АфэщIагъуэ Михаил КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэщ
2016-12-22
- Дыгъэгъазэм и 20-м хабзэгъэув IуэхущIапIэм и зи чэзу зэIущIэм КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэу депутатхэм зэдэарэзыуэ АфэщIагъуэ Михаил щыхахащ.
- Гу зылъытапхъэ: АфэщIагъуэ М. Хь.- «Урысей зэкъуэт» Урысейпсо политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм къыбгъэдэкIыу КъБР-м и Парламентым и депутатщ.
- 1959 гъэм КъБР-м хыхьэ Тырныауз къалэм къыщалъхуащ, щIэныгъэ нэхъыщхьэ иIэщ, инженер-ухуакIуэщ, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетымрэ къалэ хозяйствэм и лэжьакIуэхэм я Iэзагъэм щыхагъахъуэу Ленинград дэт институтымрэ къиухащ.
- 1981-1983 гъэхэм «Къэббалъкъпромстрой» трестым и Налшык ДСК-м и инженерщ. 1983 гъэм къыщыщIэдзауэ 1985 гъэ пщIондэ «Къалэзеленхоз» хозрасчёт участкэм и мастерщ, Налшык къ.
- 1985 — 1986 гъэхэм Налшык къалэм коммунальнэ хозяйствэмкIэ и управленэм и профсоюз комитет зэгуэтым и унафэщIщ. 1985 гъэм щегъэжьауэ 1988 гъэ пщIондэ Налшык и «Къалэзеленхоз» трестым и инженер нэхъыщхьэщ. 1988 — 1990 гъэхэм Налшык къалэм и ЖКХ МПО зэгухьэныгъэм и Iэтащхьэщ. 1990-1992 гъэхэм Налшык къалэм псэупIэ хозяйствэмкIэ и производственнэ управленэм и унафэщIщ. 1992 гъэм къыщыщIэдзауэ 1996 гъэм нэсыху КъБР-м и ЖКХ ТПО-м и инженер нэхъыщхьэщ, КъБР-м псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и минист- рым и къуэдзэщ.
- 1996 — 2005 гъэхэм КъБР-м ухуэныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэщ-капитальнэ ухуэныгъэмкIэ управленэм и унафэщIщ, КъБР-м ухуэныгъэмрэ ЖКХ-мкIэ и министрым и къуэдзэщ — псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ управленэм и Iэтащхьэщ. 2005 гъэм КъБР-м Ухуэныгъэмрэ ЖКХ-мкIэ и министерствэм псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и агентствэм и унафэщIщ. 2006 гъэм КъБР-м и Къэзыпщытэ-къэзыбж палатэм и аудиторщ. 2006 гъэм щегъэжьауэ 2010 гъэ пщIондэ КъБР-м ухуэныгъэмрэ архитектурэмкIэ и министрщ. 2010-2014 гъэхэм КъБР-м и къэзыпщытэ-къэзыбж палатэм и унафэщIым и къуэдзэщ. 2014 гъэм и фокIадэм къыщыщIэдзауэ нобэр къэсыху КъБР-м и Парламентым БюджетымкIэ, налогхэмрэ финансхэмкIэ и комитетым и Iэтащхьэщ.
- «Урысей Федерацэм пщIэ зиIэ и ухуакIуэ», «Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и ухуакIуэ» цIэ лъапIэхэр иIэщ. УФ-м и Къэзыбж палатэм, КъБР-м и Правительствэм, министерствэ, IуэхущIапIэ, зэмылIэужьыгъуэхэм я щIыхь тхылъхэр къыхуагъэфэщащ.
- КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.