ИлъэсыщIэ тыгъэ
2013-12-18
- Дыгъэгъазэм и 31-м Iэдииху жылагъуэм щыпсэу еджакIуэхэм школыщIэ тыгъэ хуащIынущ.
- ИпэкIэ мыбы дэта еджапIэ унэр кхъахэ хъуат: и блынхэр къэчат, унащхьэм псы къызэпхыкIырт, и лъабжьэр етIысэхат.
- Къалэ унафэщIхэм щытыкIэр иджыри зэ къапщытэжри, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен лъэIукIэ зыхуагъэзауэ щытащ икIи 2011 гъэм и щIышылэ мазэм ухуэныгъэхэм щIадзащ.
- УхуэныгъэмкIэ подрядчик нэхъыщхьэу къэуващ «Гъуэгу, промышленнэ, гражданскэ ухуэныгъэхэр» фирмэр. Абы и лэжьакIуэхэм яхузэфIэкIащ илъэситIым къриубыдэу къатищу зэтет унэр яухуэну.
- Школыр Iыхьищу зэхэтщ. Абы хеубыдэ административнэ, пэщIэдзэ классхэр, класс нэхъыжьхэр зэпэщхьэхуэу щеджэнухэр.
- Иджырей мардэ нэхъыфIхэм тету яухуа еджапIэм и IуплъапIэр керамогранит пкъыгъуэмкIэ дахэу къращIыкIащ.
- Сабий 550-м тещIыхьауэ яухуа еджапIэм котели 3 щагъэуващ. Абы школыр къызыхуэтыншэу игъэплъынущ. Апхуэдэу ухуэныгъэщIэм хэтщ метр зэбгъузэнатIэ 288-рэ хъу спортзал, цIыху 312-рэ зыщIэхуэну актовэ пэш ин.
- Школ щIыбми кIуэцIми видеокамерэхэр щагъэуващ.
- Мы зэманым ирихьэлIэу лэжьыгъэ псори тэмэму кърахьэлIащ. Къахуэнар футбол джэгупIэмрэ пщIантIэмрэ зыхуей хуэгъэзэнырщ.
- Генподрядчикым и IэщIагъэлIхэм къызэрыхагъэщамкIэ, дыгъэгъазэм и 30-м ухуэныгъэр къэрал комиссэм и пащхьэ иралъхьэнурэ, илъэсыщIэр къыщихьэкIэ гуфIэгъуэ дауэдапщэкIэ къызэIуахынущ.
- ШЭРЭДЖ Дисэ.