ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Бизнесым и лэжьакIуэхэм я хуитыныгъэхэр къыщызэпауд къэмыхъун папщIэ

2016-07-14


  • «Къэрал къэпщытэныгъэ (кIэлъыплъыныгъэ), муниципальнэ къэпщытэныгъэ щрагъэкIуэкIкIэ юридическэ IэнатIэхэмрэ щхьэзакъуэ хьэрычэтыщIэхэмрэ я хуитыныгъэхэр хъумэ-ным и IуэхукIэ» Федеральнэ законым къигъэувхэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм зэрыщагъэзащIэм щытепсэлъыхьащ республикэм и Парламентым къыщызэрагъэпэ-         ща зэIущIэшхуэм. Абы  кърихьэлIащ унафэщI органхэм я лIыкIуэхэр, парламентархэр, бизнесым и лэжьакIуэхэр.
  • ЗэIущIэр къыщызэIуихым Парламентым ЭкономикэмкIэ, инвестицэхэмкIэ, хьэрычэт IуэхумкIэ и комитетым и унафэщI Iэпщэ Заур къыхигъэщхьэхукIащ хьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэ-ным къэралым гулъытэшхуэ зэрыщыхуащIыр, Урысейм и Президентым            УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъэзам къэрал органхэм бизне-сым ехьэлIа кIэлъыплъыныгъэмрэ къэпщытэныгъэмрэ ирагъэлеин хуэмейуэ къызэригъэувар. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэми КъБР-м и Парламентым иужьрейуэ Зэрызыхуигъэзам къыщигъэлэгъуащ хьэрычэтыщIэхэм я дежкIэ арыншэми мытыншу щыт иджырей зэманым абыхэм ядэIэпыкъунымкIэ хэкIыпIэ псори къэгъэсэбэпыпхъэу  къызэрилъытэр.
  • УФ-м и Президентым и жэрдэмкIэ ищхьэкIэ къыщыгъэлъэгъуа Федераль-нэ законым нэгъабэ щIа- гъужауэ щытащ 26.1-нэ   статья щхьэхуэ, хьэрычэт IэнатIэ мыинхэм яхуэгъэзауэ 2016 — 2018 гъэхэм къэрал, муниципальнэ къэпщытэныгъэхэр зэрырагъэкIуэкIыну щIыкIэм теухуауэ. А статьям къегъэув 2016 гъэм щIышы-лэм и 1-м щегъэжьауэ 2018 гъэм дыгъэгъазэм и 31-м нэсыху хьэрычэт IэнатIэ мыинхэм къэпщытэныгъэхэр щрагъэкIуэкIыну хуимыту. Зи чэзу къэпщытэныгъэхэр щрагъэкIуэкIынур узыншагъэр хъумэным, егъэджэныгъэм, коммунальнэ хозяйствэм я IэнатIэ, социальнэ IуэхущIапIэ щхьэхуэхэрщ. Къэп- щытэныгъэхэр апхуэдэу щхьэщахыркъым мыхъумыщIагъэ нэрылъагъухэр зэралэжьам папщIэ нэхъ япэкIэ административнэ тезыр зытралъхьауэ щыта IуэхущIапIэхэми.
  • «А псоми къадэкIуэу къэгъэлъэгъуапхъэщ Федеральнэ законым къызэщIиубыдэ Iухухэр куэд зэрыхъур икIи абы къыхэкIыу ар нэгъэсауэ гъэзэ-щIэным гугъуехь пыухыкIахэр зэрыхэлъыр. Дэ иджыпсту абы и лъэныкъуэкIэ къытпэщыт къа- лэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ къэпщытэныгъэхэм я фIагъыр нэрылъагъуу къэIэтыныр, апхуэдэу зи IэнатIэм хьэлэлу пэрыт хьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэным нэхъри егугъуныр», — къигъэлъэгъуащ Iэпщэ Заур.
  • ХьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэм къыщхьэщыжынымкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэ АфэщIыж Юрий и докладым щыжиIащ хьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэмкIэ щIыналъэм щыIэ уполномоченнэм теухуа законыр Къэ-бэрдей-Балъкъэр Республикэм 2013 гъэм къыщащтауэ зэрыщытар. Абы лъандэрэ мы IуэхущIапIэм IуэхукIэ къекIуэлIахэр е тхыгъэкIэ зыкъыхуэзыгъэзахэр 120-м щIегъу. Абыхэм ящыщу мы гъэм и япэ мазихым IуэхущIапIэм къекIуэлIащ хьэрычэтыщIэу 23-рэ.
  • «Зы лъэныкъуэкIэ къапщтэмэ, ар Уполномочен-нэм и IуэхущIапIэм къыхуащI дзыхьым зэрыхэхъуэм и щыхьэту къэплъытэ   хъунущ. Ауэ абы нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ уеплъмэ, бизнесым и IэнатIэм щыIэ щытыкIэр зэрекIакIуэм апхуэдэ щапхъэр хуэпхь хъунущ», — жиIащ доклад зыщIам.
  • УФ-м и Президентым и деж щыIэ уполномоченнэм и IуэхущIапIэм хузэфIэкIащ къэпщытэныгъэхэм я реестр зэтригъэувэн икIи абы и фIыщIэкIэ кIэлъыплъакIуэ органхэм я лэжьыгъэр нэхъ зэIухауэ ирагъэкIуэкIыу щIадзащ. Апхуэ-дэу щыт пэтми, АфэщIыж Юрий зэрыжиIамкIэ, къэпщытакIуэ-кIэлъыплъакIуэ органхэм я текъузэныгъэр иджыри нэсу къагъэтIэсхъакъым.
  • Уполномоченнэм и IуэхущIапIэм къызэрибжам-     кIэ, хьэрычэтыщIэр инструкцэ минхэм ящыщ зыгуэрым ебэкъуарэ емыбэкъуарэ жэщми махуэми кIэлъоплъ къэпщытакIуэ-кIэлъыплъакIуэ орган зэмылIэужьыгъуэу 147-рэ.
  • 2014 гъэм ди деж Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ административнэ щытыкIэм теухуауэ хьэрычэтыщIэхэм щахэупщIыхьауэ щытащ. Абы щыгъуэ бизнесым и лэжьакIуэхэм зэрыжаIамкIэ, нэхъ къатехьэлъэр къэпщытакIуэ-кIэлъыплъакIуэ ор-ганхэм планым химыубы-дэу ирагъэкIуэкI къэпщы-тэныгъэхэрщ, апхуэдэу дэтхэнэ зы ныкъусаныгъэ цIыкIуми хуэмыфащэу административнэ тезыр ин къызэрырикIуэрщ.
  • АфэщIыж Юрий къыхигъэщхьэхукIащ планым химыубыдэ къэпщытэныгъэхэр прокуратурэм и арэзыныгъэ хэлъу къызэрагъэпэщыпхъэу къызэрилъытэр. Иджыпсту УФ-м и Правительствэр хоплъэ планым химыубыдэ къэпщытэныгъэхэр щIрагъэкIуэкI щхьэусыгъуэхэм зегъэубгъунымкIэ Урысейм  и Генеральнэ прокурату-рэм къыхилъхьа Iуэхум. Апхуэдэу бизнес-омбудсменхэм къагъэув къэпщытакIуэ-кIэлъыплъакIуэ органхэм я лэжьыгъэр псом япэу методикэ дэIэпыкъуныгъэм тращIыхьын хуейуэ. Апхуэдэм деж къэпщытэныгъэхэри зытещIыхьыпхъэр бизнесыр Iэмал имыIэу жэуапым ешэлIэ-ныр аракъым, атIэ ныкъусаныгъэхэр къэмыгъэхъунымкIэ лэжьыпхъэхэрщ.
  • Къэрал кIэлъыплъыныгъэхэр щрагъэкIуэкIкIэ, хьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэр къыщIызэпаудым и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр абыхэм я пра- вовой зэхэщIыкIыр зэрылъахъшэрщ. Апхуэдэ ныкъусаныгъэр къызэранэкIын папщIэ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и дэIэпыкъуныгъэкIэ къызэрагъэпэща Жылагъуэ екIуэлIапIэм зи хуитыныгъэхэр къызэпаудамхэм папщIэ пщIэншэу консультацэхэр къызэрегъэпэщ. Апхуэдэу а IуэхущIапIэм и зэфIэкIым хегъахъуэ КъБР-м и прокуратурэм и деж ХьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ щыIэ ведомствэхэм зэдай лэжьакIуэ гупыр щIэгъэкъуэн зэрыхуэхъум.
