ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Хэкур, бзэр, хабзэр щыгъэлъэпIа усэхэр

2014-06-10

  • КъызыхэкIа лъэпкъым и гур хуэмыгъуащ КIыщо къуэ Алим, сыту жыпIэмэ, абы ущыпэIэщIэм и деж тIэунейкIэ нэхъыбэу зыхыбощIэ хэкум и гъурри и цIынэри. Къэбэрдей-Балъкъэрым щымыпсэуами, ар зэи абы псэ кIэ пэIэщIэ хъуакъым, къыдалъхуахэмрэ адыгэхэмрэ щы гъупщакъым. Абы и усэхэм убгъуауэ къыхощ зауэ гуа щIэм и гузэвэгъуэри, лъэпкъым и нэщIэбжьэмрэ и гуфIэгъуэмри, зыгъэгузавэ – зыгъэгумэщIу щыIэ Iуэху псори, уеблэмэ и лъахэм къыщыкI удз дахэм и мэ гуакIуэр къапех…
  • Абы игъэлъапIэхэм, апхуэдэуи зытегузэвыхьхэм ящыщщ хэку лъагъуныгъэр, бзэр хъумэныр, хабзэр зехьэныр. А усэхэр зыр зым пэщIэпхынкIэ Iэмал зэримыIэращ ахэр зы напэкIуэцIым щIыщызэхуэтхьэсар. Абыхэм ящIы гъущ усакIуэм и лъэпкъым хуищIэфауэ къи лъытэр зи лъабжьэ усэхэри. Дэтхэнэ зы лъэпкъ цIыкIуми и гуны къуэгъуэхэр зэтохуэ: ар и хэкур ефIэкIуэным нэ хъуеиншэу зэрыщIэхъуэпсырщ, и бзэм лъэпкъыр хуиту ирипсэлъэнымрэ ар ящымыгъупщэнымрэщ, и хабзэрщи, езым къафIэмыIуэхужмэ, нэгъуэщI зыгуэри абы зэ ры хуэмейрщ.
  • КIыщокъуэ Алим Iуэхур щехьэлIам и деж уи псалъэм кIыхь зумыгъэщIмэ нэхъыфIщ: абы и лэжьыгъэхэм псори къыбжаIэ…
  • ИСТЭПАН Залинэ.
  •  
  • Адыгэ хэку
  •  
  • Адыгэ уафэ,
  • Адыгэ щIылъэ,
  • Уэгум сихьамэ,
  • ЩIылъэр си плъапIэщ.
  • Адыгэ уафэ,
  • Адыгэ щIылъэ,
  • Уи лъахэм ситмэ,
  • Дунейм сытеткъэ.
  •  
  • Уи къалэ щхьиблым
  • Зыкърагъэщхьу,
  • Вагъуэзэшиблыр
  • ЖэщкIэ зэщIоблэ.
  • А блым еянэу,
  • Нэхъ ебжьыфIэкIыу
  • Си гурыфIыгъуэр
  • Адыгэ хэкукъэ.
  •  
  • Уи губгъуэ куэщIыр
  • Пшэплъу хадыкIыр,
  • Тэрч къызэрокIри,
  • Псыдзэ зэхешэ.
  • Шым сыгъэшэси
  • Дэни сыгъакIуэ,
  • Вагъуэ жыпIамэ -
  • Дыгъэ къэсхьынкъэ.
  •  
  • Уи нэр зыдэплъэм
  • Уи лъэр лъоIэсыр.
  • Къырым илъ дани
  • УлъэIэсакъэ.
  • Адыгэ уафэ,
  • Адыгэ щIылъэ,
  • Уи лъахэм ситмэ,
  • Дунейм сытеткъэ.
  •  
  • Зеич лантIэ
  •  
  • Зеич лантIэу гъэшыгъуафIэ,
  • Си адыгэ хэку.
  • Хэку гъэфIэну сиIэ закъуэ,
  • Си адыгэ хэку.
