ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

2013-12-26

  • Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым хэтым —
  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и лIыкIуэм и полномочиехэр зэратым и IуэхукIэ
  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
  • Парламентым и Унафэ
  •    «Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэ­сым ФедерацэмкIэ и Советыр къызэрызэрагъэпэщ щIыкIэм и IуэхукIэ» Федеральнэ законым и 3-нэ статьям, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и депутатым и статусым и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 4-нэ статьям и япэ Iыхьэм и «а» пунктым япкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
  •   1. Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым хэтым — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и лIыкIуэм и полномочиехэр етын Къанокъуэ Арсен Башир и къуэм.
  •    2. Къанокъуэ Арсен Башир и къуэм, «Урысей зэкъуэт» урысейпсо политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм къыбгъэдэкIыу республикэ хэхыпIэ округ зэгуэтым щыхахам Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и полномочиехэр нэхъ пасэу щхьэщыхын.
  •    3. Къару имыIэжу къэлъытэн «Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым хэтым — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и лIыкIуэхэм и полномочиехэр зэратым и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым 2013 гъэм фокIадэм и 26-м къищта Унафэ №1638-м.
  •    4. Мы Унафэр Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым хуегъэхьын.
  •    5. Мы Унафэм къару егъуэт къыщащта махуэм щегъэжьауэ.
  •                 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
  •                 Парламентым и УнафэщI
  •                                                 Чеченов Ануар
  • Налшык къалэ
  • 2013 гъэм дыгъэгъазэм и 24-м
  • 1780-П-П