  • Уполномоченнэм зэры-жиIамкIэ, нобэм ирихьэ-лIэу жылагъуэ бизнес-омбудсменхэр республикэм       и муниципальнэ район,          къалэ округ псоми щыIэщ икIи ахэр хьэрычэт IуэхумкIэ муниципальнэ совет-хэм хэтщ. А советхэм заубгъу зэпытщ икIи экономикэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэр — мэкъумэш хозяйствэр, ухуэныгъэр, промышленностыр къызэщIаубыдэу хуежьащ. ДяпэкIэ абыхэм я лэжьэкIэр хабзэм и Iуэху зэмылIэужьыгъуэхэм — налог Iуэхум, щIы Iуэхум, къэпщытакIуэ-кIэлъыплъакIуэ органхэм ядэлэжьэным — ятеухуауи ягуэшу щIадзэнущ. Мис а псоми Iэмал къатынущ Федеральнэ закон №294-р зэрагъэзащIэм зэрыкIэлъыплъыр егъэфIэкIуэнымкIэ, къыхигъэщхьэхукIащ  АфIэщIыж  Юрий.
  • ЗэIущIэм апхуэдэу къыщыпсэлъащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Бо-рис. ЗэIущIэм хэтахэр абы щыгъуазэ ищIащ юридическэ IэнатIэхэмрэ щхьэзакъуэ хьэрычэтыщIэхэм-рэ яхуэгъэза къэпщытэныгъэу 860-рэ зэрыщыIар. Абыхэм ящыщу 445-р планым тету, 415-р планым химыубыдэу ирагъэкIуэкIащ. Документ къэпщытэныгъэу 81-рэ къызэрагъэпэщащ, апхуэдэу къэпщытэныгъэу 793-рэ езы IэнатIэхэм щрагъэкIуэкIащ. Къэпщытэныгъэхэм ящыщу 302-м  къагъэлъэгъуащ ахэр зыхуэгъэза IэнатIэхэм ныкъусаныгъэхэр, мыхъумыщIагъэхэр зэрыщыIэр. Абы къыхэкIыу административнэ тезырхэр зэрытралъхьэм теухуа унафэу 280-рэ ятхащ икIи абыхэм япкъ иткIэ IэнатIэ пыухыкIахэмрэ цIыху щхьэхуэхэмрэ псори зэхэту сом  мелуани 110-м щIигъукIэ етхьэкъуащ.
  • Муниципальнэ щIыналъэхэм я къэпщытакIуэ органхэм псори зэхэту къызэрагъэпэща къэпщытэныгъэу 152-м щыщу 115-р планым тету, 37-р планым химыубыдэу ирагъэкIуэкIащ. Ныкъусаныгъэ зэмылIэужьыгъуэу къыщыщIагъэща къэпщытэныгъэхэр 41-рэ мэхъу.
  • КъБР-м и прокуратурэм федеральнэ законодательствэр зэрагъэзащIэм кIэлъыплъынымкIэ и управленэм и прокурор Къэзакъ Мадинэ къыщыпсалъэм жиIащ Федераль-нэ закон №294-ФЗ-м къару зэригъуэт лъандэрэ прокуратурэм и республикэ органхэм а законыр гъэзэщIэным пыщIа ныкъусаныгъэу мини 5-м щIигъу сэтей къызэращIар икIи ахэр гъэзэкIуэжыным хуэгъэзауэ зыхуэфащэ унафэхэр къызэращтар.
  • Законхэр къыщызэпауд къамыгъэхъуныр, апхуэдэу хозяйствэ зезыхьэ субъектхэм я хуитыныгъэхэр яхъумэн папщIэ мы Iуэхум теухуа раздел щхьэхуэ республикэм и прокуратурэм и сайтым къыщызэIуахащ. Абы къралъхьэ тхьэусыхафэхэм япкъ иткIэ зыхуэфащэ IуэхущIапIэхэм зэфIагъэкIынущ.
