Адыгэу тетым щIы хъурейм, ей, маржэ, жыфIэрей: «Си бзэ – си псэ, си дуней, си бзэ – си дуней!»
2015-03-14
- Лъэпкъ хъуэпсапIэ
- Лъэпкъым и анэдэлъхубзэр дамыгъэ хэхахэмкIэ къэгъэлъэгъуауэ, абы зиужьу икIи къыщIэхъуэ щIэблэм Iурылъу къэтэджыныр – ар уасэ зимыIэ фIыгъуэшхуэщ. Апхуэдэ лъэпкъпсо насып – тхыбзэ – адыгэхэм 1853 гъэм къыдэуэлIауэ ялъытэ щIэныгъэлIхэм. Илъэси 162-рэ и пэкIэ, нобэ хуэдэ махуэм – гъатхэпэм (мартым) и 14-м – тхыдэ дэфтэрхэм къызэрыхэщыжымкIэ, дунейм къытехьауэ щытащ адыгэбзэкIэ тха япэ тхылъыр – «Адыгэбзэ алыфбейр». Ар зи къалэмыпэм къыпыкIар лъэпкъ щIэныгъэлI Бырсей Умарщ. А зэманым къыщыщIэдзауэ адыгэхэм ди тхыбзэ диIэжу, ар гъащIэм къыщыдгъэсэбэпу, Iуэху иризетхьэу дунейм дытетщ. Ди бзэм хуэфэщэн пщIэрэ гулъытэрэ иIэн папщIэ, адыгэу дунейм тетым ди лъэпкъ зэгухьэныгъэ нэхъ ин дыдэм – Дунейпсо Адыгэ Хасэм – илъэс 12 и пэкIэ, 2003 гъэм, абы теухуа унафэ щхьэхуэ къищтащ. Абы лъандэрэ гъатхэпэм и 14-м Адыгэ тхыбзэм и махуэр догъэлъапIэ.
- Ди лъэпкъым тхыбзэ иIэным пасэ зэманым елэжьа- хэщ узэщIакIуэхэу Хъан-Джэрий СулътIан, Нэгумэ Шорэ, ХьэтIохъущокъуэ Къазий, Тамбий Пагуэ сымэ. Абыхэм кърахьэжьа Iуэхум зригъэужьри, адыгэбзэ хьэрфылъэр зэфIэгъэувэным елэжьащ лъэпкъ еджагъэшхуэ Бырсей Умар.
- Абы и къалэмыпэм къыщIэкIа «Адыгэбзэ алыфбейм» нобэрей щIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, а зэманым мыхьэнэшхуэ иIащ: япэрауэ, лъэпкъым бзэ иIэу къалъытащ, етIуанэрауэ, апхуэдиз макъ зэщIэжьыуэр хьэрфхэмкIэ къэгъэлъэгъуа хъуащ. Апхуэдэу адыгэбзэм и зыужьыныгъэм хуэунэтIауэ щытащ еджагъэшхуэм зэман кIыхькIэ иригъэкIуэкIа нэгъуэщI къэхутэныгъэхэри.
- Бырсейм и лэжьыгъэм пащащ абы и ужь ита ди лъэпкъ щIэныгъэлIхэм, къэхутакIуэхэм. 1917 гъэм екIуэкIа Жэпуэгъуэ революцэшхуэм и ужькIэ адыгэбзэр урыс хьэрфхэм хуагъэкIуауэ щытащ. ИлъэситI-щы нэхъ дэмыкIыу бзэм и макъхэр къэгъэлъэгъуэныр хьэрып хьэрфылъэм хуагъэкIуэжащ. АбыкIэ къэбэрдей школхэм щрагъэджащ илъэс зыбжанэкIэ. ИужькIэ, 1923 гъэм и пэщIэдзэм, адыгэбзэм зегъэужьыным хуэунэтIа зэIущIэ ин Псыхуабэ щрагъэкIуэкIащ. Абы унафэ къыщащтащ адыгэбзэр латин графикэм тегъэувэн хуейуэ. Ди лъэпкъ тхыбзэ зэгъэпэщыным пасэу яужь ихьахэм ящыщ къэбэрдей щIэныгъэлI гъуэзэджэ, жылагъуэ лэжьакIуэшхуэ Хъуран Батий латин хьэрфхэр и лъабжьэу адыгэбзэм и алфавит япэ дыдэу зэхилъхьауэ щытащ. Ар къащтат шэрджэсхэми, адыгейхэми, абхъазхэми, зэщхьэщыкIыныгъэ мащIэ дыдэ фIэкIа ямыIэу. 1925 гъэм къыщыщIэдзауэ 1936 гъэ пщIондэ адыгэ тхыбзэр зытетар а алфавитырщ. ИужькIэ адыгэбзэр кириллицэм и дамыгъэхэмкIэ къэгъэлъэгъуэн щIадзэжауэ щытащ, иджыри абы тетщ.
- Сыт хуэдэ зэмани ди лъэпкъым и цIыху пэрытхэр, хэкупсэ нэсхэр иропIейтей адыгэбзэм зиужьыным, зиузэщIыным и Iуэхум. Абыхэм ящыщщ хэкупсэ гъэсэныгъэ ин зэфIэзых Къэбэрдей Адыгэ Хасэр (тхьэмадэр «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдщ). КъАХ-мрэ адыгэбзэкIэ къыдэкI ди газетымрэ я жэрдэмкIэ, ди щIыналъэм мы гъэм илъэс 15 хъуауэ щокIуэкI «Си бзэ – си псэ, си дуней» республикэпсо фестиваль-зэпеуэр. Мыхьэнэшхуэ зиIэ а лъэпкъ Іуэхур жыджэру къыдаІыгъащ КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм, нэгъуэщІ къэрал ІуэхущІапІэхэм, Дунейпсо Адыгэ Хасэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм. Зэпеуэм зэман кIэщIым къриубыдэу зиузэщIащ, дэнэкIи зыщиубгъуащ. Нэхъапэм зэхьэзэхуэм и утыку къихьэу щытар адыгэбзэр езыгъэджхэрауэ щытамэ, илъэс зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, абы къыхыхьащ урысыбзэмкІэ, балъкъэрыбзэмкІэ езыгъаджэхэр. Апхуэдэу ипэжыпІэкІэ ар республикэпсо фестиваль хъуащ. Иджыпсту йокIуэкI зэпеуэм и иужьрей Iыхьэр.
- Анэдэлъхубзэр, лъэпкъ литературэр, тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ къэкIуэну щIэблэхэм яхуэхъумэныр, бзэр курыт школхэм зэрыщаджыр егъэфIэкIуэныр, апхуэдэуи а Iуэхухэм хуэлажьэ егъэджакIуэ нэхъыфIхэр наIуэ къэщIауэ гъэпэжэныр, еджакIуэ зэчиифIэхэр белджылы къэщIауэ гъэгушхуэныр къалэн нэхъыщхьэу зыхуэзыгъэувыжауэ ди республикэм щылажьэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ящыщщ ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэр. Абы и пашэщ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ институтым и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжь Табыщ Мурат. Хасэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэситI хъуауэ арами, а зэман кIэщIым къриубыдэу лэжьыгъэ купщIафIэ зэфIихащ Табыщым, хабзэ хъуауэ, илъэс къэс зэхуешэс адыгэбзэр езыгъэджхэм я пшыхь. Хасэм хэтхэу егъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэхэу ХьэцIыкIу Раерэ Багъ Марьямрэ Налшык мызэ-мытIэу къыщызэрагъэпэщащ адыгэбзэмкIэ республикэпсо, щIыналъэпсо ныбжьыщIэ зэпеуэхэр. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, «Джэгурэш», «ЖьабзэкъутэещIэ», «Адыгэ ныбжьыщIэ театр» зэхьэзэхуэхэр, усэ къеджэнымкIэ, сочиненэ тхынымкIэ зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Хэкурыс адыгэхэмрэ ди лъэпкъэгъу хэхэсхэмрэ яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр зэщIэзыгъэуIуэщ зэгухьэныгъэм и лэжьыгъэм жыджэру хэт Къып Гупсэ. ЩIалэгъуалэр мы зэманым хуабжьу дэзыхьэх Интернетыр адыгэбзэкIэ «къэгъэпсэлъэным» епха Iуэхугъуэхэр Хасэм щызэфIех Бозий Астемыр. Хэкупсэ щIалэм Интернетым зыщрегъэузэщI «Нартыбзэ» зыфIища псалъалъэ проектым.
- Адыгэбзэр хъумэным елэжьыр бзэ щIэныгъэлIхэм, къэхутакIуэхэм, егъэджакIуэхэм, хэкупсэхэм я закъуэкъым – абы ирогузавэ къэрал унафэщIхэри. Ди республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэхэр хъумэным, абыхэм адэкIи зегъэужьыным хуэунэтIа унафэ зэмылIэужьыгъуэхэр КъБР-м и Парламентым къищтащ. Апхуэдэу илъэс зыбжанэ лъандэрэ республикэм и школхэм ящыщ куэдым пэщIэдзэ классхэр адыгэбзэкIэ щрагъаджэ. Ди анэдэлъхубзэр къэкIуэну щIэблэхэм яхуэхъумэнымкIэ ари зы хэкIыпIэщ, зы Iэмалщ.
- Адрей тхыбзэхэм еплъытмэ, адыгэ тхыбзэм къикIуа гъуэгуанэр кIыхькъым, ар- щхьэкIэ абы зыкIи игъэлъахъшэркъым ди анэдэлъхубзэм и лъапIагъыр, игъэмащIэркъым и IэфIагъыр. Ди лъэпкъым бгъэдэлъ зыужьыныгъэм, щIэныгъэм, гъэсэныгъэм, щэнхабзэм я лъапсэщ ди анэдэлъхубзэр. Аращ ди усакIуэ гъуэзэджэ КIыщокъуэ Алим ар къэхъугъэ псоми я къежьапIэу къыщIилъытэри. Лъэпкъым и блэкIари и нобэри къэзыгъэлъагъуэу, и тхыдэр, хабзэр, щэнхабзэр къэкIуэну щIэблэхэм яхуэзыхъумэу щыIэр тхыбзэрщи, абы сыт щыгъуи гулъытэ хуэщIыпхъэщ.
- «Ухыгъэмрэ къэхъугъэмрэ зи Iэмырым солъэIу анэдэлъхубзэм хузиIа лъагъуныгъэр зыдэзыгуэшын щIэблэ си ужь къихъуэну», – адыгэбзэм хуиIэ лъагъуныгъэшхуэр гум къиIукI апхуэдэ псалъэхэмкIэ къигъэлъэгъуауэ щытащ адыгэ еджагъэшхуэ Нэгумэ Шорэ. Лъэпкъым хуэгъэпса апхуэдэ хъуэпсапIэ дэтхэнэ адыгэми дигу илъын хуейщ, бзэр тIэщIэкIмэ, лъэпкъкIуэдыр къытхуэкIуэнкIэ зэрыхъунур тщIэжу. Ди бзэр ди псэщ. Лъэпкъыр лъэ быдэкIэ увыныр, абы и тхыдэм, гъуазджэм, щэнхабзэм заужьыныр, цIыхухэм я зэхэщIыкIым зиузэщIыныр – лъэпкъым и гъащIэр зэлъытар бзэм и къарур аращ.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ, «Адыгэ псалъэ» газетым егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщI.
-
IутIыж Борис
-
Ефэнды Джылэхъстэн
-
Къэзанш Людмилэ
-
Сэрахъэ Людмилэ
- Пашэхэр
- КъалэкIыхьми уфIех
-
Балэ Людмилэ
«Си бзэ – си псэ, си дуней» республикэпсо зэпеуэм пашэ щыхъуахэм я Iуэху зехьэкIэ пэрытыр жылагъуэм щызэлъащIыс, егъэджакIуэ Iэзэхэр IэнатIэм пэрыхьагъащIэ IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэм ядогуашэ я лэжьэкIэ мардэхэмкIэ, дерс къызэгъэпэщыкIэхэмкIэ. Абдежми къыщынэркъым Iуэхур. ЩIыналъэ зэпеуэм щытекIуа егъэджакIуэхэм я зэфIэкI илъэс къэс къыщагъэлъагъуэ Анэдэлъхубзэр езыгъэджхэм я урысейпсо зэпеуэхэм, абы и саугъэт нэхъыщхьэр – Дыщэ къабзийр – къытхуэзыхьхэри яхэту. Апхуэдэ утыкушхуэм хуэфащэу ихьэным ди егъэджакIуэхэр илъэс зыбжанэкIэ хуигъэхьэзыращ КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхуэмкIэ и министерствэм и эксперт нэхъыщхьэу куэдрэ лэжьа хэкупсэ нэс Балэ Людмилэ.
