2017-01-24
- ЦIыхухэм нэхъ къащтэм тращIыхьмэ
- Иужьрей зэманым ди къэралым и цIыхухэм нэхъыбэрэ зи гугъу ящIхэм ящыщщ лэжьакIуэр пенсэ щыкIуэ ныбжьым теухуа псалъэмакъхэр. Ар икIи гурыIуэгъуэщ: цIыхухэр хуейкъым и чэзум пенсэ хуамыгъэувыну.
- ЗэрытщIэщи, иджыпсту цIыхубзыр илъэс 55-рэ, цIыхухъур илъэс 60 ирикъуа нэужь ягъакIуэу аращ пенсэм. Ауэ а пIалъэхэр гъэIэпхъуэн хуейуэ къалъытэ къэрал къулыкъущIэ куэдым. Нэхъ хэкъузауэ абы тезыгъэчыныхьыр УФ-м Стратегие къэхутэныгъэхэмкIэ и центрым и унафэщI Кудрин Алексейщ. Абы и щхьэусыгъуэу къигъэлъагъуэми лъаб-жьэ иIэ хуэдэщ: лэжьакIуэхэмрэ пенсионерхэмрэ я бжыгъэхэр зэрызэхущытырщ. «ЛэжьакIуэхэр мащIэрэ пенсэ зэптын хуейхэр куэд хъумэ, къэрал «бохъшэр» нэщI мэхъу», — жиIащ абы.
- Кудриным къызэрилъытэмкIэ, ди къэралым цIыхубзыр илъэс 63-рэ, цIыхухъур илъэс 65-рэ ирикъуа нэужь пенсэ кIуэмэ нэхъ тэмэмщ ди экономикэм и дежкIэ. А бжыгъэхэр езым и еплъыкIэ къудейуэ зэрыщытри къыхигъэщащ абы иджыблагъэ икIи пенсэ щагъакIуэ ныбжьыр ягъэIэпхъуэн-ямыгъэIэпхъуэным и унафэр щащIкIэ Iуэхур зытращIыхьынур цIыхухэм нэхъ яфIэтэмэмырщ.
- Мелард, 38-м нос
- Дызэрыщыгъуазэщи, Китайр ящыщщ цIыху нэхъыбэ дыдэ щыпсэу къэралхэм. 2016 гъэм къриубыдэу абы и цIыхухэм я бжыгъэр мелуанийкIэ нэхъыбэ хъуащ икIи мелард 1,38-м нэсащ.
- Дызэрыт илъэсми къэралым и цIыхухэм мелуани 7,3-рэ къахэхъуэну къалъытэ экспертхэм. КъимыдэкIэ, Китайм щылэжьэну къакIуэхэр нэхъыбэ, къэралым икIхэр нэхъ мащIэ хъунущ. IэнатIэ щхьэкIэ къахуэкIуэхэм я бжыгъэр цIыху мин 40 хъуну тращIыхь.