  • Зи щIасэгъухэр зи жагъуэгъум,
  • Си адыгэ хэку,
  • Хигъэгъуащэу зи мыхабзэ,
  • Си адыгэ хэку.
  • Узижагъуэр псым хрепкIэ.
  • Си адыгэ хэку,
  • КIэлъыхэпкIэри епкIыхыу,
  • Си адыгэ хэку.
  • Уи жьэгу мафIэ щыужьыхым,
  • Си адыгэ хэку,
  • Дэп жьэражьэ сыпхуэхъункъэ,
  • Си адыгэ хэку.
  • Къурш псы уэру сыкъехуэхми,
  • Си адыгэ хэку,
  • Пшахъуэ налъи пщыщ исхакъым,
  • Си адыгэ хэку.
  • Зы уIэгъэ уэ къыптехуэм,
  • Си адыгэ хэку,
  • УIэгъищэу зыхызощIэ,
  • Си адыгэ хэку.
  • Дыщэ шууэ сыкъихьэжым,
  • Си адыгэ хэку,
  • Сэламыхьу сыныпхуокIуэ,
  • Си адыгэ хэку.
  •  
  •  
  • * * *
  •  
  • Сыжейми, си нэр зэтесхами,
  • Щхьэлыкъуэ къуажэр щIэтщ
  • си нэгу.
  • Бжьыхьэ жыг тхьэмпэу
  • пыщэщахэм
  • Сахэлъу жьыбгъэм сагъэджэгу.
  •  
  • Къалэшхуэм дэсым сыхабжами,
  • Щхьэлыкъуэ къуажэм сэ сахэтщ.
  • Ди унэ лъахъшэм сыхуозэшри,
  • ПщIыхьэпIэ дыдэм къуажэр хэтщ.
  •  
  • Си щхьэр щыдэсхми сыдэкIакъым,
  • Си псэр а къуажэм къыдэнащ.
  • Си адэ-анэр сэ къыспэплъэу
  • Ноби къысфIэщIу сыкъэнащ.
  • НэгъуэщI къэрали сэ сыгъакIуэ,
  • Сэ сызыхуэзэр согъэпэж:
  • - Уи лъахэ хъужыр сыт? – жаIамэ,
  • - ФеупщI Щхьэлыкъуэ, – жызоIэж.
  •  
  • ЩыIащ си къуажэр щыныбаджэ,
  • Бэлыхь телъами, темылъыж.
  • Нэхущым дежым зэщIотаджэ,
  • Щхьэж и IэнатIэ къегъуэтыж.
  •  
  • Нэхущ адакъэр зи сыхьэтхэр
  • Иджы машинэм къегъэуш.
  • ЩIыр къэзыгъазэу губгъуэм итыр
  • ПхъэIэщэ зыпыщIа гъущIышщ.
  •  
  • Си адэм сэрэ дызэгъусэу
  • ПщIэнтIэпсыр хуабэу етлъэщIэкIт.
  • Тхьэмахуэ енкIэ выкIэ двари
  • Нобэ сыхьэткIэ зэфIагъэкI.
  •  
  • Сыфщымыгъупщэм – ар си гуапэщ,
  • Ди Iуэм итауэ зы жэмыжь
  • ДыщимыIэжкIэ, сыгузавэу
  • Ноби зызохуэ и лъэужь.
  •  
  • Сыкъуалэбзууэ къэслъэтыхьмэ,
  • Щхьэлыкъуэщ дамэ щызгъуэтар.
  • Мы къуажэр, къалэм езгъэпщамэ,
  • Япэ изгъэщу сыдэтаи.
  •  
  • Сыт хуэдэ унэ сыщIэсами,
  • Щхьэлыкъуэ ятIэр си чырбышщ.
  • Си псэупIэщIэр къэзгъэнами,
  • СфIэкIуэдыр куэду си дзэ мыш.