- Налшык дэт курыт школ №11-м щылажьэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Бекъан Масирэт 2007 гъэм пашэ щыхъуащ къэралпсо зэпеуэм и «ЕгъэджакIуэ-гъэсакIуэ» унэтIыныгъэм. 2008 гъэм екIуэкIа апхуэдэ урысейпсо зэхьэзэхуэм хэтащ Сэрмакъ курыт еджапIэ №2-м адыгэбзэр щезыгъэдж Мэшыкъуэ Iэсият. Ди гуапэ зэрыхъущи, зэхьэзэхуэм и «ЕгъэджакIуэ-къэхутакIуэ» унэтIыныгъэм текIуэныгъэ къыщихьащ Мэшыкъуэм.
- 2009 гъэм Москва щекIуэкIа апхуэдэ урысейпсо зэпеуэм хэтауэ щытащ «Си бзэ – си псэ, си дуней» зэпеуэм щытекIуа, Къулъкъужын Ипщэ курыт школым щылажьэ, филологие щIэныгъэхэм я кандидат Нэхущ Залинэ. Хэтам и мызакъуэу, ар пашэ щыхъуащ «Методикэ жыджэрагъымрэ Iэзагъымрэ» унэтIыныгъэм, апхуэдэуи УФ-м и щIыналъэ 19-м я егъэджакIуэхэр зыхэта «Си лъахэ, си школ, си IэнатIэ» презентацэми адрейхэм щатекIуащ.
-
Бекъан Масирэт
КъыкIэлъыкIуэ илъэсым, 2010 гъэм, зэпеуэм хэтыну гукъыдэж ищIащ егъэджакIуэ Iэзэ Хур Мадинэ. Абы и зыкъэгъэлъэгъуэныгъэм къытхуихьащ зэпеуэм и саугъэт нэхъыщхьэр – Дыжьын къабзийр.
- Хурым и текIуэныгъэ иным тригъэгушхуауэ, Лъэпкъыбзэхэр езыгъэджхэм я къэралпсо зэхьэзэхуэм ди республикэм къыбгъэдэкIыу 2011 гъэм хэтащ Прохладнэ щIыналъэм хыхьэ Алътуд къуажэм дэт курыт школ №2-м адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж Къумыкъу Светланэ. ЕгъэджакIуэр ди щIыпIэм цIэрыIуэ щыхъуат и Iуэху зехьэкIэ пэрытымкIэ, лэжьыгъэм хуиIэ жыджэрагъымрэ зыхищIэ жэуаплыныгъэмкIэ. Светланэ мызэ-мытIэу хэтащ «Си бзэ – си псэ, си дуней» республикэпсо фестивалым икIи текIуэныгъэхэр къыщихьащ. Къэралпсо зэпеуэми зэфIэкI лъагэхэр щагъэлъэгъуащ ди лъахэгъухэм. Къумыкъум ита мастер-классыр нэхъыфIхэм халъытащ икIи абыкIэ егъэджакIуэм ещанэ увыпIэр къихьащ. Светланэ и дерсым Iэзэу хэухуэна хъуат ди лъэпкъ хабзэри, щIыналъэм и теплъэ дахэри, адыгэ фащэм и зэхэлъыкIэхэри, нэгъуэщI Iуэхугъуэ хьэлэмэтхэри. Апхуэдэу Къумыкъур щытекIуащ «Методикэ жыджэрагъымрэ Iэзагъымрэ» унэтIыныгъэми. Глашевэ Джамили зэпеуэм и унэтIыныгъэ щхьэхуэм пашэ щыхъуащ. ЕгъэджакIуэхэм ябгъэдэлъ IэкIуэлъакIуагъымрэ къахьа текIуэныгъэхэмрэ щыхьэт техъуэу, абыхэм къыхуагъэфэщащ зэхьэзэхуэм и щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр.
- Анэдэлъхубзэр езыгъэджхэм я Еханэ Урысейпсо мастер-классыр 2012 гъэм щекIуэкIар Мордовие Республикэм и къалащхьэ Саранскщ. МахуищкIэ зэхэта а къэралпсо зэпеуэм ди республикэм къыбгъэдэкIыу щыIащ Налшык дэт гимназие №29-м адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж Ефэнды Маринэ. Илъэс 30-м щIигъуауэ а IэнатIэм пэрыт Маринэ ЦIыхубэ егъэджэныгъэм и отличникщ, и IэщIагъэм фIыуэ хещIыкI. Ефэндыр жыджэру хэтщ къалэ, республикэ, щIыналъэ зэпеуэхэм, увыпIэфIхэри къыщехь. «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ екIуэкI къэралпсо зэхьэзэхуэм щытекIуэри, Маринэ къыхуагъэфэщащ «УФ-м и егъэджакIуэ нэхъыфI» цIэ лъапIэмрэ сом мини 100 хъу ахъшэ саугъэтымрэ. 2011 гъэм екIуэкIа «Си бзэ – си псэ, си дуней» республикэпсо фестивалым Ефэндым япэ увыпIэр къыщихьауэ щытащ. Иджырей къэралпсо зэпеуэм Маринэ «ЕгъэджакIуэхэм я егъэджакIуэж» унэтIыныгъэм пашэ щыхъуащ.
-
Мэшыкъуэ Iэсият
-
Нэхущ Залинэ
-
Хур Мадинэ
-
Къумыкъу Светланэ
-
Ефэнды Маринэ
- Ди адыгэбзэм и зэфIэкIхэр зэрылъагэр, къару лъэщрэ къэкIуэну дахэрэ зэриIэр фIэщ пщащI ди егъэджакIуэ щыпкъэхэм я апхуэдэ ехъулIэныгъэфIхэм.
- КЪАРДЭН Маритэ.
- Лабэ Iуфэ нэс
-
Адыгэбзэр адрейхэм куэдкIэ къащхьэщокI. Абы иропсалъэ Къэбэрдеишхуэмрэ Джылахъ- стэнеймрэ щыпсэухэмрэ Лабэ Iуфэ Iус беслъэней лIакъуэмрэ.
-
Псыжь адрыщIкIэ щегъэжьауэ хы Iуфэм нэс щыпсэу адрей адыгэ лIакъуэхэм я псэлъэкIэр абы мащIэу къыщхьэщокI. А бзэмрэ абы и диалект зыбжанэмрэ хэтщ макъ пIытIахэр, жьгъыжьгъхэр, бзэгупэмрэ бзэгу лъэдакъэмрэ къыщыхъу макъхэр. Абыхэм бзэр нэхъ къулей, дахэ ящI, ауэ хамэ лъэпкъ щыщхэм я дежкIэ къэпсэлъыгъуейщ. Сэ къэхутэныгъэ пыухыкIа гуэри схуэщIакъым а бзэ телъыджэм ехьэлIауэ, ауэ сощIэ абыхэм къызэрыгуэкI, псоми зэдащIэ псэлъэкIэм нэмыщIи «щакIуэбзэ» (щIагъыбзэ) зэраIэр.
-
КЛАПРОТ Генрих, урыс академик. 1807 гъэ
- Лашынкъей и щIэблэр
-
Зэпеуэм хэтахэр
- Адыгэбзэм фIагъыу, дахагъэу хэлъыр ди пащхьэ къизылъхьэ «Си бзэ – си псэ, си дуней» фестиваль-зэпеуэр илъэс 15-м щIигъауэ ди щIыналъэм щокIуэкI. 2014 гъэм и щэкIуэгъуэ, дыгъэгъазэ мазэхэм зэпеуэм и щIыпIэ, район Iыхьэхэр зэхэтащ. Абы щытекIуахэр иджы хэтщ республикэ Iыхьэм, я зэфIэкIхэр ягъэлъагъуэу. Апхуэдэхэм ящыщщ Шэджэм районым хыхьэ Лашынкъей къуажэм дэт етIуанэ курыт школым, КIэбышэ Заремэ зи унафэщIым, щылажьэ егъэджакIуэхэмрэ абыхэм я гъэсэнхэмрэ. Зэпеуэм абыхэм хуагъэхьэзырат купщIэшхуэ зыхэлъ дерс зэIухахэр, классщIыб зэIу-щIэ гъэщIэгъуэн, творческэ лэжьыгъэхэр.
-
Къуажэ дыхьэпIэм щыщIидзащ Iуэхум – адыгэ нысашэм теухуа «Ныуэжь щIэпхъуэжакIэ» дызэджэ теплъэгъуэ цIыкIукIэ. Абы жыджэру хэтащ адыгэбзэмрэ литературэмрэ езыгъэдж Тхьэзэплъыж Марьятрэ Къуэныкъуей Мидэрэ, музыкэмкIэ егъэджакIуэ ДыщэкI Артур, къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и унафэщI Тэмазэ Iэуес сымэ. Нанэм и ролыр игъэзэщIащ еджапIэм мызэ-мытIэу къахуеблэгъа нэхъыжьыфI, анэшхуэ Iумахуэ ДыщэкI ТIатIэ Бубэ и пхъур.
-
Абдеж щекIуэкIа теплъэгъуэм иужькIэ къэпщытакIуэхэр курыт еджапIэм ирагъэблэгъащ. Школ пщIантIэр адыгэхэм я псэукIам хуэкIуэу зэгъэпэщат: пасэ зэманым адыгэхэм къагъэсэбэпу щыта Iэмэпсымэхэр чий пщыIэм щызэхуэхьэсат, хадэхэкI блахэр чий бжыхьхэм екIуэкIыу фIэлът. Адыгэм зэрихабзэщи, бысымхэм я ерыскъыр япэ итт, лэкъум, къалмыкъ шей хуэдэхэр еджапIэ пщIантIэм щагъэхьэзырырт. ЛъэныкъуэкIэ къыщыIурт адыгэ пшыналъэ, джэгу дахи щекIуэкIырт.
-
ЕджакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэкIэ къызэIуахащ школым щекIуэкIа Iуэхугъуэхэр. Лашынкъей къуажэм и блэкIам хьэщIэхэр щыгъуазэ ищIащ тхыдэмкIэ егъэджакIуэ Хьэгъэжей Мадинэ. Адыгэбзэр школым щезыгъэджхэм я мето-дикэ зэгухьэныгъэм ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм къэпщытакIуэхэм яхутепсэлъыхьащ абы и унафэщI ДыщэкI Ларисэ. Псори ихьэхуащ 2-нэ клас-сым щекIуэкIа, «НыбжьэгъуфIхэр си дамэу» зи фIэщыгъэу щыта дерс зэIухауэ ДыщэкI Замирэ игъэхьэзырам. Нэм и зэхэлъыкIэм ныбжьыщIэхэр нэхъ куууэ щыгъуазэ хуэзыщIт ТыIэщ ХьэIишэт «Нэр псэм и гъуджэщ» и фIэщыгъэу ита дерс зэIухар.
-
IутIыж Борис и гъащIэмрэ и лэжьыгъэхэмрэ къэпщытэжыным ехьэлIа дерс купщIафIэ игъэлъэгъуащ адыгэбзэмрэ литературэмрэ езыгъэдж Къамгъуэт Иринэ. А махуэм адыгэбзэкIэ ирагъэкIуэкIа дерсхэм ящыщщ Къуэдзокъуэ Аидэ игъэхьэзыра «ЩIы щхьэфэм и зэхэлъыкIэр» дерс зэIухари.
-
Гу лъамытэу къэнакъым физкультурэмкIэ егъэджакIуэ Бетыгъуэн Анзор игъэхьэзыра «Адыгэ джэгукIэхэр» зи фIэщыгъэ компьютер гъэлъэгъуэныгъэми. АдэкIэ къэпщытакIуэхэр и хьэщIэщым иригъэблэгъащ IэпщIэлъапщIагъэм хуезыгъаджэ Мамрэш Марьянэ икIи абыхэм къахузэIуихащ адыгэ тхыпхъэщIыпхъэхэр зэращIым хэлъ щэхухэм ящыщ гуэрхэр.
