КъБР-м и Iэтащхьэм диIыгъащ республикэм и щыхьэрым и кур зэрыгъэдэхапхъэм, абы игъуэтын хуей теплъэм теухуауэ скульптор Пащт-Хъан Алим къыхилъхьар
2016-10-18
- КIуэкIуэ Юрий Правительствэм и Унэм щы-хуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ художник Пащт-Хъан Алим.
- IэщIагъэлIым ар иригъэплъащ къалэ паркыр, вокзалхэм я Iэгъуэблагъэмрэ Къэбэрдей уэрамымрэ зэрагъэдэхэну я мурад эскизхэм. Абы и проектым къыщилъытащ щIыналъэм и лъэпкъ-щэнхабзэ щхьэхуэныгъэхэм я фащэ пщалъэхэм зэдекIуу къитIасэ скульптурэ ухуэныгъэхэмрэ щIыпIэхэр зэрагъэщIэрэщIэну щIыкIэмрэ.
- КъБР-м и Iэтащхьэм къыхигъэщащ художникым и лэжьыгъэщIэхэр республикэм и къалащхьэм и нобэрей теплъэм екIуу зэрыхэувэнур.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.