  •  
  • Си жьыщхьэ нобэ сыпхуэусэм,
  • Псы IэфI исфари сигу имыкI.
  • Уэрэду си гум къопсэлъыкIыр,
  • Къуажэжьыр си гум къошхыдыкI.
  •  
  •  
  • * * *
  •  
  • Сэ щIым тезмысэ къытемыкIэ.
  • Жылапхъэр хьэдзэу къызощып.
  • Си псалъэм фи гум фIы
  • къигъэкIым,
  • Аращ жыхуэсIэр сэ насып.
  •  
  • ЩIы къыслъысари мыин дыдэ,
  • ВакIуэ сихьамэ – мысэтей.
  • Уэлбанэм губгъуэм сриубыдэм,
  • УэфI къэхъужыхукIэ мы дунейр
  • Сыпэплъэу, зэман сымыгъакIуэу,
  • Къысщытхъум жысIэу
  • сфIэмыIуэху.
  • ДищI щыхамысэ сыхуэзамэ,
  • Ари тессауэ согъэунэху.
  •  
  • Си щIым къытесхыр куэдщ
  • е мащIэщ -
  • Гъэ узыхуэзэм елъытащ.
  • Зэм бэву гъавэр къытыбохыр,
  • Уэгъу къытехъуакъэ -
  • пщIар кIуэдащ.
  •  
  • УхэкIрэ гуауэ, жылэ хэпсэу:
  • Хэпсар псым ехьыр, зэм ядыгъу.
  • Адэжь я гугъэр щIым хэпсарэ
  • Ар къэмыкIамэ – псом нэхъ
  • гугъущ.
  •  
  • * * *
  •  
  • ЩIакхъуэ Iыхьэ лъымысами,
  • Усэ зытхыр шхын щыщIэн?
  • И уэрэдыр и гъуэмылэщ,
  • Уаем хэтми, мыпIыщIэн.
  •  
  • Уэрэдусым захызобжэ,
  • Си IэнатIи зым пэзмыщI.
  • Фигу щыхэхъуэм си гур хохъуэ,
  • Фи нэщIэбжьэм гур елыпщI.
  •  
  • ЦIэрыIуагъэ сыхуеижкъым,
  • Сэ щIыхь леи сыту сщIын?
  • Фыхуэныкъуэу мафIэ слъагъумэ -
  • Ар фи жьэгум щыфхуэсщIынщ.
  • IуэхутхьэбзащIэ сыфхуэхъуфмэ,
  • Си нэм, си псэм ар хузохь.
  • Гуауэр, гуапэр, фи мурадыр -
  • Ар дапщэщи IэгукIэ сохь.
  •  
  • Поэзие
  •  
  • Мазэ къуапитIыр сыубыдауэ
  • Уэгу щхъуантIэм ситу зызоплъыхь.
  • Уэ уи сурэтыр сфIэкIуэдауэ
  • Сыхэтщ мычэму сэ бэлыхь.
  •  
  • Ууафэгъуагъуэт, зэм ущыблэт,
  • Уи уэшх къыстешхэм сыфIэфIат.
  • Уи псалъэ закъуэр гъуэгу
  • гъуэмылэт,
  • ЗызгъэнщIу уэркIэ семысат.
  •  
  • Сэ гурыфIыгъуэм сигъэмэхырт,
  • Уэр фIэкI сиIакъым напщIэтелъ.
  • Упсы къиуауэ сэ сепхьэхырт,
  • Иджы уи ныджэм сэ сытелъщ.
  •  
  • Гум къинэу псалъэ къызумытмэ,
  • Мыхъуа цIэрыIуэ стхахэм щыщ.
  • Гу зылъыптахэм сахэмытмэ,
  • Дунейм тетами сащымыщ.
  •  
  • Зэгуэр уэзмыкуу зысIэжьами,
  • Гъуэгущхьибл зы махуэ зэпысчащ.
  • Си пащIэр фIыцIэу сынежьами,
  • Си жьакIэр хужьу сыпIущIащ.