-
Зылъэгъуа, зэхэзыха псоми телъыджэ ящыхъуащ адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэ Тхьэзэплъыж Марьятрэ Щэнхабзэм и унэм и лэжьакIуэ КIэбышэ Ислъамрэ ирагъэкIуэкIа классщIыб лэжьыгъэр. Ар теухуауэ щытащ гушыIэмрэ ауанымрэ. ЕгъэджакIуэм зыхуигъэувыжа къалэнхэр псори къехъулIауэ жыпIэ хъунущ. Ахэр епхат гушыIэмрэ ауанымрэ ящIэлъ гупсысэ куумкIэ щIэблэр цIыхугъэм, адыгагъэм, захуагъэм, пэжыгъэм, гущIэгъум, щэныфIагъэм, еджэным, лэжьэным егъэсэным.
-
КлассщIыб лэжьыгъэр къызэIуахащ школым и егъэджакIуэ, пшынэмрэ уэрэдымрэ зи псэм щыщ ДыщэкI Артур игъэзащIэ «Лашынкъей» уэрэдымкIэ. Ди анэдэлъхубзэр зыгъэлъапIэ, фIылъагъуныгъэ инкIэ гъэнщIа «Си адыгэбзэ» усэм къеджащ Тхьэзэплъыж Марьят. Ар и Iэдакъэ къыщIэкIащ а къуажэм къыщалъхуа, КъБР-м и цIыхубэ егъэджакIуэ, Лашынкъей дэт езанэ курыт школым и унафэщI ДыщэкI Марие Сухьэмэдин и пхъум. Усэм зэрыжиIэщи, «инщ ди адыгэбзэм и зэфIэкIыр, и акъылыр жанщ, дэнэ утыкуи Iэзэу щоIуф, гушыIэнкIи зы къытемыкIуэф».
-
Пэжщ, мы еджапIэм щIэс сабийхэр дахэу мэгушыIэ. Абыхэм удихьэхыу ягъэзэщIащ теплъэгъуэ гъэщIэгъуэнхэр, уеплъ пэтми, зызыщумыгъэнщI къафэ дахэхэр. Къуажэдэсхэм зэхуахьэсыжа хъыбархэр, гушыIэ хьэлэмэтхэр, ауан щабэ зыщIэлъ хъуэрыбзэхэри къащыгъупщакъым.
-
ЗэIущIэм и кIэухым школым и унафэщI КIэбышэ Заремэ фIыщIэ псалъэкIэ захуигъэзащ жылэпсо Iуэху дахэу екIуэкIа зэIущIэм кърихьэлIа хьэщIэхэм, ар къызэзыгъэпэща егъэджакIуэхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ, дэIэпыкъуэгъушхуэ къахуэхъуахэу Тэмазэ Iэуесрэ КIэбышэ Ислъамрэ, ДыщэкIхэ Мариерэ ТIатIэрэ.
-
«Си бзэ – си псэ, си дунейр» анэдэлъхубзэм хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуэхъур, ди хабзэхэр, зэхэтыкIэ дахэр къызэрыдэушыжыр, щIэблэм я дежкIэ ар зэрыщхьэпэр иджыри зэ нэрылъагъу щыхъуащ Лашынкъей. Адыгэбзэм и пщIэр лъагэу Iэтыным хуэгъэпсауэ екIуэкI зэхыхьэхэм балигъхэ- ми сабийхэми я гумрэ я псэмрэ еузэщI.
-
МАМРЭШ Мадинэ.
- Лашынкъей къуажэ
- Бемырзэ Мухьэдин
- Адыгэбзэ
- Си гъатхэ дыгъэ къуэмыхьэж,
- Си гукъыдэж, си гурыфIыгъуэ,
- Дунейр уэрыншэм ныбгъуэхьэшт,
- УзиIэу зыми семыфыгъуэ.
- УзиIэу зыми семыиж –
- АбыкIи, си бзэ, уэрщ си щапхъэр:
- Сэ уи беягъкIи сыбеижщ.
- Адрейхэр сщIэнуи сыхуопабгъэр.
- Уэрыншэм гъащIэр шхын мышут,
- И IэфIи фIэIуи зыхэзмыщIэу,
- Мо дыгъэ къепсыр щхьэкIуэ шут,
- Абдж къызэрыкIуэт
- вагъуэ мыщIэр.
- ЖызыIэ щыIэщ, псалъэгъэху,
- Уэ къэбгъэщIэнур къэбгъэщIауэ,
- И псалъэ кIапсэр зэрихъэху
- УфIэмыIуэхуу, къопэбжьауэу.
- Сэ зы дакъикъи семыдэIу
- Абы я псалъэ мыжьэ-мывэм -
- Къуршыпс ежэхыр
- хуэщIкъым дэгу
- Абы зыгуэрым хидза мывэм.
- Псыр тожри, мывэхэр къонэж,
- Гъуэгу зэрытехьэрэ и псыпэр
- ЗэринэкIар абы гъунэжщ
- Мывэ пкIэлъейрэ щхьэдэхыпIэу.
- Си адыгэбзэ, уэ улъэщщ,
- Зи зэманыгъуэу угурыхуэщ,
- ЦIыхугу дэтхэнэри къотIэщI,
- Уэ ущагъабзэкIэ Iэрыхуэу.
- Зэм, си бзэ, уохъури уэ жьгъыру,
- Адыгэ пшынэу уобзэрабзэ,
- Зэм къызыкъуохри уи къарур,
- ХеящIэ джатэу ар уогъабзэ.
- Анэ быдзышэу уэ уIэфIщ,
- УщыщхьэщыскIэ сабий гущэм,
- Гухэлъ уэрэди жыбоIэф,
- ЗэригъэдзэкIыу пщащэ гущIэр.
- Уэ уафIэжьгъейми, къэбгъэщIащ
- Зэрыдунейуэ зэджэ «Нартхэр»,
- Гъэ минхэр, си бзэ, уэ бгъэщIащ,
- Иджыри мащIэкъым уи натIэр…
- Си лъэпкъым щIэблэ
- къыщIэхъуам
- Насып вагъуэбэу ужьэхэпсэу,
- Я нэхъ тхьэмыщкIэ ар щыхъуам
- УреIэ уэ, си адыгэбзэ!
- КъШР,
- Хьэгъундыкъуей къуажэ.
- Тхьэмадэм и псалъэ
- Адыгэбзэм и «къигъэхъуапIэр» куууэ пIэрэ?
- Лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ нэхъ лъапIэр бзэращ. 2003 гъэм Дунейпсо Адыгэ Хасэм къищта унафэм ипкъ иткIэ, гъатхэпэм и 14-м Адыгэ тхыбзэм и махуэр догъэлъапIэ. А Iуэху дахэр хэгъэнэхукIыным лъабжьэ хуэхъуащ Бырсей Умар и «Адыгэбзэ алыфбейр» (1853) къыщыдэкIа махуэр.
- Бзэр хъума, егъэфIэкIуа зэрыхъуным егъэпIейтей дэтхэнэ хэкупсэри. Бзэр щыIэщ, мэлажьэ ар зей лъэпкъым и цIыхухэм яIурылъмэ, я унагъуэхэм щрипсалъэмэ, я щIэблэм ирагъащIэмэ, Iуэху иризэфIахыу къэрал IуэхущIапIэхэм къыщагъэсэбэпмэ. Мыбы шэч къыщIытепхьэн щыIэкъым: лъэпкъыр псом япэ зэкъуэзыгъэувэфынур анэдэлъхубзэмрэ хабзэмрэщ. Ар нэгъуэщI лъэпкъхэм къащхьэщызыгъэкIыр, и щыIэкIэ-псэукIэр къозыгъащIэр, зэрихьэ хабзэхэмрэ и дуней тетыкIэмрэ къыбжезыIэр и бзэращ.
- ЛIэщIыгъуэ блэкIам и кIэухым ЩIы хъурейм бзэуэ тету къабжа 6.000-м и ныкъуэр кIуэдыжынкIэ шынагъуэ зэрыщыIэр щIэныгъэлIхэм жаIэ зэпытщ. Ар къыхокI щIым тет ухуэныгъэхэри псэуалъэхэри тезылъэсыкI къэхъукъащIэ шынагъуэхэм, узыфэ зэрыцIалэхэм, зауэ гуащIэхэм. Къэралышхуэхэм я бзэхэм лъэпкъ цIыкIухэм яйхэр щыхэшыпсыхь къохъу. Апхуэдэуи нобэ ди гъащIэм тепщэ щыхъу интернетым и зэрани йокI «хъы» бзаджэм щыземыкIуэ бзэхэм.
- Бзэм ирипсалъэ цIыхухэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ хъумэ, ар зыщIэжхэми зыхэпсэукI дунейм къащыхуэмыгъэсэбэпмэ, абы къыпэплъэр кIуэдыжынращ. Языныкъуэ щIэныгъэлIхэм трагъэчыныхь дэхуэха бзэм зыкъыпхуемыгъэужьыжыну, ауэ щыIэщ ар къэгъэщIэрэщIэжыныр цIыхум и къару къихьыну къэзылъытэхэри.
- Адыгэбзэр къапщтэмэ, ар зэрыт щытыкIэр къэзышар лъэпкъым и нэхъыбэр зэрагъэкIуэдарщ, адэжь щIыналъэм зэрырахуарщ. Ди бзэм и гуащIэм кIэригъэхуащ илъэси 101-кIэ екIуэкIа Кавказ зауэм, убыхыбзэр зытекIуэдари аращ. Ауэ, нобэ, тхьэм и шыкуркIэ, щIалэгъуалэ гупыфI къэунэхуащ, анэдэлъхубзэр ирагъэфIэкIуэну я гуращэу. Гугъу дыдэщ а Iуэхур. Пэжщ, щыIэщ апхуэдэу къыдахыжа анэдэлъхубзэхэр. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, корнишыр инджылызыбзэм дикъузэ хъури, XVIII лIэщIыгъуэм и кIэм кIуэдауэ щытащ, иужьрейуэ къэнэжа Пентрит Долли дунейм ехыжа нэужь. Зэман дэкIри, щIэныгъэлIхэмрэ жэрдэмщIакIуэхэмрэ зэхыхьэри, «къагъэпсэужащ» корнишыбзэр. НэгъуэщI зы щапхъи. 1904 гъэм щIэрыщIэу дунейм къытехьэжащ ивритыр. Диныр зэрызэрахьэ бзэуэ, журтхэм къагурымыIуэу щытар илъэс 67-рэ хъуауэ Израилым и къэралыбзэщ.
- Дэ ди Iуэхур къапщтэмэ, журтыбзэм хуэдэу адыгэбзэр къытхуэгъэпсэужыфыну дыщымыгугъмэ нэхъыфIщ икIи лъэпкъым и къалэн нэхъыщхьэр ар хъумэнырщ, егъэфIэкIуэнырщ, абы зегъэужьынырщ.
- Кавказ зауэм дуней псом трипхъа шэрджэсхэм я бзэр илъэси 150-м къыпхахауэ, махэ хъуами, нобэр къыздэсым лъэпкъыр мыIейуэ иропсалъэ. Хэхэсхэм ар фIыуэ ящIэу щытамэ, адыгэу дунейм тетыр зэпызыщIэ лъэмыж быдэ, лъэпкъ Iуэхухэр зэрызэдэтщIэ Iэмал гъуэзэджэ хъунут.
- Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, бзэр ящIэжу хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэм я бжыгъэм махуэ къэс хощI.
- Къэтщтэнщ Иорданиер. Хьэшимит пащтыхьыгъуэм адыгэ мини 100-м нэблагъэ щопсэу. 1970 гъэхэм анэдэлъхубзэмкIэ псалъэрт абыхэм я нэхъыбэр. Нобэ адыгэбзэ зыIурылъыр мащIэ дыдэщ – процент 15 хуэдизщ. Илъэс 40 хъуауэ Амман дэтщ пащтыхьыкъуэ Хьэмзэ и цIэр зезыхьэ адыгэ курыт еджапIэ. ХьэщIэ къахуеблагъэмэ, сабийхэм адыгэ уэрэд, усэ, псынщIэрыпсалъэ, къебжэкI хуэдэхэр жраIэфынущ, ауэ зыгуэркIэ уеупщIмэ, жэуап къыуатыжыфынукъым. АбыкIэ къуаншагъэр егъэджакIуэхэм ябгъэдэлъу схужыIэнукъым. Бзэр унагъуэм щыземыкIуэмэ, школым щыбгъэтIылъ лъабжьэр махэ мэхъу, зэман докIри, зэтощэщэж. Ауэ, сыт щхьэусыгъуэ хуэхъуми, иджырей щIэблэр анэдэлъхубзэр ящIэу къэтэджыркъым.
