КIыщ Мухьэдин и чэнджэщхэр
2016-12-14
- «Акрополь» нэгузегъэужь IуэхущIапIэм щагъэлъагъуэ КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI КIыщ Мухьэдин и лэжьыгъэхэр.
- ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ и колледжым дизайнымкIэ и факультетым и студентхэм КIыщ Мухьэдин яхутепсэлъыхьащ утыку кърихьа и сурэтхэр зыхыхьэ жанрым, лэжьыгъэхэм лъабжьэ яхуэхъуамрэ абыхэм къыщыгъэлъэгъуамрэ. Апхуэдэу студентхэм сурэт щIыным и щэхухэм теухуауэ къата упщIэхэм КIыщым жэуап иритащ икIи лэжьыгъэхэр нэхъыбэрэ хъума зэрыхъунум теухуауэ къигъэсэбэп IэмалхэмкIэ ядэгуэшащ, чэнджэщ щхьэпэхэр яритащ.
- КIыщым и менеджер икIи и щхьэгъусэ Мосс Жаклин къыхигъэщащ натюрмортхэр, удз гъэгъахэр куэду къызэрыщ сурэтхэр Мухьэдин гъэмахуэм Испанием егугъуу зэрыщищIар, и гумрэ и псэмрэ ящыщ Iыхьэхэр а лэжьыгъэхэм зэрыхэлъыр.
- Студентхэм гъэщIэгъуэн ящыхъуащ зи хъэтI зиIэж сурэтыщI цIэрыIуэм и лэжьыгъэхэмрэ абыхэм я тхыдэмрэ. НыбжьыщIэхэм щIэщыгъуэ ящыхъуащ Испанием кактус лIэужьыгъуэу миным щIигъу къызэрыщыкIыр, илъэсым къриубыдэу зэ фIэкIа къэмыгъагъи абыхэм зэрахэтыр.
- Жаклин выставкэм кърихьэлIахэм кIэщIу яхутепсэлъыхьащ КIыщ Мухьэдин илъэс 75-рэ зэрырикъуам и щIыхькIэ абы и творчествэм дуней-псо гъуазджэм щиубыд увыпIэм теухуауэ ягъэхьэзыра «Лъагъуныгъэм и гъуазджэ» монографиер иджыблагъэ Урысейм ХудожествэхэмкIэ и академием утыку къызэрыщрахьам. Ар и Iэдакъэ къыщIэкIащ философие щIэныгъэхэм я кандидат, ХудожествэхэмкIэ академием и щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и лэжьакIуэ пажэхэм ящыщ Ступин Сергей.
- — Зи теплъэр гъэщIэрэщIа тхылъыр урысыбзэрэ инджылызыбзэкIэ къыдэкIащ. Ступин Сергей кърихьэлIахэм яхутепсэлъыхьащ ар зэригъэхьэзырам. Пшыхьым щIэныгъэлIхэр, художникхэр, КIыщым и сурэтхэм дихьэххэр къыщыпсэлъащ. Абы ирихьэлIэу Мухьэдин и лэжьыгъэ зыбжани ягъэлъэгъуащ, — яжриIащ къызэхуэсахэм Жаклин.
- Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ колледжым и студентхэм декоративно-прикладной гъуазджэм хыхьэ я лэжьыгъэхэр утыку кърахьащ. Ахэр траухуат щIыуэпсыр хъумэным, къалэм и теплъэр егъэфIэкIуэным. СурэтыщI цIэрыIуэмрэ Мосс Жаклинрэ жаIащ ныбжьыщIэхэм я зэфIэкIым хагъэхъуэну зэрагуапэр, я лэжьыгъэ щхьэпэхэр ягу зэрыдыхьар.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.
- Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.