ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Илъэсибл къэс зы машинэщIэ

2016-12-06

  • УФ-м Социальнэ страхованэмкIэ и фондым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм иджыблагъэ зэIущIэ гуапэ щекIуэкIащ. IуэхущIапIэм щылажьэхэм IэнатIэ Iуту ныкъуэдыкъуагъэ зыгъуэта цIыху 16-м «Лада Гранта» автомобилыщIэхэм я IункIыбзэIуххэр гуфIэгъуэ щыкIэм иту щратащ.
  •  
  • ЩIыналъэ къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ Ло-бач Андрей зэрыжиIамкIэ, машинэ зыкъизыххэр зылъысыпхъэхэр щызэхагъэкIым, фондым и лэжьакIуэхэм къалъытащ ныкъуэдыкъуэ хъуахэм щхьэж игъуэта дертыр зыхуэдэри, медико-социальнэ экспертизэм и бюром абыхэм яхуигъэхьэзырам ярытри.
  • — Нобэ къедгъэблэгъахэм тыгъэ папщIэу яхуэдгуэша автомобилхэр тыншу къызэрырахуэкIыфынум хуэдэу, щхьэж и Iэпкълъэпкъыр зыхущыщIэм теухуауэ, IэщIагъэлIхэм тредгъэухуащ. «Лада Гранта» зылъысахэм ахэр илъэси 7-кIэ кърахуэ-кIа иужькIэ хуитыныгъэ  яIэщ ди IуэхущIапIэм къекIуалIэу, жьы хъуахэм я пIэкIэ автомобилыщIэхэм зэрыхуэныкъуэм теухуауэ тхылъыщIэхэр щызэрагъэ-
  • пэщыну. КъищынэмыщIауэ, нобэ тыгъэ яхуэтщI машинэхэр илъэси 7-м къриубыдэу зэ нэхъ мыхъуми къызыхуэтыншэу яхузэдгъэпэщыжынри, дагъэр зэхъуэкIыным трагъэкIуадэ ахъшэр яхуэпшынынри, уеблэмэ бензин уасэр къызытехьэлъэхэм абыкIэ ядэIэпыкъунри фондым и щIыналъэ къудамэм и пщэ делъхьэж. IэнатIэ зэмылIэу-
  • жьыгъуэхэм фэбжь щызыгъуэтахэм ди IуэхущIапIэм нэгъуэщI Iуэхутхьэбзэхэм-кIи защIегъакъуэ. Псалъэм папщIэ, страховой ахъшэхэр  зэ тыгъуэу е мазэ къэс тегуэшауэ яIэрыдогъэхьэ,  я узыншагъэр зэрызэтрагъэувэж хущхъуэхэмрэ медицинэ Iэмэпсымэхэмрэ я уасэхэр яхудот, зыгъэпсэхуакIуэ зэрыкIуэ путёвкэхэр къахудыдох, — къыхигъэщхьэхукIащ Лобач Андрей.
  • 2016 гъэм зэрыщIидзэрэ, УФ-м Социальнэ страхованэмкIэ и фондым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм производствэм ныкъуэдыкъуагъэ щызыгъуэтахэм медицинэ, социальнэ, профессиональнэ я лъэныкъуэкIэ ядэIэпыкъуным хуэгъэза Iуэхугъуэхэр къызэгъэпэщыным псори зэхэту сом мелуан 30-м щIигъу тригъэкIуэдащ. Абы щыщу сом мелуани 5-мкIэ хуэныкъуэхэм къадэмыбз IэпкълъэпкъымкIэ щхьэпэ протезно-ортопедие Iэмэпсымэхэр яхузэригъэпэщащ.
  •  
  • КЪУМАХУЭ Аслъэн.