Гъуэгуанэ дахэ
2016-08-03
- ГуащIэдэкI ЩIыхь орденым и нагъыщэ псори зрата, лэжьыгъэфIкIэ зи цIэр республикэм щызыгъэIуа Амщыкъуэ ХьэкIулинэ Уэлид и пхъум и ныбжьыр илъэс 80 зэрырикъур шыщхьэуIум и 1-м Налшык щагъэлъэпIащ. ГуфIэгъуэ махуэм абы къыхуеблэгъат Налшык къалэм и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ КIасэ Динэ, КъБР-м ухуэныгъэм-рэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и минист- рым и къуэдзэ Былымгъуэт Юрий, Вольнэ Аул хьэблэм дэс цIыху цIэрыIуэхэр, гъунэгъухэр, благъэхэр.
- — Си шыпхъу ХьэкIулинэ (сэ ар си шыпхъу дыдэу къызолъытэ) и ныбжьым емылъытауэ жанщ, гукъыдэжышхуэ бгъэдэлъщ. Абы мы хьэблэшхуэм дэс ветеран псори фIыуэ ецIыху икIи дэтхэнэ дакъикъэми къыхуэныкъуэм деж нэсынущ. ХьэкIулинэ лэжьыгъэкIэ зэи къикIуэтакъым. Ди зэгухьэныгъэм къыбгъэдэкIыу нобэ абы сохъуэхъу узыншагъэрэ ефIэкIуэныгъэрэ иIэну, — гуфIэгъуэ Iэнэр къыщызэIуихым жиIащ Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэм, хабзэхъумэ органхэм я ветеранхэм (пенсионерхэм) я Налшык къалэ советым и тхьэмадэ Абдуллаев Мустэфа.
- ХьэкIулинэ пщIэрэ щIыхьрэ иIэу «Налшык» совхозым илъэс 47-кIэ щылэжьащ. ЗэфIэкIышхуэ бгъэдэлъу, емызэшыжу зэрыщытам и щыхьэтщ абы ГуащIэдэкI ЩIыхь орденым и нагъыщэ псори къызэрыхуагъэфэщар, 2015 гъэм КъБР-м и Правительствэм и ЩIыхь тхылъыр къызэрыратар.
- Социальнэ-щэнхабзэ IэнатIэм зегъэужьыным, щIалэгъуалэр гъэсэным куэд зэрыхищIыхьам папщIэ илъэс 80 щрикъум ирихьэлIэу ветераным къратащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыхь тхылъыр.