  •  
  • Уи фIэщ ар мыхъумэ
  •  
  • Фоупс къысфIощIыр гум
  • къэкIыжыр,
  • Си нитIри къихуу зызоплъыхь.
  • Жыг пщIащэм жаIэр
  • къыпхуэмыщIэу
  • Жьыбгъэм гуфIэжу ирекъухь.
  •  
  • Къуэм дэт псы тIэкIури жэбзэжауэ
  • Нэпкъым жьэхэуэм, зеущэху.
  • Емыщхьу пIэрэ псым си гъащIэр?
  • Уи фIэщ ар мыхъумэ, гъэунэху.
  •  
  • Псым телъ лъэмыжым хуэдэ дыдэу,
  • Сэ лъэмыжышхуэ сщIын сухащ.
  • Лъэхъэнэ жыжьэр, нобэ махуэр -
  • Ар псы IуфитIу зэрипхащ.
  •  
  • Бзу абгъуэр жыгым пызу
  • плъагъуми,
  • Бзу бын зэрышхыу щымыIэж.
  • Ди унэ тIэкIуу си нэм хуэсхьыр
  • Жыгыщхьэм ноби къагъэпэж.
  •  
  • Фоупс къысфIощIыр гум
  • къэкIыжыр,
  • Хьэлъэ стелъами, стокIуэдыкI.
  • Аргуэру си псэм жьы дехужри,
  • Си нэгум щIэтыр гум пымыкI.
  •  
  • Сэ си щIалэгъуэм къегъэзэжри,
  • Си пащхьэм слъагъуу щоуджэкI.
  • Исфа псы къабзэр ежэхами,
  • Сэ нобэ къэси сыхуоплъэкI.
  •  
  • ИтIани пыIэ зыщхьэрыгъым
  • Си ныбжьэгъуахэр хэмытыж.
  • Зыр и шым пасэу епсыхамэ,
  • Адрейри гъуэгум темытыж.
  •  
  • СадэкIуэтэнуи къысхуихуакъым,
  • Къагъэзэпами я щIыбагъ.
  • Ар сигу темыхуэу согумэщIыр,
  • Ар игу темыхуэу жьыбгъэр магъ.
  •  
  • Псыхъуэ мывалъэм сыдыхьамэ,
  • Зипс къажэу слъагъум и хьэлэлщ.
  • Си Iыхьэ тIэкIур жыжьэ кIуами,
  • Гум илъ мурадыр сфIэдыгъэлщ.
  •  
  • ЩIыналъэ дахэу си псэм пэсщIым
  • И куэщI илъ хуэдэу къысфIощIыж.
  • Си гур хигъахъуэу дэслъэгъуахэр,
  • Фоупсу сефэу гум къокIыж.
  •  
  • * * *
  •  
  • ПсыIэрышэр щхьэдэуэхри
  • НэгъуэщI лъагъуэ дихыжащ.
  • Жыг Iэрысэм псы щIэлъадэрт.
  • Еплъ: нэхъыбэри гъужащ.
  •  
  • А жыг хадэр хэзысари
  • Щхьэ гуузу гузэса?
  • ЛIы губзыгъэт, IэкIуэлъакIуэт
  • Жыг телъыджэр хэзысар.
  •  
  • Адэжь хэкур ибгынэну
  • А цIыху Iущым игу къэмыкIт.
  • Гъэ къэсыхукIэ жыгым пытым
  • И сабийхэр щыгуфIыкIт.
  •  
  • Унэ тIэкIури щхьэгъубжитIщи,
  • Жьыбгъэр жэщкIэ къыщоудж.
  • Жыг Iэрысэр мэз хъужащи,
  • Пхъэщхьэмыщхьэм уеплъмэ
  •  дыджщ.
  •  
  • Нэхъ дыджыжыр хъуат и натIэ,
  • «ИкI мы хэкум!» – щыжаIам
  • Зэрыкъуажэу зыщаIэтым,
  • Я гур гъыбзэм къиуIат.