- Iуэхур щынэхъ щIагъуэкъым илъэси 100-кIэ шэрджэсхэр щыдакъуза Тырку Республикэми. Абы адыгэ мелуани 7-м щIигъу щопсэу. Ауэ я анэдэлъхубзэр зыщIэу яхэтыр мащIэщ – мелуан ныкъуэ хъун-мыхъунщ. Иужьрей зэманым къэралым и унафэщIхэм къалъытащ лъэпкъ цIыкIухэри Тыркум зэрисыр икIи школ зыбжанэм адыгэбзэ щадж хъуащ, телевиденэми сыхьэтитI махуэ къэс къыщратащ.
- Анэдэлъхубзэм и Iуэхур щынэхъыфIт Сирием. Адыгэхэр зэуIуу щыпсэурт КъунейтIрэ къалэмрэ Джолан лъагапIэхэмрэ, лъэпкъ Iуэхуи зэрахуэрт. 1967 гъэм – махуих зауэм и зэманым – ахэр а щIыпIэм кърахуащ икIи къэрал зыбжанэм щыхэгуэша хъуащ. Нобэ СХьР-м граждан зауэ щокIуэкI. Абы и зэранкIэ адыгэхэр аргуэру зэхэзехуэн ящIащ, езыхэри адэжь щIыналъэмкIэ нэхъ къаплъэ хъуащ. ЩытыкIэр щыщIагъуэкъым Европэмрэ Америкэмри. Анэдэлъхубзэр зрагъэщIэн-зрамыгъэщIэныр мыбыхэми унагъуэ Iуэхуу, щхьэж зэрыхуейуэ щыщыту аращ, армыхъумэ къэралыр зыкIи хэIэбэркъым.
- Тхыдэм къызэригъэлъэгъуэжымкIэ, шэрджэс мамлюкхэм илъэси 135-кIэ тепщэныгъэр щаIыгъащ Мысырым. Къаруушхуэрэ мылъкуфIрэ зыбгъэдэлъа адыгэхэм анэдэлъхубзэр яхуэхъумакъым, сыту жыпIэмэ хамэщIым хэхэсым щыхузэфIэкIыр мащIэщ. Бзэр щыпхъумэфынур, абы зыщебгъэузэщIыфынур Хэкум и закъуэщ.
- 2009 гъэм Амман къалэм щекIуэкIащ бзэр хамэщIым щыхъумэным теухуауэ щыIэ хэкIыпIэхэр щызэпалъыта зэIущIэшхуэ. Абы мыпхуэдэ Iуэху къыщыхалъхьат: «Адыгэбзэмрэ щэнхабзэмрэ я центр Амман щыдухуэнущи, абы и проектым феплъ, щызэфIэтхыну ди гугъэм щыгъуазэ зыфщI». Ар Iуэху тэмэму дэ къэтлъытакъым, сыту жыпIэмэ бзэр щадж, лъэпкъ щэнхабзэр щIэблэм щыбгъэдалъхьэ IуэхущIапIэ зыбжанэ Амман дэтти. Апхуэдэщ пащтыхь Хъусейн бен-ТIалал яхуригъэщIа Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и унэр. Абы къэфапIи, зыгъэпсэхупIи, джэгупIи, лъэпкъ библиотеки, музеи, компьютер пэшхэри хэтщ. Абдежым щызэбгъащIэ хъунукъэ уи анэдэлъхубзэр, школым щыбджыну ухуэмеймэ?
- Зи гугъу тщIы центрым хуэдэ здэщыIэн хуейр адэжь щIыналъэращ. ЗэIущIэм дэ щыжытIащ ди Iуэху еплъыкIэр. «Мыбы текIуэдэну доллар мелуан бжыгъэр хамэщIым щыхэвмылъхьэу, Налшык е Мейкъуапэ реабилитацэ, реадаптацэ IуэхущIапIэ къыщызэIутх хъунущ Хэкужьым къэзыгъэзэжхэм папщIэ. Абы псори хрырет: адыгэбзэр, урысыбзэр щрагъэдж классхэри, лъэпкъ къафэхэм щыхуагъасэ, адыгэ хабзэм, щэнхабзэм гъунэгъу ухуэзыщI IэнатIэхэри. Апхуэдэу тщIымэ, Кавказым къэкIуэжхэр нэхъ тыншу лъэпкъым хэзэгъэжынт. Ар ффIэмытэмэмрэ, дэфщIыхь шэрджэс центр Израилым щыIэ адыгэ къуажитIым языхэзым – Кфар-Камэ е Рихьэние. Зи гугъу тщIы жылэхэм дэс псори анэдэлъхубзэм иропсалъэ, адыгэбзэр школхэм щадж.
- Амман дэ къыщыхэтлъхьащ Адыгэбзэм и дунейпсо фонд къызэгъэпэщын хуейуэ. Ар къэбгъэсэбэп хъунущ лъэпкъ Iуэху зепхуэу мылъкум укъыщилъахъэм деж. Адыгэхэм я хабзэр, лIыгъэр, тхыдэр къызыхэщ фильмхэр тредгъэхынтэкъэ а мылъкумкIэ, тхылъ щхьэхуэхэр, щIэнгъуазэхэр къыдэдгъэкIынтэкъэ? ЕдгъэфIэкIуэнт анэдэлъхубзэмкIэ программэхэмрэ зэреджэ тхылъхэмрэ. А псом я фIыгъэкIэ щIэблэр лъэпкъ щэнхабзэм, тхыдэм щыгъуазэ хъунт, бзэм и IэфIагъыр псэкIэ зыхащIэнт.
- Зи гугъу тщIы зэIущIэшхуэм къыщащтащ зытепсэлъыхьа Iуэхугъуэхэр къыщыгъэлъэгъуа унафэ, бзэр хъума хъун папщIэ апхуэдэ зэхуэсхэр иджыри егъэкIуэкIын хуейуи къалъытащ. Ауэ, иджыри къыхыдогъэщри, бзэр хъума щыхъунури щебгъэфIэкIуэфынури Хэкуращ. Ари а Iуэхушхуэм хуэфащэ гулъытэ хуэпщIрэ гугъу зыдебгъэхьмэщ. Анэдэлъхубзэм дрипсэлъэнырщ, ар тхъумэнырщ адыгэ псоми ди къалэн нэхъыщхьэр.
- «Адыгэбзэм сыткIэ дыхуей? Абы щIакхъуэ Iыхьэ къриблэжьыфынукъым», – жызыIэхэри, ди жагъуэ зэрыхъунщи, къытхэтщ.
- Апхуэдэхэм акъылышхуэ ябгъэдэмылъу, лъыкIэ ди лъэпкъэгъуми, псэкIэ адыгэу щымыту къызолъытэ сэ. Абыхэм зыгурагъэIуэну хуейкъым лъэпкъыр зыхъумэр бзэрауэ зэрыщытыр. Ухуеймэ, инженеру лажьэ, ухуеймэ, дохутыр IэщIагъэр къыхэх – нэхъыщхьэр гукIэ адыгэу ущытынырщ.
- Адыгэхэр тхыдэшхуэ зиIэ лъэпкъщ, армыхъумэ зы хъугъуэфIыгъуэ гуэр ещакIуэу, я щхьэ зэрагъэфIын зэрахуэу зы щIыпIэм щызэхуэжэсахэм дащыщкъым. Кавказым лъэпкъ куэд щызэблэкIащ. Абыхэм я цIэр тхыдэм къыхэна къудейуэ аращ, я бзэр ягъэкIуэдати. Хэкужьым ис адыгэхэми хэхэсхэми анэдэлъхубзэр хъумэнымкIэ щапхъэ къатехыпхъэщ хамэ къэрал щыпсэу ермэлыхэмрэ шэшэнхэмрэ. Ар абыхэм я унагъуэхэм щызекIуэ хабзэщ, зэрызахъумэж губзыгъагъэщ.
- Дяпэ итахэм тхуахъума бзэр дэ Iумпэм тщIымэ, лъэпкъкIуэдыр къытхуэкIуауэ аращи, апхуэдэ къэмыхъуным дэтхэнэ зыри дыхуэлэжьэн хуейщ. Псом хуэмыдэу абыкIэ къалэнышхуэ я пщэ къыдохуэ анэдэлъхубзэ езыгъэджхэм. И сабиигъуэм цIыхум зригъэщIар зэи IэщIэхужынукъым. ЩIэблэм адыгэбзэр фIыуэ иригъэлъагъумэ, абы пыIуимыгъэщту дригъэхьэхмэ, егъэджакIуэм лъэпкъым къалэнышхуэ хуигъэзащIэу къэлъытапхъэщ.
- Адыгэу хэкум исыр мин 800 хуэдиз дохъу. Бзэр мыкIуэдын щхьэкIэ ар гъэлэжьэн, иIэ къалэнхэм къахэгъэхъуэн, ипэжыпIэкIэ къэралыбзэу щытын, унагъуэм илъын хуейщ. ТхакIуэ, усакIуэ цIэрыIуэхэу ЩоджэнцIыкIу Алий, КIыщокъуэ Алим, КIэрашэ Тембот, Уэхъутэ Абдулыхь, МэшбащIэ Исхьэкъ, Тхьэгъэзит Зубер, IутIыж Борис, Бещтокъуэ Хьэбас, Бицу Анатолэ, Ацкъан Руслан, Дыгъужь Къурмэн, Нэхущ Мухьэмэд, Бемырзэ Мухьэдин, Мыкъуэжь Анатолэ сымэ адыгэбзэр шэрыуэу къыщIагъэсэбэпыфар ар абыхэм я адэшхуэ-анэшхуэхэм, нэгъуэщI нэхъыжьыфIхэм екIуу, нэгъэсауэ яIурылъти аращ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, я бзэ «къигъэхъуапIэр» куут. Ди жагъуэ зэрыхъущи, нобэ къытщIэхъуэ щIэблэм я бзэр ныкъуэщ. Ар зи лажьэри дэращ – нэхъыжьхэрщ. АдыгэбзэкIэ къыдэкI газетхэм, журналхэм еджэр мащIэщ. Радиомрэ телевиденэмрэ а Iуэхум халъхьэфынухэр нэсу къагъэсэбэпыну Iэмал яIэкъым. А псори зэран мэхъу адыгэбзэр цIыхубэм куууэ къащтэнымкIэ.
- Бзэм зэманым зыдиужьыным, къытщIэхъуэ щIэблэм яIурылъхьэным и хэкIыпIэр сыт? Иджыпсту нэхъыщхьэр дунейм адыгэу тетыр щызэрылъагъу, я Iуэху щызэрыщIэ телевиденэ Налшык е Мейкъуапэ къыщызэгъэпэщынырщ. А каналыр зэрылэжьэн хуей щIыкIэм и щапхъэ гъунэжу щыIэщ. Пщэдджыжьым лъэпкъ уэрэдхэр, къафэхэр, псысэхэр, театрым игъэзащIэхэр сабийхэм ябогъэлъагъу. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми ныбжьыщIэхэр дихьэхынущ, бзэр фIыуэ иригъэлъагъунущ. Нэтынхэр къыхэщыпыкIауэ, къытрамыгъэзэжу щытыпхъэщ. Хабзэр, бзыпхъэр щIэблэм езыгъащIэ тхылъхэми дыхуейщ. ИнтернетымкIэ, телевизорымкIэ анэдэлъхубзэ дерсхэр егъэкIуэкIын хуейщ, дэнэкIэ щыIэ адыгэми бзэр иджыфын, зригъэщIэфын папщIэ. А Iуэхухэр зэфIэзыхыфын IэщIагъэлIхэри ди мащIэкъым.
- Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым щыпсэу адыгэхэри анэдэлъхубзэр хъумэным гугъу дохь, ар къэралыбзэу республикищым щыщытми.
