ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Терроризмэм пэщIэтыну къыхураджэ

2016-05-19

  • КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и деж щыIэ ЩIалэгъуалэ советым хэтхэр КъБР-м экстремизмэр щымыгъэIэным и IуэхукIэ и министр Къуэшрокъуэ Залым иджыблагъэ хуэзащ.
  •  
  • Республикэм щыпсэу куэдым иужьрей илъэсхэм тхьэмыщкIагъэрэ гузэвэгъуэрэ къахуэзыхь экстремизмэм зэрыпэщIэтым теухуа упщIэ я куэдт ныбжьыщIэхэм.
  • ЗэIущIэ щхьэпэр къызэзыгъэпэща Жылагъуэ палатэм фIыщIэ хуищIащ Къуэшрокъуэм, и псалъэхэм я пэщIэдзэу. ЩIалэгъуалэм я Iуэхур, ахэр зыIущIэ лъэпощхьэпохэмрэ гугъуехьхэмрэ республикэм и унафэщIым зэрызэхищIыкIым езыр зыпэрыт IэнатIэр зэраубзыхуар и зы щыхьэту къэпхь хъуну жиIащ абы. Апхуэдэуи, КъБР-м и министрыр и лэжьыгъэм, и пщэ къыдэхуэ къалэнхэм къызэхуэсахэр хигъэгъуэзащ. Абы зэрыжиIамкIэ, экстремизм, терроризм щIэпхъаджагъэ ялэжьу тезыр зыпшынахэр гъащIэ мамырым хэшэжынымкIэ, яIэщIэщIа щыуагъэм хуэдэм дяпэкIэ къытримыгъэзэнымкIэ ядолажьэ, террористхэр къыщаубыдым хэкIуэдахэм я унагъуэхэри я нэIэ щIэтщ. Къуэшрокъуэм къыхигъэщащ апхуэдэхэм жылагъуэм защIигъэкъуэн хуейуэ, щытыкIэ гугъум къримынэу, и щIыбагъ хуимыгъазэу, зэрыхузэфIэкIкIэ ядэIэпыкъупхъэу.
  • Министрым къызэхуэсахэр зэрыщигъэгъуэзамкIэ, Сирие, Ирак къэралыгъуэхэм КъБР-м щыщ щIали 130-рэ щозауэ. Абыхэм гъэпцIагъэкIэ зыхашауэ къэзыгъэзэжыну хуей куэд яхэтщи, апхуэдэхэм зыщIагъэкъуэну зэрыхьэзырыр къыхигъэщащ къэпсалъэм.
  • Мэжджытым екIуалIэу муслъымэн диныр зезыхьэхэм зэрепсалъэмрэ, ар езы дин лэжьакIуэхэм къазэрыщыхъумрэ ятеухуа упщIи щагъэIуащ зэIущIэм.
  • — Зэман кIыхьым къриубыдэу диныр зезыхьэ щIалэгъуалэм республикэм къыщекIуэкI гъащIэм зыпагъэщхьэхукIыу щытащ, ар зи щIалэгъуэм диным куууэ зэрыхамыщIыкIым, гъащIэм и пIалъэ зэрамыщIэм къыхэкIырт. Ауэ щыхъукIи, ахэр къэзыгъэсэбэпыну яужь ихьэхэмрэ «хамэIэкIэ шыпсыранэ зыпщIэну» хуейхэмрэ мащIэтэкъым. 2005 гъэ хъуху зыми и фIэщ хъунтэкъым ди нэгу щIэкIа гузэвэгъуэр къэхъуну. ИджыкIэ, хуэм-хуэмурэ диныр зыIыгъ щIалэгъуалэм республикэм и унафэщIхэм я дзыхь нэхъ ирагъэзыж хъуащ. Дыщогугъ нобэ хуэдэ зэIущIэхэр Iуэхум нэхъри сэбэп хуэхъуну, — жиIащ Къуэшрокъуэм.
  • Иджыблагъэ КъБКъУ-м щекIуэкIа дунейпсо динхэм зэдай конференцым теухуауэ Къуэшрокъуэ Залым къэрал Iуэхухэм къыхэIэбэну яужь ихьэхэм пэщIэтыфын хуэдэу, конфликтологием дяпэкIи зегъэужьыпхъэу къызэрилъытэр жиIащ. Къэралым и политикэр, и ухуэкIэр зэрызэхакъутэн Iэмалхэм институтхэм щолэжьри, уэрамым дэт ныбжьыщIэхэм ирагъэгъэзащIэ.
  • Террористхэр щаубыдкIэ зыкъэзытыну хуейхэм зэрепсалъэмрэ, абыхэм ират Iэмалымрэ ятеухуауэ къыщыпсалъэм министрым жиIащ Iэмал щыIэу зыми и псэ зэрамыгъэныр, унэм зыщIэзыубыдауэ IэщэкIэ фIэкIа «жэуап къэзымытыжхэм» я зэранкIэ  цIыху хей хамыгъэкIуэдэн папщIэ ткIийуэ Iуэхур зэфIахын хуей зэрыхъур. Ауэ щыхъукIи, дэтхэнэми и  Iыхьлыхэр кърагъэблагъэурэ зыкъитыну зэрырагъэлъэIури къыхигъэщащ.
  • ЗэIущIэм кърихьэлIахэм курыт еджапIэм щIэс ныбжьыщIэхэм я хьэл-щэным, щытыкIэм, егъэджакIуэхэр нэхъ набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъыну къыхураджэну къыхалъхьащ. И IэнатIэр, сабийхэр фIыуэ зылъагъу егъэджакIуэр а Iуэхум гууз-лыуз иIэу зэрыпэрыхьапхъэр, махуэ къэс къыдэкIуэтей щIэблэм ядэлажьэхэм гулъытэ нэхъыбэ хуэщIын хуейуэ къызэралъытэр жаIащ къызэхуэсахэм.
  • И псалъэм и кIэухым министрым апхуэдэ зэIущIэхэр нэхъыбэу ирагъэкIуэкIыну зэрыщыгугъыр, езыми сыт щыгъуи и гуапэу къазэрыхуеблэгъэнур къыхигъэщащ.
  • Инэрокъуэ Данэ.