  •  
  • Сэ фыкъысхуейуэ
  • сывмыгъуэтмэ
  •  
  • Сэ фыкъысхуейуэ сывмыгъуэтмэ,
  • Дунейр збгынауэ фи мыгугъэ.
  • ЗылI къимыгъащIэ къэзгъэщIами,
  • Сыт щыгъуи гъащIэр
  • си щIэщыгъуэщ.
  •  
  • ЩIыхуэ зытелъым хуэмытыжмэ,
  • ХэкIыпIэ куэдрэ ар мылъыхъуэу
  • Зи щIыхуэ телъым дежым кIуэрти,
  • Хуэув и хабзэт ар Iэщыхъуэу.
  •  
  • Сэ фыкъысхуейуэ сывмыгъуэтмэ,
  • ФемыпIэщIэкIыу фыкъыспэплъэ.
  • МылIэжыныгъэм стелъщ и
  • щIыхуи,
  • Абы и пщIантIэм фыкъыдэплъэ.
  •  
  • Насып
  •  
  • ЛIэщIыгъуэ псоми сеупщIащ:
  • Насыпу лъапIэр дэнэ щыIэ?
  • ЛIэщIыгъуэ псоми къызжаIащ
  • А фIыгъуэр благъэу ди япэ иту.
  • ИтIанэ ахэм яжесIащ:
  • Насыпым щхьэхьу сылъежьэнщ,
  • Ар спэгъунэгъумэ,
  • къэслъыхъуэнщи,
  • НысащIэ дахэу лъагъуэ нэхукIэ
  • Уэрэд хужысIэу сэ къэсшэнщ.
  • Иужь лIэщIыгъуэм ар идакъым -
  • И пащIэ фIыцIэм Iэ дилъауэ,
  • Игу илъыр щэхуу къиIуэтащ:
  • Насып жыхуаIэр уэ зэгъащIэ -
  • Насып щIэкъуныр – арщ насыпыр.
  •  
  • «Уузыншэм!» – сэ жызоIэ
  •  
  • «Уузыншэм!» – сэ жызоIэ.
  • Сэ а псалъэм пщIэ хузощI.
  • Ар къысхуэзэм къызжамыIэм,
  • Махуэ къэскIэ си гур хощI.
  •  
  • ЩремыщIэ узыншагъэ
  • ЦIыхум фIыкIэ хуэупсар.
  • Куэдкъэ, жиIэу щIемыгъуэжу,
  • Лажьэу шхэжу цIыху есар.
  •  
  • Ди жыг хадэри узыншэу
  • Ирегъагъэ гъатхэ къэс.
  • ЛъапэпцIийуэ сабий цIыкIухэр
  • Пхъэщхьэмыщхьэм лъреIэс.
  •  
  • Фыузыншэм, ди жыг жьауэ,
  • ПсыIэрышэу тхуэмыубыд.
  • МафIэ гуэри къэлыдынум,
  • Жьэгум илъыр кърелыд.
  •  
  • Шэ шынакъым щIакхъуэ щIыгъуу
  • Узыншапэуи щрет,
  • Ди жыг хадэм, пIалъэр къэсмэ,
  • МыIэрысэ къыдрет.
  •  
  • Уафэгъуагъуэм уэшхыр къишэм,
  • Жызумейхэм псыр зыщIаф.
  • Хъарбыз хадэм уэр къытехуэу
  • ИремыхъукIэ зэи Iисраф.
  •  
  • Уузыншэм, дыгъэ къепсу
  • Нобэ махуэр зыгъэнэху.
  • Фыузыншэм сэ стхы усэр -
  • Си псэ тIэкIум зегъэпсэху.
  •  
  • Узыншагъэм дыщымыщIэм,
  • Ди IэнатIэр нэтхьэсынщ.
  • «Уузыншэм!» – жиIэу хъуахъуэр,
  • И мурадым лъэIэсынщ.