- Нобэ адыгэбзэкIэ псалъэу а щIыналъэхэм щыIэ телеканалхэр куэдым ялъагъуркъым. Республикэхэм я къалэ, къуажэ псоми ахэр нэсын папщIэ, дэ диIэн хуейщ бжыгъэ телевиденэ лъэщ, сыхьэт 24-кIэ лажьэу. Къызэгъэпэщыжын хуейщ лъэпкъыбзэхэмкIэ екIуэкIыу щыта жылагъуэ-политикэ, литературэ, драмэ, щIалэгъуалэ, сабий, макъамэ нэтын купщIафIэхэр. Бзэм и дахагъымрэ и IэфIагъымрэ зыхозыгъащIэ Iэмэпсымэ лъэщу диIа телевиденэр лъэпкъым тэмэму хуэгъэлэжьэн хуейщ, Шэшэным, Тэтэрстаным, Ингушым, КъШР-м, Башкирием зэрыщылажьэм хуэдэу. Бзэм и IэфIагъым пэувыфын гурыщIэ щыIэкъым. Ар зэ зыхэпщIамэ, сыт щыгъуи уи Iум, уи гум илъу упсэунущ.
- Бзэр икIэщIыпIэкIэ гъэкъэбзэным яужь ихьапхъэщ. Сыт хуэдиз хамэ псалъэ къэдгъэсэбэпрэ, ди бзэмкIэ абыхэм я мыхьэнэхэр къызэрыдгъэлъэгъуэн диIэу? Девгъэплъыт: бжыгъэхэр, махуэцIэхэр, мазэцIэхэр адыгэбзэкIэ жытIэу пIэрэ? ЖытIэркъым. АтIэми, «Адыгэ псалъэ» газетым бзэм хигъэхьэжащ псалъэ 300-м щIигъу, языныкъуэ щIэныгъэлIхэм ар къамыщтэми. Уи щхьэм пщIэ хуумыщIыжмэ, хэт къыпхуэзыщIынур? Уи бзэмкIэ къыпхуэIуэтэну гупсысэр хамэбзэкIэ щIыжыпIэн щыIэкъым.
- КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэмрэ «Адыгэ псалъэ» газетымрэ, илъэс 15-кIэ узэIэбэкIыжмэ, къыхалъхьауэ щытащ «Си бзэ – си псэ, си дуней» зэпеуэр. Адыгэбзэр хъумэным, ар щIэблэм яIурылъу къэгъэтэджыным, курыт еджапIэхэм гулъытэ нэхъыбэ щигъуэтыным теухуауэ къетхьэжьа Iуэхум илъэс къэс республикэм зыщиубгъурт. Зы гъэ еджэгъуэм къриубыдэу еджакIуэ 1500-2000-м нэблагъэ, школ 20-м щIигъу щыхэт щыIэу екIуэкIащ Iуэху дахэр, уеблэмэ, къызэрыгуэкI зэпеуэ жыпхъэм икIри, щIыналъэ зэхыхьэм хуэкIуащ. IуэхуфIыр къыддащтащ Адыгейми, Къэрэшей-Шэрджэсми, Шапсыгъми.
- Ди жагъуэ зэрыхъущи, КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм «Адыгэ псалъэ» газетри, Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ хасэхэри лъэныкъуэ дригъэзри, 2015 гъэм а зэпеуэр иригъэкIуэкIащ. Къыхэзгъэщыну сыхуейщ мыри: зэхьэзэхуэр адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ егъэкIуэкIыныр зи пщэ дэлъыр адыгэбзэ зымыщIэ бзылъхугъэщ. Адыгэ школхэм щекIуэкI Iуэхур къэзыпщытэн хуейр ди бзэр зыщIэ IэщIагъэлIщ. Абы и лъэныкъуэкIэ жыджэру къытхэту, министерствэм и пщэ къыдэхуэ къалэнхэр къызыхуэтыншэу зэфIигъэкIыу дэ къыддэлэжьащ методист цIэрыIуэ Балэ (Емкъуж) Людмилэ. Иджыри апхуэдэу а Iуэху щхьэпэр зэтеублэжыпхъэу къызолъытэ.
- Сэ жысIэркъым «Си бзэ – си псэ, си дуней» республикэпсо зэпеуэм бзэр напIэзыпIэм къиIэтыжыну, зригъэужьыну. Ауэ сабийхэр анэдэлъхубзэм хуэгъэушынымкIэ, лъэпкъ къафэм, уэрэдым, макъамэм щIэпIыкIынымкIэ, хабзэр, IуэрыIуатэр, тхыдэр егъэщIэнымкIэ, адыгэхэм зэрахьэу щыта Iэщэ-фащэхэр, хьэпшыпхэр, Iэмэпсымэхэр егъэцIыхунымкIэ зэхьэзэхуэм иIэ мыхьэнэр къыпхуэмылъытэным хуэдизщ.
- КъищынэмыщIауэ, адыгэбзэр курыт школхэм зэрыщрагъэдж щIыкIэр егъэфIэкIуэныр, егъэджакIуэфIхэм я лэжьыгъэр гъэлъэпIэныр, ди бзэм и пщIэр къэIэтыжыныр нобэ къэс ди мурад нэхъыщхьэти, хъарзынэу къыдэхъулIэрт.
- Бзэм и къэкIуэнум и гугъу щытщIкIэ, мыпхуэдэ упщIи щыIэщ. Дунейпсо Адыгэ Хасэм илъэс зыбжанэ хъуауэ щытопсэлъыхь зыуэ щыт адыгэ литературэбзэ зэхэлъхьэным и Iуэхум. Мыр щIэныгъэлIхэм я нэхъыбэм мыхъуну къалъытэ. Абы нэхъ тегушхуэр а Iуэхум хэзымыщIыкIхэрщ, бзэм иримылажьэхэрщ. Ахэр мыхэкупсэу жысIэркъым, ауэ бзэм ухэлэжьыхьын папщIэ, абы и зэхэлъыкIэм куууэ хэпщIыкIын хуейщ.
- Зыуэ щыт адыгэ литературэбзэ къэгъэщIыныр, IэлыфбеищIэ зэхэлъхьэныр, зы бзэм техьэныр хуабжьу гугъущ. Сэ сызэреплъымкIэ, мы Iуэхум тепсэлъыхьын хуейри, иужь итыпхъэри бзэ щIэныгъэлIхэрщ. Тхыбзэр зэщхь тщIын папщIэ Iэлыфбейм и закъуэкъым зэдгъэзэхуэн хуейр, атIэ пэжырытхэми елэжьыпхъэщ. А псори зэтхъуэкIмэ, нобэ бзэр зыщIэ, абы иритхэ, ирилажьэ мащIэми ар яIэщIэхунущ.
- 1963 гъэ лъандэрэ къокIуэкI зи гугъу тщIы псалъэмакъыр. Иджыри къыздэсым Iуэхур и пIэ щIимыкIар мыхъумыщIэу къыпэкIуэнур зэрынэхъыбэр аращ. Зы тхыбзэ уиIэн папщIэ, зы щIыналъэ узэдису щытыпхъэщ. Дэ ди республикэхэр щхьэхуэу мэпсэу, уеблэмэ Урысейм и щIыналъэ зэпэщхьэхуэщ дызыхыхьэр.
- Ди псэлъэкIэр зы диалектым хуэгъэкIуэн хуеймэ, ар нэхъ тынш хъуну къыщIэкIынщ. Диалект зыбжанэ зиIэ лъэпкъыр зым щыхуэкIуэкIэ япэ ирагъэщыр нэхъыбэр зэрыпсалъэ бзэращ, етIуанэу зэплъыр нэхъ зызыужьарщ. Абы тепщIыхьмэ, дэ дызыхуэкIуэн хуейр мелуан ныкъуэр зэрыпсалъэ къэбэрдеибзэращ, армыхъумэ мин 40-м яIурылъ бжьэдыгъубзэракъым. КIахэм я псэлъэкIэмрэ дэрэ нэхъ дызэрызэтемыхуэр макъхэращ, дэ димыIэу макъ зыбжанэ хэтщ абыхэм я бзэм, кIахэм ямыIэу дэ диIэр хьэрфищ къудейщ. Къэбэрдейм нэхъ зыщиужьащ адыгэбзэм, кIахэхэм нэгъуэщIыбзэхэм ящыщу къагъэсэбэп псалъэ куэд дэ ди анэдэлъхубзэм къидгъэтIэсащ, тхэкIэри жыпхъэ гъэпсам тетщ.
- ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд,
- «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ,
- ЩIДАА-м и вице-президент, Урысей Федерацэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ.
- Щапхъэ
- Борыкъуей Iэсият: «Си гъэсэнхэм я ехъулIэныгъэхэм си лъэр щIагъэкI»
- ЩIэблэр пщэдейрей махуэм хуэзыгъэуш, анэдэлъхубзэм хуэнэхъуеиншэ, Урысей Федерацэм егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Налшык дэт курыт школ №25-м адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж Борыкъуей (Уэрэзей) Iэсият Пщымахуэ и пхъур Къулъкъужын Ипщэ къуажэм къыщалъхуащ. «Адыгагъэр псом ящхьэщ» къыхуеджэныгъэм къыщIэтэджыкIащ бынунагъуэр. Зэанэкъилъхухэр зэкъуэшитIрэ зэшыпхъуитIрэ мэхъури, абыхэм ящыщу Iэсият илъэс 35-м нэблэгъауэ адыгэбзэм толажьэ. Абы и дэлъху нэхъыжь Уэрэзей Афлик цIыхубэм фIыуэ ялъагъу, зи пщIэр лъагэ адыгэ усакIуэ гъуэзэджэщ.
-
Борыкъуей Iэсият
Школ нэужьым Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым филологиемкIэ и къудамэр ехъулIэныгъэкIэ къызэриухам папщIэ, Iэсият ягъэкIуат щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым щылэжьэну. Егъэджэныгъэм зи псэр хуеIэ бзылъхугъэр абы куэд дэмыкIыу къыIукIыжащ икIи школым уващ, адыгэбзэм щIэблэр хуригъэджэну. Нобэр къыздэсым а IэщIагъэм фIэфIу иролажьэ. Адыгэбзэм и махуэм и пэ къихуэу егъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэм упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ.
- - Iэсият, егъэджакIуэ IэщIагъэр къыщIыхэпхам и щхьэусыгъуэр сыт?
- - Ар лэжьыгъэ щIысхуэхъуам и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр адыгэбзэр гурэ псэкIэ фIыуэ зэрыслъагъуращ. Абы и мызакъуэу, сэ егъэджакIуэ гъуэзэджэхэр сиIащ: КъуэщIысокъуэ Хьэжысмелрэ Нанэ Любэрэ. Абыхэм зыхызагъэщIащ ди бзэм и къулеягъыр. Езы егъэджакIуэхэми ядэслъэгъуа адыгэ нэмыс дахэри хэтщ нобэрей си IэщIагъэр къыхэсхын хуей щIэхъуам. А псом къищынэмыщIауэ, сэ сабий фIыуэ солъагъу, жэщи махуи щIэблэщIэм сахэтыфынущ. Аращ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым сыкъыIукIыжу школым сыкъыщIэувари. Апхуэдэу зэрысщIам зэи сыхущIегъуэжакъым.
- - «Iэсият анэдэлъхубзэм хуэлэжьэным къыхуалъхуащ», – къыпхужаIэ уи лэжьэгъухэм. КъыдэкIуэтей щIэблэм я ехъулIэныгъэм епхьэлIэ уи гуащIэм къыпэкIуэхэр ядэплъагъужрэ?
- - Дэтхэнэ егъэджакIуэми и дежкIэ псом ящхьэр и еджакIуэхэм я ехъулIэныгъэращ. Тхьэм и шыкуркIэ, дэрэжэгъуэ къызэзыт, сызэрыгушхуэ еджакIуэ зэчиифIэхэр си мащIэкъым. Къалэми республикэми щрагъэкIуэкI зэхьэзэхуэхэм, олимпиадэхэм жыджэру хэтщ ди еджакIуэхэр. Япэ увыпIэр мызэ-мытIэу къытхуагъэфэщащ, етIуанэр къыщыдатаи къэхъуащ, тыгъэ зэхуэмыдэхэр зыхуащIа цIыкIухэри диIэщ. Зы илъэси къанэркъым унэтIыныгъэ пыухыкIа гуэрхэмкIэ япэ, етIуанэ увыпIэхэр къалэм, республикэм къыщыдмыхьу.
- - Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэм, Адыгэбзэм и махуэм ятеухуауэ мы гъэм сыт фи мурад?
