КIыщокъуэ Алим и усэхэр
2014-08-06
- Насып
- ЛIэщIыгъуэ псоми сеупщIащ:
- Насыпу лъапIэр дэнэ щыIэ?
- ЛIэщIыгъуэ псоми къызжаIащ
- А фIыгъуэр благъэу ди япэ иту.
- ИтIанэ ахэм яжесIащ:
- Насыпым щхьэхьу сыпежьэнщ,
- Ар спэгъунэгъумэ, къэслъыхъуэнщи,
- НысащIэ дахэу лъагъуэ нэхукIэ
- Уэрэд хужысIэу сэ къэсшэнщ.
- Иужь лIэщIыгъуэм ар идакъым -
- И пащIэ фIыцIэм Iэ дилъауэ
- Игу илъыр щэхуу къиIуэтащ:
- Насып жыхуаIэр уэ зэгъащIэ -
- Насып щIэкъуныр – арщ насыпыр.
- Къэзгъэзэнущ сэ
- Псыежэхым къимыгъазэ,
- Псыхъуэм дэтщи пхудэмыж.
- Псым симыхьмэ, къэзгъэзэну
- СщIащ уэрэдыр сэ лъэмыж.
- ЩIым и гъуни сыщыщIэфлъхьэ,
- Мывэ сынри сыту сщIын?
- СыздыщIэлъыр хы адрыщIми,
- Дыгъэмыхъуэ пхуэмыщIын.
- Уэгум итщи щхьэуназэу,
- Пшэ Iэрамэм уэшх къихьынщ.
- Жьым симыхьу къэзгъэзэнщи,
- Сэламышхуи къыфхуэсхьынщ.
- Бзухэм гъатхэм къыдагъазэр,
- Уаер къэсмэ, дэгызынщ.
- Сэ жэщ вагъуэм сакъыхэту
- Аркъэн хужьыр къывэздзынщ.
- Къэзгъэзэнущ псыхьэлыгъуэу,
- Къуэр си макъкIэ згъэпсэлъэнщ.
- Гъатхэ жылэу сахъумауэ
- ЩIы вагъащIэм сыхалъхьэнщ.
- Къыщызгъазэм уафэр бзыгъэу,
- Уэшхи уэси зэщIэлъынщ.
- СыхэбдзынкIэ Iэмалыншэу
- Гъыбзэм псалъэу сыхэлъынщ.
- Ди бзэмрэ сэрэ
- ЛIэщIыгъуэ дапщэ къэдгъэщIами,
- Сэлам къытпежьэм дэ етхынщ.
- Ди бзэр псэужмэ апщIондэхукIэ,
- Си гугъуи ящIу зэхэфхынщ.
- МакIуэ сыхьэтыр къимыгъазэу,
- Вагъуэм нэсыни хулъэмыкI.
- Нэхъ згъэкIыхьынут бзэм и гъащIэр,
- АрщхьэкIэ зыми ар лъэмыкI.
- КъэдгъэувыIэнут а сыхьэтыр
- АрщхьэкIэ ди бзэр гум пымыкI.
- Си щIыбым илъу стелъщ зы хьэлъэ,
- Бэлыхьу Iэджэм сыхэмыкI.
- Сэ щIы къатиблыр къыслъысами,
- Си анэм и бзэр сIэщIэмыкI.
- Щыблэр къыщыуэм щыщIэдзауэ
- Вагъуэзэшиблым деж нэсыху -
- Аращ дэ гъуэгуу дызытетыр
- Ди анэм и бзэр тхъумэжыху.
- Сэ фыкъысхуейуэ сывмыгъуэтмэ
- Сэ фыкъысхуейуэ сывмыгъуэтмэ,
- Дунейр збгынауэ фи мыгугъэ.
- ЗылI къимыгъащIэ сэ згъэщIами,
- Сыт щыгъуи гъащIэр си щIэщыгъуэщ.
- ЩIыхуэ зытелъым хуэмытыжмэ,
- ХэкIыпIэ куэдрэ ар мылъыхъуэу,
- Зи щIыхуэ телъым и деж кIуэрти
- Хуэув и хабзэт ар Iэщыхъуэу.
- Сэ фыкъысхуейуэ сывмыгъуэтмэ,
- ФемыпIэщIэкIыу фыкъыспэплъэ.
- МылIэжыныгъэм стелъщ и щIыхуи,
- Абы и пщIантIэм фыкъыдэплъэ.