  •  
  • Гъуэгу къежьапIэ
  •  
  • «Адыгэбзэр сыт щIэдджынур,
  • Зыдынэсыр КъалэкIыхьырщ», -
  • Ар ауану Iэджэм жаIэр,
  • Мышыу псалъэ тIэкIу хэчыхьу.
  • ЩызэхэсхкIэ сэ а псалъэр
  • А гушыIэр сигу темыхуэ.
  • Станцым нэси унигъэсмэ,
  • Ар бзэм дежкIэ уфIэмащIэ?
  •  
  • Бзэр шу лъагъуэм хузогъадэ,
  • Бгъузэу щытми, станцым нос.
  • Унэсакъэ – гъущI гъуэгушхуэм
  • Къыщыппэплъэу тетыр поездщ.
  •  
  • Уи гъуэгуанэр жыжьэу щытрэ
  • УкIуэфынум къыумыгъазэ -
  • Шым епсыхи кIуэ мафIэгукIэ.
  • Тетщ а гъуэгум вагъуи мази.
  •  
  • Сэ шу лъагъуэр зэпызмычу,
  • ГъущI гъуэгушхуэм сытехьакъым,
  • Адыгэбзэр зэзмыгъащIэу,
  • Урысыбзэр сщIэн слъэкIакъым.
  •  
  • Iуащхьэмахуэ телъ уэс къабзэу,
  • Сянэм и бзэр сэри сфIэфIт.
  • Си букварыр зэIусхауэ
  • Сыкъеджамэ, махуэр уэфIт.
  •  
  • Ноби школым кIуэм, а тхылъыр
  • Я блэгущIэм цIыкIухэм щIэлъщ,
  • Урысыбзэм и гъуэгушхуэм
  • Нытехьэну я гум хэлъщ.
  •  
  • Адыгэбзэр хэт фIэгугъуми,
  • Ещхьщ си дежкIэ псыIэрышэм.
  • Ар уэрэду зэхызохыр,
  • Къурши губгъуи къыдэушэу.
  •  
  • Хэт ухуейми сыкъыдожэ,
  • Iэджэм япэ сэ сищащ.
  • Адыгэбзэу си шы Iэсэм
  • Шы тесыкIэ сигъэщIащ.
  •  
  • Ар си гъуэгум и къежьапIэщ,
  • Ар си дамэщ, ар си напщIэщ,
  • Ар сымыщIэу щытыгъатэм,
  • КIэщI дыдэнут сэ си гъащIэр.
  •  
  • Сянэм и бзэу си нэм хуэсхь,
  • Уэ къыптехуэр схуохъу удын.
  • Гъуэгу тетыныр сэ щызухкIэ,
  • Уи Iэр сIыгъыу сыухынщ.
  •  
  • * * *
  •  
  • УбзэмыIумэ, бгъуэтыжынкъым
  • Уи гурылъыр пIэщIэхуам.
  • Бзэ зимыIэр, щIылъэм тетми,
  • Хуэдэ къабзэщ къамылъхуам.
  •  
  • Къызэущийуэ си анэм жиIэм
  • Щыщу псалъэ мыкIуэда.
  • Си анэм и бзэр мафIэ бзийми,
  • Дыщэ джанэу сэ схуадащ.
  •  
  • Си анэр псалъэм, шы лъэ макъыр,
  • Жейм сыхэтми, зэхызох.
  • Уэшхи къошхыр, уафэр гъуагъуэу
  • ШыщIэм нахъути хущIызох.
  •  
  • Хъарбыз хадэм зэм сихьауэ
  • Хъэуан хъуари къыщIызоч.
  • Си анэр псалъэу зэхэзгъэхи,
  • ТемыпыIэу лъэр изоч.
  •  
  • ПсыIэрышэу нэпкъым къелъэм
  • Сэ щхьэл цIыкIуи пхутесщIэнщ.