- - Адыгэбзэм и пщIэр къэIэтынымкIэ, хуащI гулъытэр хэгъэхъуэным хуэунэтIауэ мыхьэнэшхуэ зиIэ лэжьыгъэхэр идогъэкIуэкI. Лъэпкъым и тхыдэм, IуэрыIуатэм, литературэм, бзэм, адыгэ хабзэм щIэблэр дегъэхьэхынымкIэ программэхэр зэхыдолъхьэ. КъищынэмыщIауэ, сабий усакIуэ Щоджэн Леонид и ныбжьыр илъэс 80 зэрырикъур хуэдгъэлъэпIэн мурадкIэ лэжьыгъэ щхьэпэхэр догъэхьэзыр. ЕгъэджакIуэхэм я Iуэху зехьэкIэм теухуа зэпеуэ екIуэкIынущи, абыи дытолажьэ.
- - Лэжьыгъэ и лъэныкъуэкIэ узыщIэхъуэпс псори къохъулIауэ убжрэ, Iэсият?
- - Хьэуэ. Ар къызэхъулIауэ щызбжынур ди лъэпкъыр, ди бзэр, щэнхабзэр ипэкIэ кIуатэу, ди тхыдэр нэхъ куууэ зэраджыным щIэблэр хущIэкъуу слъагъумэщ. Адыгэбзэм дихьэх еджакIуэхэри диIэщ, ауэ апхуэдэхэр япэм нэхърэ нэхъ мащIэ хъуащ.
- Адыгэбзэр – ар адыгэ лъэпкъым и гупсэщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, нобэкIэ ди бзэм хуэфащэ пщIэ хуэзымыщI, абы иримыпсэлъэф адыгэхэр куэдщ. Адэ-анэм я быным Iуралъхьэн хуейщ сабийм къыдалъхуа я анэбзэр. Псом хуэмыдэу, сигу къоуэ адыгэ унагъуэм къыхэкIа сабийхэр адыгэбзэ еджэн хуэмейуэ къэзылъытэ адэ-анэхэм къазэрыхэкIыр. Абы теухуауэ пщIэ лей хуэфащэщ ди школым и унафэщI Сокъур Ларисэ. Адыгэ унагъуэ къыхэкIа сабийр школым къыщыщIагъэтIысхьэм деж, Сокъурым адэ-анэм яхуегъэув я быным Iэмал имыIэу адыгэбзэ иджын хуейуэ. Ар Iуэху щхьэпэ дыдэщ. Сабийхэм адыгэбзэр япэм нэхъ куууэ едгъэджыфу щытамэ, иджы я анэдэлъхубзэм ирипсалъэу едгъэсэф къудейщ. Ар икъукIэ сызыгъэпIейтей Iуэхугъуэщ.
- - Iэсият, бынитI узэриIэм сыщыгъуазэщ. Сыт абыхэм я IэщIагъэр?
- - БынитIым я мызакъуэу, нысэкIи насыпыфIэ сыхъуащ. Нэмысышхуэ зэрылъ унагъуэ къыхэкIащ а бзылъхугъэ цIыкIур. Псом ящхьэращи, къуэрылъху дыгъэ цIыкIу диIэщ (Инал). СыкъигъэщIэрэщIэжу къысщохъу а фIыгъуэ цIыкIум.
- Си щIалэ нэхъыжь Анзор КъБКъУ-м и финанс къудамэм и унафэщIщ, экономикэ щIэныгъэхэм я кандидатщ. ЩIалэ нэхъыщIэ Ислъам гум еIэзэ дохутырщ, медицинэ щIэныгъэхэм я кандидатщ.
- Епсэлъар ЖЫЛОКЪУЭ Лусанэщ.
-
Токъу Сарэ
-
Дадэ Суфэдин
-
Быгуэ Маринэ
-
ЛIыIэщын Людмилэ
- Хущхъуэ пэлъытэ
-
Анэдэлъхубзэр – хущхъуэ пэлъытэщ.
-
Бзэр гурылъыр къызэраIуатэ Iэмалщ.
-
Дэтхэнэ зы лъэпкъми и тхыдэм нэхъыфIу щыгъуазэ зэрызыхуэпщIыфынур абы и анэдэлъхубзэмкIэщ.
-
Бзэр лъэпкъым и гупсысэхэр къызэрыщ гъуджэщ.
-
Акъыл закъуэкIэ бзэр пхузэгъэпэщынукъым, ар – лъэпкъпсо хъугъуэфIыгъуэщ.
-
-
* * *
-
ЦIыхум узэрыщыгугъ хъунур кърипщIэфынущ ар и анэдэлъхубзэм зэрыхущытымкIэ.
-
Уи Хэкур фIыуэ пхуэлъагъунукъым, уи анэдэлъхубзэр фIыуэ умылъагъуу.
-
Паустовский Константин
-
Зи бзэм елъэпауэр уи псэми елъэпэуэфынущ. Бзэмрэ псэмрэ зэтохуэ.
-
Елбэд Хьэсэн
-
Бзэр зей лъэпкъым и тхыдэщ.
-
Бзэр зыужьыныгъэм ухуэзышэ гъуэгущ.
-
Куприн Александр
- Къамыгупсыса хъыбар
- Анэдэлъхубзэ
- Зи анэдэлъхубзэр Iумпэм зыщIхэм, зэзымыпэсыжхэм дерс къыхахыну ди гугъэщ иджыпсту вжетIэжыну хъыбарым. Ар къэзыIуэтэжар Тыркум щыпсэуа адыгэ щIалэ Тхьэзэплъ Фозийщ.
- Ещанэ классыр къэдухыу еджапIэм дыкъыщаутIыпщам ди адэм: «Iуэхуншэу ущыс нэхърэ, зы лэжьыгъэ гуэр пэрыуви нэхъыфIщ», – щыжиIэм, арэзы сыхъури, цIыхубз хьэпшып зыщэ ди тырку цIыхугъэ гуэрым гъусэ зыхуэсщIащ. Къуажэ-къуажэхэр къызэхэткIухьурэ, сату тщIырт…
- Апхуэдэу къэткIухьурэ, илъэсым и ебланэ мазэм и епщыкIутхуанэ махуэм, дунейр хуабэвэхыу гъуэгу дыздытетым, щхъуантIагъэм зэщIищта къуажэ къабзэлъабзэ цIыкIу къэтлъэгъуащ. Къуажэбгъум дыкъыщыувыIэри, тIэкIу зыдгъэпсэхуну жьауапIэм дыщIэтIысхьащ. ТыркуитI си гъусэу арати, абыхэм гур лъэныкъуэкIэ ягъэуващ, сэри псы, ерыскъы, къинэмыщIу дызыхуеину- хэр къэсщэхуну къуажэм сыдагъэхьащ.
- Тыкуэнтесыр зи ныбжьыр илъэс пщIейм нэсагъэн фызыжь гуэрт.
- - Къеблагъэ, сытым укъытхуихьа? – къызэупщIащ фызыжьыр тыркубзэкIэ.
- Сызыхуейр жесIа къудейуэ, щIалэ цIыкIуищ къыщIэлъадэри, стIолым тет радиор ину драшеящ. Апхуэдэу щыхъум, нанэр щIалэ цIыкIухэм: «Емынэ узым имыхьынхэ, иджыри къэс дахэ-дахэу зекIуэкIэрэ IэбэкIэрэ фэзгъэщIэфакъым», – жиIэри адыгэбзэкIэ ящIэкIиящ, ар тырку щIалэ цIыкIухэм къазэрыгурымыIуар нэрылъагъу пэтми.
- Нанэр адыгэбзэкIэ къыщыпсалъэм, сыкъэуIэбжьащ икIи сеупщIащ:
- - Нанэ, уэри уадыгэ?
- Ар щызэхихым, нанэр сэр нэхърэ нэхъ Iеижу къэуIэбжьащ, зэкIэщIэзызэу и пIэм ижыхьащ, и бзэр иубыда фIэкIа умыщIэу, зыгуэр жиIэнуми, и Iупэхэр игъэпIэжьажьэ мыхъумэ, зыри къыхудэмышейуэ. Зэми си дежкIэ къэкIуэн хуэдэу къоIэ, ауэ и пIэм имыкIыфу, зэщIэскъыскъэу щытщ.
- Апхуэдэу щыхъум, къемызэгъ гуэр къызжьэдэхуауэ пIэрэ жысIэри, гуитIщхьитI сыкъэхъуащ.
- - Уэ, си щIалэ, адыгэбзэкIэ иджыри зэ къэпсалъи, мы слъагъур пщIыхьэпIэрэ нахуапIэрэ къэзгъащIэ, – жиIащ нанэм.
- Фызыжьым и щытыкIэр щыслъагъум:
- - Уа, нанэ, сыт апхуэдизу узыгъэпIейтеяр? Сэри сыадыгэщ, – жысIэри, нанэм сыщыбгъэдыхьэм, сызрикъузылIэри, моуэ илъэс IэджэкIэ имылъэгъуа, куэд лъандэрэ зыпэплъэ и быным хуэзэжа хуэдэ, и бгъэгум сыщIигъэзэрыхьауэ си щхьэм Iэ къыделъэ, ба къысхуещI, мэгъуэг.
- Зэрыгъым хуэдэурэ, нанэм жиIа псалъэхэр зэи сигу ихужыркъым: – «Сэ нобэ мы махуэр Тхьэм сигъэлъэгъуащ, – жи. – Сэ зы пщэдджыжьи сыкъэтэджакъым, зы пщыхьэщхьи сыгъуэлъыжакъым жьыми щIэми, цIыхубзми цIыхухъуми, зы адыгэ сымылъагъужауэ сумыгъалIэ жысIэу Тхьэм семылъэIуу. Иджы Тхьэм си псэр сIихми, си гур згъэтIылъауэ, сыарэзыуэ естынущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ си анэдэлъхубзэмкIэ псалъэ зы щIалэ нобэ Тхьэм сигъэлъэгъуащи…»
- Нанэм и гъыныр тIэкIу щызэпигъэум, сеупщIащ:
- - Нанэ, адыгэбзэм мыпхуэдизу уи нэр къыхуикIыу укъэнэныр дауэ ухъу?
- Апхуэдэу сыщеупщIым, нанэм мыр къызжиIащ:
- - Уэ, си щIалэ дахэ, сэ дунейм сыкъыщытехьам си анэр дунейм ехыжащ. ИлъэситIым си ныбжьыр иту си адэри лIэри, зеиншэ къабзэу дунейм сыкъытенащ. Си анэшым сапIыжащ. Илъэс пщыкIух хуэдиз си ныбжьыну ди къуажэм тырку гуп нэкIуауэ щытащ, шы къащэхуну. Шыри къащэхури, ежьэжыну загъэхьэзырауэ, псы фалъэ къыщыщIэлъэIум, псы щIэсхри яхуэсшиящ. Зыхуэсшияр занщIэу къапхъуэщ, сиIэтщ, и шыплIэм сыдидзэри срахьэжьащ. Я гъусэхэм ящыщ гуэрым нысэу сыхуахьащ. Ар си къэкIуэкIэу мы къуажэм сыкъэкIуащ. Мыр тырку жылэщ, игъащIэм зы адыги щыпсэуакъым, адыгэбзэкIэ псалъи къыдыхьакъым. Аращи, нобэ си ныбжьыр илъэс тIощIиплIым нэсами, сыцIыкIуу сыкъызэрадыгъурэ зы адыгэбзэ зэхэсхакъым. Нобэ уэ къысхуэпхьа насыпым и инагъыр пхуэIуэтэщIынукъым…
- Апхуэдизрэ и лъэпкъэгъу имылъэгъуауэ, емыпсэлъауэ, и анэдэлъхубзэр зэрыщымыгъупщэжар сфIэгъэщIэгъуэну нанэм сыщеупщIым, къызжиIащ:
- - Си бзэр сщымыгъупщэжын щхьэкIэ, Алыхьым и зы махуэ дэзмыгъэкIыу гъуджэм сыкIэрыувэурэ сэр-сэру сызэпсэлъэжырт. «Си адыгэ сыхуэгъэзэж, си адыгэ сегъэпсэлъэж», – жысIэурэ Тхьэм селъэIурт. Унэм щIэлъ хьэпшыпхэм сепсалъэрт…
- СыкъыщыдэкIыжым нанэм зыкъысщимыгъэнщIу ба къысхуищIу, Iэ къыздилъэу IэплIэешэкIкIэ сыкъригъэжьэжащ.
- Сыпсэуху сщыгъупщэнкъым а нанэр.
