ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Мы гъэмахуэм фщIэнур дощIэ

2014-05-14

  • «Мэшыкъуэ-2014» щIалэгъуалэ зэхыхьэм хэтыну гупыж зыщI Кавказ Ищхъэрэм щыщ ныбжьыщIэ жыджэрхэр, зэфIэкI зыбгъэдэлъхэр иджы етхуанэу Псыхуабэ къыщызэрагъэпэщыну форумым ирагъэблагъэ.
  •  
  • Кавказ Ищхъэрэ щIалэгъуалэ зэхуэсым хэтыну ныбжьыщIэхэм я щIэныгъэм хагъэхъуэну, IэщIагъэлI цIэрыIуэхэм я мастер-классхэм щIэсыну, IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щылажьэ щIэныгъэлIхэм я чэнджэщ зэхахыну, къащхьэпэн дерсхэм едэIуэну IэмалыфI яIэнущ. КъищынэмыщIауэ, гукъинэж ящыхъун куэд щалъэгъунущ абы ныбжьыщIэхэм.
  • Псом нэхърэ нэхъыщхьэращи, щIалэгъуалэм ягъэхьэзыра лэжьыгъэхэм IэщIагъэлIхэр хэплъэнурэ щыщIагъэу иIэмрэ зэгъэзэхуэжыпхъэу къалъытэхэмрэ къагъэлъэгъуэнущ, чэнджэщ иратынущ. зи лэжьыгъэр нэхъыфIу къалъытэхэм сом мини 100-м щыщIэдзауэ мин 500-м нэблагъэ гранткIэ ныбжьыщIэхэм, IуэхущIапIэхэм — мелуаным нэблагъэкIэ зыщIагъэкъуэнущ.
  • «Мэшыкъуэ-2014» Кавказ Ищхъэрэ щIалэгъуалэ зэхыхьэм ухэтын папщIэ, машукфорум.рф сайтым зыщебгъэтхын хуейщ (Iэмал имыIэу проект уиIапхъэщ).
  • Мы Iуэхум теухуа хъыбар нэхъыбэ къэфщIэну фыхуеймэ, мы телефонымкIэ фыпсалъэ хъунущ (88662) 77-49-07 е КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и министерствэм ЩIалэгъуалэ политикэмкIэ и департаментым зыхуэвгъазэ хъунущ (Налшык, Лениным и уэрам, 57).
  • Бру Синэ.