  • И уэрэдыр къыхидзамэ,
  • Гум щIыхьауэ зыхэсщIэнщ.
  •  
  • Анэм и бзэр ар бзэ IэфIи -
  • Псалъэр фокIэ зэгъэпщIащ.
  • Зигу имыхум и насыпщи,
  • Я нэхъыфIым хуэузэщIащ.
  •  
  • Си анэм и бзэм мывэ сыныр
  • Псалъэ къэскIэ хузогъэж.
  • Сигу пымыкIыу псэм пызощIри,
  • Ар си кхъащхьэм тевгъэувэж.
  •  
  • * * *
  •  
  • Ягъэш зэпыту батэкъутэр
  • Дунейр лIыфI дапщэм къащIэна?
  • Сэ жей игъащIэм сыщыщIами,
  • Iуэхутхьэбзэ сщIэну къэмына.
  •  
  • IэнатIэ Iутыр тезгъэгушхуэу
  • Зэгугъу и Iуэхум хызогъэщI.
  • Абы къыдэкIуэу напэр къабзэу
  • IэдакъэщIэкIым къысхуатхьэщI.
  •  
  • Си губжь нэгъуэщIым ятепщахэу
  • Зым игу сыпапщэу хэмыщIа.
  • СягъэкIэ хъууэ щыгъыныджэ
  • Зы цIыху щIымахуэм мыпIыщIа.
  •  
  • Псыкъуийм Iубыгъуэ
  •  къыщIэжыхукIэ,
  • Лъагъуэншэу къумым къимынэн.
  • ГъуэгурыкIуэ Iэджэм я хэщIапIэу
  • Псы хуэлIэр хьэщIэу къыхуэкIуэнщ.
  •  
  • ЦIыху гуауэ-гуапэм къащIэжамэ,
  • Сыт щыгъуи усэр сфIэдыгъэлщ.
  • Фи зы псыхуэлIэ изгъэкIамэ,
  • Ар си насыпщи – фи хьэлэлщ.
  •  
  • * * *
  •  
  • Зы удз цIыкIу закъуэ, мывэм тету,
  • Дунейр мышынэу зэпеплъыхь.
  • Къуэм дэтщ и лъэпкъыу
  • ар зыщыщыр,
  • Езым жьы къепщэр къыщымысхь.
  •  
  • ИхъуреягъкIэ мывэ защIэщ,
  • Гъэмахуэ мазэм къосыр уэс.
  • Уае къытехъуэу къегуэуамэ,
  • Дыгъэ нур закъуэр и гунэсщ.
  •  
  • Пшагъуэр къуэм дэзу мэуфафэ,
  • ИщIагъым нури къущамыт,
  • ЛъагапIэм тету мо удз цIыкIум
  • ЩIыхубзэу уафэр къыщхьэщытщ.
  •  
  • Мывэжьхэм яIэщ ар гъэфIэну,
  • Я ныпу удзыр яIэтащ.
  • Мытыншми лъагэу утетыныр,
  • Улъагэм, дыгъэр уэрщ зэтар.
  •  
  • * * *
  •  
  • Мывалъэ щIыпIэу дапщэ щыIэ,
  • Ауэ яхэткъым ппэслъытын.
  • Сэ уае къэхъум сыпоувыр, -
  • Си гуапэу хадэр пхуэсхъумэн.
  •  
  • Уи къалэ зыми хэгъуэщэнкъым,
  • Къуажэ жыпIэнщи, апхуэдэжщ.
  • Псым уекIуэлIамэ, псы ефапIэм
  • Бжэнымэ тIэкIу къыщыпщIехьэж.
  • Пщыхьэщхьэ дыгъэр жэмхэм
  • бжьакъуэм
  • Нур IэплIэу фIэлъу къагъэзэж.
  •  
  • Жэщыр мазэгъуэм – мазэ нурыр
  • Ди дадэ Iущхэм къалъоIэс,
  • Я жьакIэр мазэм хужь къищIауэ
  • Я гум къэкIыжхэр Дахэуэсщ,
  • Нэху ягъэщыхукIи, мес, зэхэсщ.