- Зытхыжар УЭРЭЗЕЙ Афликщ.
- Адрейхэм дахагъэкIэ къащхьэщокI
-
Пасэрей кавказ лъэпкъыжь дыдэхэм ящыщщ адыгэхэр. Абыхэм я бзэр адрей кавказыбзэхэм псалъэкIи ухуэкIэкIи къащхьэщокI, я макъхэр апхуэдизкIэ къэпсэлъыгъуейщи, сэ сызыщыгъуазэ алфавитхэм псори къыпхуигъэтIэсэнукъым. Дэтхэнэ макъми къэпсэлъыкIэ зыбжанэ иIэщ, зы европеи бгъуэтынукъым ахэр къыхуэпсэлъыну.
-
БЛАРАМБЕРГ Иоганн, нэмыцэ генерал. 1834 гъэ
- Тхылъ еджэ ныбжьыщIэхэр нэхъ мащIэ мэхъу
- ЮНЕСКО-м къищта унафэм ипкъ иткIэ, Анэдэлъхубзэм и махуэр 2000 гъэ лъандэрэ ягъэлъапIэ. Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым хыхьэ педколледжым а Iуэхум егъэщIылIауэ лъэпкъ щэнхабзэм и тхьэмахуэм и программэ зэхилъхьащ. Мы лэжьыгъэр нэхъ зэгъэбыдылIауэ щытыр а IуэхущIапIэм Лъэпкъ филологиемкIэ и центрым и егъэджакIуэхэрщ. Абы къызэщIиубыдэ Iуэху зэмылIэужьыгъуэхэм ящыщщ лъэпкъ музейм, сурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм кIуэныр, балъкъэр лъэпкъым кIэлъызэрахьа политикэ залымыгъэм и зэран зэкIахэм я фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьэныр, Лъэпкъ щэнхабзэм и махуэр ирагъэкIуэкIыныр, КъБР-м и тхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэтхэм яхуэзэныр, КъБКъУ-м лъэпкъ щэнхабзэмкIэ и центрхэм щызэхыхьэныр, адыгэ уэрэдымрэ лъэпкъ пшынэмрэ я пщыхьэщхьэм жыджэру хэтыныр.
А программэм ипкъ иткIэ иджыблагъэ студентхэм ирагъэкIуэкIащ зэIущIэ щхьэпэ. Ар ятеухуауэ щытащ лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм, абыхэм я тхыдэм, я хабзэ зехьэкIэхэмрэ я шхыныгъуэхэмрэ. ЕджакIуэхэр усэхэм къеджащ, я лъэпкъ шхыныгъуэхэр пщэфIынымкIэ зэпеуащ, я къафэхэр къагъэлъэгъуащ. ЗэIущIэм кърихьэлIащ Тыркум къикIа хьэщIэхэри. Абы и мызакъуэу студентхэр яхуэзащ КъБР-м и тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ. Педагогикэ колледжым щеджэхэм яхуеблэгъащ КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ КхъуэIуфэ Хьэчим, «Минги-Тау» журналым и редактор нэхъыщхьэ Додуев Аскэр, «Кабардино-Балкарская правда» газетым и лэжьакIуэ, усакIуэ Моттаевэ Светланэ сымэ.
- Пшыхьыр къызэIуахыу кърихьэлIахэм хьэщIэхэр ирагъэцIыхуа нэужь, тхакIуэхэм чэзууэ псалъэ иратащ. Дэтхэнэ зыми тегъэщIапIэ ищIар и анэдэлъхубзэрщ. КхъуэIуфэ Хьэчим утыку къыщихьэм, абы къыхигъэщащ дэтхэнэ зы лъэпкъым дежкIи анэдэлъхубзэм иIэ мыхьэнэм и инагъыр, абы хуэфащэ пщIэ егъэгъуэтыным, бзэр хъумэным, адэкIи зегъэужьыным хущIэкъун зэрыхуейр. Абы жиIащ: «Ди жагъуэ зэрыхъущи, тхылъ еджэ щIалэгъуалэр нобэкIэ нэхъ мащIэ хъуащ, къинэмыщIауэ, тхылъ щапIэ куэди зэхуащIащ. Ар дызыгъэпIейтей Iуэхугъуэщ. Сэ сыхуейщ апхуэдэ гукъеуэхэр IэщIыб хъуну. Псом хуэмыдэу сигу къоуэ, ди лъэпкъыр къэсщтэнщи, щIэблэм я нэхъыбэр адыгэбзэкIэ зэрымыпсэлъэфыр, школхэм, сабий гъэсапIэхэм адыгэбзэм хухах сыхьэт бжыгъэр зэрыщымащIэр. Апхуэдэ щытыкIэм хэкIыпIэ къыхуэдгъуэтын хуейщ, сыту жыпIэмэ ди бзэр кIуэдыжынкIэ шынагъуэ щыIэщ. Бзэ зимыIэжыр лъэпкъыж- къым».
Додуев Аскэр и деж чэзур щынэсым, педколледжым и унафэщI Байчекуевэ Нинэ фIыщIэ псалъэкIэ зыхуигъэзащ, медали хуигъэфэщащ.
- Моттаевэ Светланэ псалъэ щратым, абы жиIащ: «Ди адэжьхэм зэрахьэу щыта хабзэ дахэр нобэрей ди щIэблэм яхэлъамэ, ди бзэри хабзэри тхъумэфынут. Дяпэ ища ди нэхъыжьыфIхэм лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм мыхьэнэшхуэ ирату щытащ. Псалъэм и хьэтыркIэ, балъкъэрхэр адыгэ унагъуэхэм щыхьэщIэрт, я хабзэр, бзэр зрагъащIэрт, адыгэхэри апхуэдэу балъкъэрхэм, урысхэм яхуеблагъэу щытащ. Ди анэдэлъхубзэхэр зэрытхъумэным, лъэпкъхэм дякум зэныбжьэгъугъэ дэлъыным дыхущIэвгъэкъу».
- ТхакIуэхэм жэуап иратащ студентхэм я упщIэ псоми.
- ЗэIущIэм и кIэухыу хьэщIэхэм педколледжым и егъэджакIуэхэм фIыщIэ хуащIащ, я анэдэлъхубзэр яIурылъу, хабзэ яхэлъу гъуэгуанэ дахэ теувэну студентхэм ехъуэхъуащ.
- АфIэунэ Гуащэ.
- КъежьапIэ
- ЩIэблэм я гъэсэныгъэм ехьэлIауэ дэтхэнэ лъэпкъми езым и жыпхъэрэ щапхъэрэ иIэжщ. Ар зэлъытар абы и цIыхухэм яку дэлъ зэхущытыкIэмрэ жылагъуэм щытепщэ гупсысэмрэщ. Нобэ, дунейм зыщихъуэж зэманым, гъэсэныгъэми зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьэ. Ауэ сыт хуэдэ лъэхъэнэми адыгэхэм ди дежкIэ нэхъыщхьэр лъэпкъ хабзэ, нэмыс зыхэлъ щIэблэ къытщIэхъуэнырщ. Гъэсэныгъэри зыхуэгъэпсауэ щытын хуейри аращ.
А гупсысэм хуэунэтIауэ щытщ сабий зэчиифIэхэр щеджэ Лицейм и егъэджакIуэхэм я лэжьыгъэри. Абы и щыхьэтщ еджапIэм и унафэщI Петросян Валерий и жэрдэмкIэ къызэрагъэпэщу адыгэбзэмрэ литературэмрэ езыгъэджхэу Шэмпар Мадинэрэ Щоджэн Iэминатрэ Адыгэ тхыбзэм и махуэм ирихьэлIэу иджыблагъэ лицейм щрагъэкIуэкIа Iуэхугъуэр.
- 10-11 – нэ классхэм щеджэ ныбжьыщIэхэм къалэн нэхъыщхьэу зыхуагъэувыжат анэдэлъхубзэм цIыхум и гъащIэм щиIэ мыхьэнэм, ар егъэфIэкIуэнымкIэ, хабзэр хъума хъунымкIэ, лъэпкъ тхыдэр ящIэу щIэблэр къэхъунымкIэ адыгэ литературэр джыным сэбэпынагъыу пылъым теухуауэ я гупсысэхэр къаIуэтэну.
- «ЦIыхум и анэдэлъхубзэр ар зэрыгупсысэ бзэращ», – жиIауэ щытащ урыс псалъалъэ цIэрыIуэр зэхэзылъхьа Дал Владимир. Мы еджакIуэ цIыкIухэм я гупсысэкIэми, я гупсысэр къызэрагъэлъагъуэ бзэми дэбгъуэн щымыIэу гуакIуэщ, удэзыхьэхщ.
- - Си анэм къысIурилъхьа си адыгэбзэм пэсщIынрэ ар зэрысхъуэжынрэ щыIэкъым. НэхъапэкIэ сызыщымыгъуэза адыгэ псалъэщIэ гуэр къэсщIамэ, хъугъуэфIыгъуэ къысхэхъуам хуэдэу согуфIэ, – жеIэ 11-нэ классым щеджэ Къущхьэ Заремэ.
Апхуэдэу, дэтхэнэ ныбжьыщIэми и жэуапым хэплъагъуэрт абыхэм я анэдэлъхубзэр фIыуэ зэралъагъур. Ар нэхъри уи фIэщ ящIын папщIэ абыхэм къагъэсэбэпа Iэмалхэм ящыщщ адыгэ псалъэжьхэр: «Зи бзэ теукIытыхьыжрэ зи анэ теукIытыхьыжрэ», «Бзэ Iей щыIэкъым, бзэр Iейуэ зыщIэ мыхъумэ».
- - Куэдым урегъэгупсыс урыс тхакIуэ цIэрыIуэ Паустовский Константин и псалъэхэм: «Уи Хэкум хуиIэ лъагъуныгъэр ныкъуэщ, анэдэлъхубзэр фIыуэ умылъагъумэ». Адыгэ хабзэмрэ анэдэлъхубзэмрэ яIэ хъуа щытыкIэм дэри гу лъыдотэ. Псоми зыхыдощIэ абыхэм дазэрыхуейр. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, бзэмыIуу дызэрыпсалъэ хъуам ещхьщ ди хабзэр къызэрагъэсэбэпри, зэраIыгъри, зэрагъэзащIэри. Ди нэхъыжьхэм Iэпэдэгъэлэл щащI къохъу анэдэлъхубзэр екIуу къэгъэсэбэпынри, хабзэр зехьэнри. Адыгэ литературэмкIэ дджы тхыгъэхэм хыдолъагъукI япэIуэкIэ ди лъэпкъ хабзэ зехьэкIэу щытар, иджырей зэманым абыхэм зэхъуэкIыныгъэшхуэ зэрагъуэтами гу лъыдотэ. Ди хабзэмрэ ди бзэмрэ я цIэр къытхуэнэу я щхьэр тфIэмыкIуэдын папщIэ абы теухуауэ тхузэфIэкI тщIэныр ди къалэнщ, – жеIэ 11-нэ классым щеджэ Пекъу Жамболэт.
- Жамболэт и гупсысэм къыпищэу еджакIуэхэм ягу къагъэкIыжащ Шэрджэс Алий «Сызэхэх, си лъэпкъ!» и усэм и едзыгъуэхэр:
- …Сызэхэх, си лъэпкъ,
- сыпхуогузавэ,-
- Ди псэукIэ хъуам дещI
- щымыIэж.
- Щхьэж къилъхуа и
- быныр ирегъасэ,
- Дэ дылъэпкъкъэ,
- зыкъэдвгъэщIэж.
Адыгэбзэм и шэрыуагъкIэ, и зэхэлъыкIэкIэ, и къулеягъкIэ хьэлэмэтагъыу хэлъми и гугъу ямыщIу къэнакъым ныбжьыщIэ цIыкIухэм:
- Дэтхэнэ псалъэми лъабжьэ хуэхъуар, ар къызэрыхъуам и къежьапIэр къэпхутэну яужь уихьэмэ, абы лъэпкъым и тхыдэм щыщ Iуэхугъуэ гуэрхэм узэрыхишэр хьэлэмэтщ. Апхуэдэщ, къапщтэмэ, ди фIэхъусхэр.
- Мыбдежым къыхэгъэщыпхъэщ адыгэбзэм и къулеягъыр, IуэрыIуатэбзэм и хьэлэмэтагъыр къагъэлъэгъуэн папщIэ, нарт хъыбархэр и тегъэщIапIэу проект-къэхутэныгъэ лэжьыгъэ лицейм и еджакIуэ цIыкIухэм иджыблагъэ зэрагъэзэщIар.
