2017-01-11
- ЦIыху мини 100-м зыщагъэпсэхуащ
- Адыгей.ИлъэсыщIэ махуэхэм Адыгейм зыщагъэпсэхуащ зыплъыхьакIуэ мини 100-м нэблагъэм.
- Адыгейм туризмэмрэ курортхэмкIэ и комитетым и IэщIагъэлI-эксперт нэхъыщхьэ ЩауэцIыкIу Мурат зэрыжиIамкIэ, дыгъэгъазэм и 20-м къыщыщIэдзауэ щIышылэм и 10 пщIондэ республикэм турист мини 100-м зыщагъэпсэхуащ, Ростов къалэм, Ставрополь, Краснодар крайхэм, Мэзкуу, Санкт-Петербург къикIауэ.
- Мэкъумэш кооперативхэм зрагъэужь
- Къэрэшей-Шэрджэс.Республикэм гулъытэ хэха щыхуащI мэкъумэш IэнатIэм. Дызыхыхьа 2017 гъэм КъШР-м и щIыналъэм мэкъумэш кооператив 16 къыщызэрагъэпэщыну я мурадщ.
- Республикэм мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Эркенов Исмэхьил зэрыжиIамкIэ, мэкъумэш кооперативхэр щхьэпэнущ мэкъумэшыщIэхэм кърахьэлIэхэр яфIэмыкIуэду, уаси иIэу ящэнымкIэ. Абы къызэрыхигъэщамкIэ, кооперативхэр къызэгъэпэщыным, зегъэужьыным къэралым гулъытэ хуещI. 2017 гъэм республикэм и район псоми мэкъумэш кооператив 16 къыщызэрагъэпэщыну я мурадщи, ахэр зэфIэувэным трагъэкIуэдэнущ сом мелуан 50.
- УЭРДОКЪУЭ Женя.