  • 2015 гъэмрэ дызэрыт илъэсым щыщу блэкIа зэманымрэ къриубыдэу ирагъэкIуэкIа прокурор кIэлъыплъыныгъэм кърикIуахэм я гугъу щищIым Къэзакъ Мадинэ къигъэлъэгъуащ, лэжьыгъэхэр ягъэткIия пэтми, хозяйствэ зезыхьэ субъектхэм я хуитыныгъэхэмрэ абыхэм законкIэ я сэбэп зыхэлъ-хьэмкIэ къыщызэпауд иджыри къызэрыхъур. Къапщтэмэ, дызэрыт  илъэсым и япэ мазитхум  и закъуэ законым къемызэгъ мыхъумыщIагъэ зэмылIэужьыгъуэу 588-рэ   сэтей къащIащ икIи абы-хэм ятеухуа зыхуэфащэ Iуэхухэр зэфIагъэкIащ.
  • Планым химыубыдэу къэпщытэныгъэхэр ирагъэкIуэкIын папщIэ 2015 гъэм къата тхыгъэу 178-м щыщу 88-р прокуратурэм ядиIыгъакъым. Доклад зыщIам зэрыжиIамкIэ,   абы и щхьэусыгъуэр къэпщытэныгъэхэр егъэкIуэкIын и лъэныкъуэкIэ Федеральнэ законым къыщыгъэлъэгъуа тегъэщIапIэхэм хуэдэ зэрыщымыIэрщ.
  • Мы Iуэхум езыхэр зэреплъыр зэIущIэм щыжаIащ «КъБР-м и промышленникхэмрэ хэрычэтыщIэ-хэмрэ я союз» лэжьапIэхэр зыт щIыналъэ зэгухьэныгъэм и вице-президент, КъБР-м и мэкъумэшыщIэ (фермер) хозяйствэхэмрэ мэкъумэш кооперативхэмрэ я ассоциацэм и со-ветым и тхьэмадэ ГуэбэщIыкI Жантемыр, ЩэхуакIуэхэм я хуитыныгъэ хэм къащхьэщыжынымрэ цIыхум зэIузэпэщ псэукIэ къыхузэгъэпэщынымрэ я IэнатIэм щыкIэлъыплъынымкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и управле-нэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщI Пагуэ Жыраслъэн, Урысейм и МЧС-м и управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм   и унафэщI, къэрал кIуэцI къулыкъум и полковник Надежин Михаил, Налшык къалэ округым и щIыналъэ администрацэм экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и управленэм и унафэщIым и къуэдзэ Безгодькэ Владимир сымэ.
  • Докладхэм ятеухуауэ зэIущIэм апхуэдэу къыщыпсэлъащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Бозий Натбий, КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я лIыкIуэу КъБР-м и Парламентымрэ суд органхэмрэ  щыIэ ДыщэкI Мадинэ сымэ.
  • ЗэIущIэм щащIа докладхэм, абыхэм ятеухуауэ къэпсэлъахэм жаIахэм япкъ иткIэ зыхуэфащэ министерствэхэм, ведомствэхэм, организацэхэм яхуэгъэза чэнджэщхэр къащтащ. Къэбгъэлъагъуэмэ, къэрал властым и органхэм ящыщу федеральнэ къэрал къэпщытэныгъэ (кIэлъыплъыныгъэ) егъэкIуэкIынымкIэ полномочие зиIэхэм, апхуэдэу щIыналъэ, муниципальнэ кIэлъыплъыныгъэ езыгъэкIуэкIхэм ечэнджэщащ къэпщытэныгъэхэм къарикIуэхэм, цIыхубэ хъы-барегъащIэ IуэхущIапIэ-хэм къыщIагъэщхэм нэхъ гулъытэ яхэлъу бгъэдыхьэну, апхуэдэу къэпщытэныгъэхэр езыгъэкIуэкI IэщIагъэлIхэм я щIэныгъэм хагъэхъуэну.
  • КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.