  •  
  • Уи вапIэм сыти къытегъакIэ,
  • Тепсэр угуфIэу Iупхыжынщ.
  • Iуэхушхуэ цIыхум ящIэхункIэ,
  • Уэ ухэку цIыкIуу уамыбжын.
  •  
  • Дунейм псы сефэу сытетыхукIэ,
  • Уэ зыр гуфIэгъуэу узиIэнщ.
  • Бзур зы уэрэдым щIапIыкIащи,
  • НэгъуэщI зэхилъхьэу жимыIэн.
  •  
  • Сэри сахуэдэщ къуалэбзуми,
  • И фIыщIэ хэкум сщымыкIуэд,
  • Сэ гъащIэр сухми, схуэухынкъым
  • Си хэку нур хадэм и уэрэд.
  •  
  • Ди бзэмрэ сэрэ
  •  
  • ЛIэщIыгъуэ дапщэ къэдгъэщIами,
  • Сэлам къытпежьэм дэ етхынщ.
  • Ди бзэр псэужмэ, апщIондэхукIэ
  • Си гугъуи ящIу зэхэфхынщ.
  •  
  • МакIуэ сыхьэтыр къимыгъазэу,
  • Вагъуэм нэсыни хулъэмыкI.
  • Нэхъ згъэкIыхьынут бзэм
  • и гъащIэр,
  • АрщхьэкIэ зыми ар лъэмыкI.
  • КъэдгъэувыIэнут а сыхьэтыр,
  • АрщхьэкIэ ди бзэр гум пымыкI.
  •  
  • Си щIыбым илъу стелъщ сэ хьэлъэ,
  • Бэлыхьу Iэджэм сыхэмыкI.
  • Сэ щIы къатиблыр къыслъысами,
  • Си анэм и бзэр сIэщIэмыкI.
  •  
  • Щыблэр къыщыуэм щыщIэдзауэ
  • Вагъуэзэшиблым деж нэсыху -
  • Аращ дэ гъуэгуу дызытетыр,
  • Ди анэм и бзэр тхъумэжыху.
  •  
  • Сыкъыщалъхуар
  • мы щIыпIэрщ
  •  
  • НэхъыфI къафIэщIым сыхэмыдэу,
  • Мыращ си хэкури – хэзмыкухь.
  • Си махуэр вагъуэм пагъэнащи,
  • Си жэщми жыжьэу къыспекIухь.
  •  
  • Уи мыви удзи къыздалъхуахэщ,
  • Си гуауи гуапи япыщIащ.
  • ЕупщIыт бжейуэ жыг щэджащэм,
  • ЕдэIу – си усэр къеIущэщ.
  •  
  • Щхьэмыжыр плъагъурэ -
  • ажэ жьакIи,
  • ЩIым хэлъхьэ хьэдзи -
  •  къэкIыжынщ.
  • Си хьэсэр щIакIуэу схуаубгъуащи,
  • ЩIы вам хэплъхьари
  • уэ пшхыжынщ.
  •  
  • Къалэм пхъэIэщэу къызатари
  • Нобэр къыздэсым сIэщIэмыху.
  • Сэ си лъым ещхькъэ псыIэрышэр,
  • Iэхъушэр къущхьэм пхудэмыху.
  •  
  • Ящоу си усэм сэ мэлымэ,
  • Си Iэщу дэсхум къагъэзэж.
  • Сыт бэлыхьлажьэ къыстехуами,
  • Си хэкуу дыщэр согъэпэж.
  •  
  • СфIэIэфIщ чыржыни,
  • сипсри къабзэщ,
  • Уи мырамыси си босынщ.
  • Си хэкур псоми йоIэфIэкIри,
  • Дэни сыгъакIуэ – сынэсынщ.
  •  
  • Сурэтхэр Пащты Герман ищIащ.