ палатэм хэт, адыгэ тхакIуэ цIэрыIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ, АР-м Лъэпкъ IуэхухэмкIэ, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмрэ ди лъэпкъхэгъухэм запыщIэнымкIэ и къэрал комитетым и унафэщI Щхьэлахъуэ Аскэр сымэ.
  • КъумпIылым хьэщIэхэм фIыщIэ яхуищIащ Адыгэ Хасэм и ХIX Къэпщытэныгъэ-хэхыныгъэ съездым зэрыхэтынум папщIэ.
  • — Граждан жылагъуэм зегъэужьынымкIэ, лъэпкъ зэхущытыкIэр егъэфIэкIуэнымкIэ фэ куэдкIэ дыфщогугъ, — жиIащ КъумпIыл Мурат. – Дэ псоми ди пащхьэ къитыр ди зэхуэдэ къалэнхэрщ. Жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм хуэдэу къэрал властри иропIейтей хамэ къэралхэм щызэбгрыпхъа ди лъэпкъэгъухэм я Iуэхум, лъэпкъ щэнхабзэм, бзэм зегъэужьыным. Ауэ быдэу къыдгурыIуэн хуейщ ди лъэпкъ Iуэхур зетхуэжкIэрэ адрейхэми я гъуэгу зэпыдупщI зэрымыхъунур. Абы ипкъ иткIэ, мамырыгъэмрэ зэпIэзэрытыныгъэмрэ хъумэныр псом япэ идгъэщыпхъэщ, хэгъуэгум и социально-экономикэ зыужьыныгъэм лъабжьэ хуэхъур аращи. 
  •  ХьэщIэхэр КъумпIылым ехъуэхъуащ жэуаплыныгъэ ин зыпылъ къулыкъум зэрытрагъэувам папщIэ икIи ехъулIэныгъэ куэд иIэну зэрагуапэр жаIащ.
  • — Адыгейм къыщыхъу-къыщыщIэхэмрэ и Iуэху зэрыдэкIымрэ мыхьэнэшхуэ щиIэщ адыгэ дунейм, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, мыр псом я дежкIи хэкущ, — жиIащ Сэхъурокъуэм. — КъыдгурыIуэн  хуейщ дэ тщыщ дэтхэнэ зыри зыпэрыт къулыкъум елъытауэ къэралым и зыужьыныгъэм зэрыхуэлэжьапхъэр. Языныкъуэ къарухэм ди лъэпкъ Iуэхур щхьэхуещагъэкIэ къагъэсэбэпыну иужь итщ. Ауэ зэи къаймыхъулIэнщ апхуэдиз Iущагъ зыбгъэдэлъ лъэпкъыр тIу иращIыкIыныр. Ди къэралым къыщыддэпсэу адрей лъэпкъхэми я жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр ди гъусэу лъэпкъ зэгурыIуэныгъэм дыхуэлэжьэнущ.
  • Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм къыхигъэщащ Адыгей Хасэм и унафэщIу хахынухэр лъэпкъыр къызэщIагъэуIуэфыну, зэкъуэтыныгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ къызэрагъэпэщыфыну къызэрилъытэр.
  • ЗэIущIэм и кIэухым КъумпIыл Мурат хьэщIэхэм яритащ Адыгэ Республикэр  илъэс 25-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ ирагъэщIа медалыр.
  • Къэбарт Мирэ.