- Нарт пшыналъэхэм къыщыщIэдзауэ ди анэдэлъхубзэм икIуа гъуэгуанэм уриплъэжмэ, зыужьыпIэ ирамыгъахуэу, тхыбзэм имыузэщIу къэгъуэгурыкIуа адыгэбзэм блэкIа лIэщIыгъуэм икъукIэ зыужьыныгъэ зэригъуэтам зэрыщыгъуазэм и щыхьэту жьэрыIуатэбзэри литературэбзэри къызэщIэзыубыдэ щапхъэхэр къагъэлъагъуэрт псалъэмакъым хэта еджакIуэхэм. Апхуэдэу, щIэныгъэлIхэу, цIыху цIэрыIуэхэу хамэ лъэпкъ куэдым къахэкIахэм адыгэбзэм теухуауэ ятхыжахэм щыщхэми щыгъуазэт еджакIуэ цIыкIухэр. Трубецкой Николай, Шинкубэ Бэгърат, Мессарош Лайош, нэгъуэщI куэдми я псалъэхэр IэкIуэлъакIуэу къагъэсэбэпырт, адыгэбзэм и хьэлэмэтагъым щытепсэлъыхькIэ.
- Сабийм и анэдэлъхубзэм хуаIэ лъагъуныгъэм и къежьапIэу щытыр унагъуэрщ. Абы теухуауэ адыгэ литературэм и мыхьэнэри зэрыиным щыхьэт техъуэ гупсысэ утыку кърихьащ 11-нэ классым и еджакIуэ Iэбыдэ Ланэ:
- - Бзэм хэлъщ лъэпкъым и тхыдэри, и хабзэри. А щыми япэIэщIэ дыхуэмыхъуу, ди къежьапIэр ди гум илъу дыпсэуныр къытхэзылъхьэ Iуэхугъуэхэр куэд мэхъу. Япэрауэ, ар унагъуэрщ. СыщыцIыкIум къыщыщIэдзауэ, си анэшхуэ-адэшхуэхэм яIурылъ бзэ шэрыуэ дахэмкIэ таурыхъхэр, псысэхэр къызжаIэжырт. Школым адыгэбзэр зджын зэрыщыщIэздзэрэ лъэпкъым и тхыдэм щыщ пычыгъуэхэм щыгъуазэ сыхъуащ, адыгэ тхакIуэхэр зэзгъэцIыхуащ, абыхэм я тхыгъэхэм щыгъуазэ зысщIащ. Анэдэлъхубзэм и дахагъэр, абы урипсэлъэфыным фIагъыу пылъыр нэсу къыщызгурыIуар лъэпкъ литературэ тхыгъэхэр джын щыщIэддзарщ. Адыгэ литературэмкIэ дэ дджыхэм ящыщщ Нало Ахьмэдхъан и тхыгъэ хьэлэмэтхэр. Адыгэбзэм и къулеягъымрэ абы и къарумрэ нэхъыбэу къыбгуроIуэ мы тхакIуэм и тхыгъэхэр щыщIэбджыкIкIэ. Ар тхакIуэм и Iэзагъхэм ящыщ зыщ. «Нэхущ шу» романым и пычыгъуэхэр къапщтэмэ, ди къэралыгъуэмрэ лъэпкъымрэ я тхыдэм щыщ Iыхьэхэр къыдигъэщIэжкIэрэ, Налом наIуэу ди нэгу къыщIегъэувэж адыгэ хабзэр зэрызэрахьэу щытар. Апхуэдэу, адыгэ фызышэм ухэтым хуэдэу къегъэлъагъуэ, абы щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ щызэпадзыж хъуэрыбзэхэр, адыгэ пшынэм и макъ лъэщымрэ адыгэ къафэм и дахагъэмрэ зыхыдегъащIэ. ХьэщIэм хуащI пщIэр, унагъуэм илъу щыта хабзэхэр IэкIуэлъакIуэу дегъэлъагъу. Нало Ахьмэдхъан зэфIигъэува образхэр фIыуэ дэзыгъэлъагъур абыхэм ябгъэдилъхьа хьэл-щэнхэм къадэкIуэу ахэр къызэрыдигъэцIыху адыгэбзэ дахэрщ.
«КъуажитI яку дэлъ гъуэгуанэр выгукIэ якIуу щыщыта лъэхъэнэм щыIа хабзэмрэ бзэмрэ нобэ зэхъуэкIыныгъэ щхьэ игъуэтрэ жыпIэу, къамэ Iэпщэм уеIэныр акъылкъым», – жиIэгъат Нало Ахьмэдхъан. Сэ сызэригугъэмкIэ, абы жиIэну зыхуеяр гъащIэм игъуэт зэхъуэкIыныгъэхэр бзэми къызэрылъысырщ. Пэжщ, ихъуреягъкIэ цIыхухэр иропIейтей «глобализацэ» Iуэхугъуэм лъэпкъ мыинхэм къахуихьыну щытыкIэм. Абы цIыхухэр зэгъунэгъу ещIри, я бзэ, я хабзэ, я культурэ, я гъащIэ псори зэщхь мэхъу. А Iуэхугъуэр къэзыгъэувыIэфын къару щымыIэу къысщохъу. Апхуэдэу щыщыткIэ, лъэпкъым и нэщэнэ нэхъыщхьэу бзэр зэрытлъэкIкIэ тхъумэжын хуейщ ар зыIурылъ- хэм.
- Адыгэ тхыбзэм и махуэр дагъэлъэпIэну Лицейм къахуеблэгъат Тыркумрэ Сириемрэ илъэс зыбжанэ и пIэкIэ къиIэпхъукIыжу зи хэкужь къэзыгъэзэжахэу Хъуажь Фахърирэ Къардэн Самиррэ. ЕкIуэкIа псалъэмакъым гупсэхуу едэIуа хьэщIэхэм яхуэгъэзауэ еджакIуэхэми упщIэ куэд яIэт.
- - Мыбдежым щызэхэтха псалъэмакъым ди гур къызэфIигъэнащ, – жиIащ Хъуажь Фахъри. – ДрогуфIэ ди щIэблэм гупсысэкIэ дахэ зэраIэм, абыхэм я къалэнхэр тэмэму къагурыIуэу, я мурадхэри я хъуэпсапIэхэри абы хуэгъэзауэ щытщи.
- Зэман-зэманкIэрэ анэдэлъхубзэр нэхъ «фагъуэ» зэрыхъум иригузавэ ди лъэпкъэгъум итIанэми фIэщхъуныгъэ иIэщ адыгэбзэм къару игъуэтыжыну. Тыркум щыпсэу адыгэхэм я анэдэлъхубзэр къызэрагъэсэбэпым, ар яхъумэжын папщIэ ялэжьхэм тепсэлъыхьа нэужь, Фахъри фIыщIэ яхуищIащ махуэшхуэр къызэзыгъэпэщахэми, абы жыджэру хэта ныбжьыщIэ цIыкIухэми.
- Апхуэдэу, илъэсищ нэблагъэ и пэкIэ Щам къикIыжу Налшык къэIэпхъуэжа ди лъэпкъэгъу, КъБКъУ-м инджылызыбзэр щезыгъэдж Къардэн Самири гуапэу ехъуэхъуащ Лицейм и лэжьакIуэхэми еджакIуэхэми:
- - «Лъэпкъым и къарур и цIыху бжыгъэмкIэкъым къызэралъытэр, атIэ и цIыхухэм гъэсэныгъэрэ щIэныгъэу ябгъэдэлъырщ», – жиIэгъащ Гюго Виктор. Ди лъэпкъым къаруушхуэ зэриIэм шэч къытетхьэркъым, нобэ вдэтлъэгъуа гъэсэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ апхуэдэу лъэщщи. Нобэ зэхэтха фи гупсысэхэр щызэхуэхьэса тхылъ къыдэвгъэкIмэ, ар икъукIэ тхылъ щхьэпэ хъуну къызолъытэ.
- Лицейм адыгэбзэмрэ литературэмрэ джыным гулъытэ хэха зэрыщыхуащIым и щыхьэтщ, абы и еджакIуэхэм къалэ, республикэ олимпиадэхэм щызыIэрагъэхьэ ехъулIэныгъэхэр. Апхуэдэу, блэкIа илъэсым Iэбыдэ Ланэ КъБКъУ-м иригъэкIуэкIа республикэпсо зэпеуэм адыгэбзэмкIэ япэ увыпIэр къыщихьащ; мы гъэ еджэгъуэм къалэ олимпиадэм хэтахэу Пекъу Жамболэт, Iэбыдэ Ланэ, Якуэкъутэ Iэминат сымэ къыхэжаныкIахэщ; республикэпсо зэпеуэм щытекIуахэм яхэхуащ Якуэкъутэ Iэминат.
- «Лъабжьэ зимыIэм щхьэкIэ къищIыркъым», – жаIэ. Сыт хуэдэ фIыгъуэ ныбжьыщIэхэм егъэджа- кIуэм бгъэдилъхьэми, надэ хъунущ, ахэр къыщыхъу унагъуэм анэдэлъхубзэкIэ щызэмыпсалъэмэ, гущэкъу уэрэдым сабийр хамэбзэкIэ едаIуэу къэхъумэ, адыгэлъ зэрыщIэтым ириукIытэмэ. «Жылэр щыхасэри, пщIанэм щыкIэлъыплъри, лъабжьэр щагъэбыдэри» унагъуэрауэ щыщыткIэ, щIэблэм я гъэсэныгъэ нэхъыщхьэри зэпхыжар адэ-анэрщ. Абыхэм я бынхэм халъхьэр хагъэхъуэну, ягъэбыдэну, ирагъэфIэкIуэну сыт щыгъуи хьэзырщ егъэджакIуэхэр.
- КЪЭРЭНАШЭ Мадинэ.
- Си бзэ – си псэ, си дуней
- Макъамэр Молэ Владимир, псалъэхэр Джэдгъэф Борис яйщ.
- Iуащхьэмахуэу уэгу пкIэлъейм
- Хасэшхуэр щызэхуос.
- ЖаIэр нобэ Къэбэрдейм
- Къайсэри щызэхох.
- Ежьу: Си бзэ – си псэ, си дуней,
- Анэбзэу си уэрэд,
- Лъагъуныгъэу сигу мыжейм,
- Сигу мыжейм укъолъэт.
- Адыгэу тетым щIы хъурейм,
- Ей, маржэ, жыфIэрей:
- Си бзэ – си псэ, си дуней,
- Си бзэ – си дуней.
- Япхъуатэ си бзэр къуалэбзум,
- Пшынэбзэу зэIэпах.
- Мэзкуу щIодэIур си макъ зум,
- Аммани щызэхах.
- Ежьу
- Йоубзэ си бзэр мы дунейм.
- Ар пшэплъу кърекIут.
- Си Iуащхьэмахуэу уэгу пкIэлъейм,
- Тырку лъахэми лъоIэс.
- Ежьу
- Псалъэм и къарур здынэсыр
-
Кавказым, Къэбэрдейм джэгуакIуэ екIуэлIапIэншэхэм уащрихьэлIэу зэрыщытрэ куэд щIакъым. Мис абыхэм ящыщ зым и псалъэм и къарур здынэсыр къызэригъэлъэгъуар: «Сэ зы псалъэкIэ къэрабгъэр хахуэ, хэкум и хъумакIуэ сощIыж, дыгъум и хьэлыр зыхызогъанэ; си пащхьэ къиувэфынкъым цIыху бзаджэр, сэ цIыхугъэншагъэм, икIагъэм срабийщ».
-
ГОРЬКИЙ Максим.1933 гъэ
- Гупсысэр кърипIуэтэну гъуэзэджэщ
-
Абхъаз-адыгэбзэхэм я гуащIэр, я дахагъэр хыболъагъуэ а бзэм хэлъ зы гъэщIэгъуэнагъым: гупсысэр кърипIуэтэну гъуэзэджэу, урипсэлъэну шэрыуэу, уригушыIэну гухэхъуэу, хъуэхъу ирипIэтыну хуэдэ зэрыщымыIэмкIэ.
-
ШИНКУБЭ Бэгърэт, Абхъазым и цIыхубэ усакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ. 1983 гъэ