ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Я IэнатIэм IуагъэкIынукъым

2014-01-18

  • КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министерствэм медицинэ IуэхущIапIэ зыбжанэм я лэжьакIуэхэр гузавэу псэлъащ а IэнатIэм пэрытхэр ягъэмэщIэным теухуауэ екIуэкI псалъэмакъхэм я пэжыпIэр зрагъэщIэну.
  •  
  • Абы тхутепсэлъыхьащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Шэт Ирмэ:
  • — Медицинэ лэжьакIуэхэр гъэмэщIэн Iуэху лъэпкъ зэрахуэркъым. КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министерствэм нэгъабэ IэнатIэм и къулыкъущIэхэм я бжыгъэр игъэмэщIауэ щытащ. Абы щыгъуэм дохутыр нэ­хъыщхьэхэм кадрхэмкIэ, техникэ шынагъуэншагъэмкIэ, хозяйствэ IуэхухэмкIэ я къуэдзэхэу IуэхущIапIэхэм къекуэдэкI­хэр IуагъэкIауэ аращ. Абыхэм ират лэжьапщIэм текIуадэрт улахуэ фондым и процент 90-р. Языныкъуэ сымаджэщхэм дохутыр нэхъыщхьэм и къуэдзэу бгъум нэс щылажьэрт, абы щыгъуэми абыхэм я улахуэр дохутырхэм, курыт медицинэ лэжьакIуэхэм ейм нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэт. Иджы медицинэ IуэхущIапIэхэм къаIэрыхьэ мылъкур Iэмал зимыIэ медицинэ страхованэмкIэ фондым къызэрыбгъэдэкIым къы­хэкIыу, нэхъапэ ирагъэщыр дохутырхэмрэ медсестрахэмрэ улахуэ тэмэм къаIэрыхьэу Iуэхур зэрызэтраублэнырщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Фондым и мылъкур зыхуиутIыпщыр абыхэм я лэжьыгъэрщ, ящIэ Iуэхутхьэбзэхэрщ. Узыншагъэр хъумэн IэнатIэхэм я къулыкъущIэхэм я бжыгъэр зэрыщытын хуейм хуэгъэкIуэжыныр илъэсым и кIэм зэфIагъэкIащ. Иджы а Iуэхум зэрехъулIам хоплъэж. Дохутырхэмрэ медсестрахэмрэ я бжыгъэр гъэмэщIэным теухуауэ екIуэкI псалъэ­макъхэм лъабжьэ лъэпкъ яIэкъым.
  •  Щомахуэ Лилие.