Дэ хэтхмэ нэхъыфIщ, ди цIэкIэ хах нэхърэ
2013-11-20
- КъБР-м и Жылагъуэ палатэм къеблэгъат Урысей Федерацэм и IуэхущIапIэ ар зи къудамэм и лIыкIуэхэр. Политикэ партхэм я хэхыныгъэхэр тэмэму къызэгъэпэща хъунырт ахэр къызытекIухьари, абы ехьэлIауэ яIэ Iуэху еплъыкIэхэр утыку кърахьащ, хэгъэрейхэм я жэрдэмхэри къалъытэну къагъэгугъащ.
- Республикэм и Жылагъуэ палатэм и унафэщI Тау Пщыкъан зэIущIэр къызэIуихри, япэ псалъэр иритащ социальнэ, политикэ къэхутэныгъэхэмкIэ «Аспект» центрым цIыхухэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымрэ суд-хабзэхъумэ IэнатIэхэм ядэлэжьэнымкIэ и комиссэм хэт Федоров Георгий.
- — Ди IуэхущIапIэм и къалэн нэхъыщхьэ дыдэр политикэ партхэм я хэхыныгъэр ныкъусаныгъэншэу къызэдгъэпэщынырщ, — жиIащ абы. — Абыхэм ящыщ гуэрми дрителъхьэу, дрилIыкIуэу щыткъым, УФ-м и ХэхакIуэ комиссэ нэхъыщхьэм дыдолажьэ, хэхыныгъэхэр зэрефIэкIуэну къащыхъу Iуэху бгъэдыхьэкIэхэр хэгъуэгухэм къыщызыдогъэпэщ. Дыхуейт ныкъусаныгъэу къэфлъытэхэм дыкъытевгъэувыIэну, ахэр лъэныкъуэ зэредгъэзыфыну хэкIыпIэхэм я гугъу дывгъэщIы- ну.
- КъыкIэлъыкIуэу къэпсэлъащ «Аспект» центрым и унафэщI, УФ-м и Президентым деж жылагъуэ Iуэхухэр егъэфIэкIуэнымрэ цIыхухэм я хуитыныгъэр пхыгъэкIынымкIэ щыIэ советым хэт Брод Александр.
- — Сытым дежи ущтэIэщтаблэу Кавказ Ищхъэрэм укъокIуэ, сыту жыпIэмэ, лэжьапIэншагъэм, зауэ-банэм теухуа хъыбархэр куэдщи. Апхуэдэу екIуэкIыну пIэрэ, хьэмэрэ Iуэхухэр ефIэкIуэжыну дыщыгугъ хъуну, жыпIэу уогупсыс. Кавказым зегъэужьыным ехьэлIа программэм хэткъым жылагъуэ институтхэм я пщIэр къэIэтыным ехьэлIа Iыхьэ. А упщIэр мызэ-мытIэу къэсIэтащ, хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэми институтхэми дэIэпыкъу фонд щхьэхуэхэр щыIэн хуейуэ си щхьэкIэ къызолъытэ, цIыхухэм я гукъеуэмрэ жэрдэмымрэ набдзэгубдзаплъэу хущытын хуейуи къысщохъу. Ауэ псом я щхьэр шынагъуэншагъэрщ.
- АдэкIэ Брод Александр и гугъу ищIащ хабзэхъумэ лэжьакIуэхэм ящыщу бзаджащIэхэм яIэщIэкIуэда щIалэхэм я адэ-анэхэм зэрахуэзам. Абыхэм гукъеуэу къаIэтахэм ящыщ гуэрхэр зэфIэха зэрыхъунур хэхыныгъэхэр зэрекIуэкIым елъытауэ къызэрилъытэр къыхигъэщащ.
- — Хэхыныгъэхэр къызэгъэпэщынымрэ ар зэрекIуэкIым укIэлъыплъынымрэ куэдкIэ нэхъ гугъущ езы хэхыныгъэм нэхърэ. Къэрал унафэр зыIэщIыхьэнухэр къыхэхыныр, цIыхухэм я Iуэху еплъыкIэхэм бгъэдыхьэкIэщIэ къахуэгъуэтыныр, жылагъуэм и гукъэкIхэмрэ жэрдэмхэмрэ ядэIыгъыныр, нэгъуэщI Iэджи къызэщIеубыдэ абы, — жиIащ Брод Александр.
- Жылагъуэ Iуэху еплъыкIэхэр зыдж урысейпсо центрым (ВЦИОМ) и унафэщI Федоров Валерий къыхигъэщащ хэхыныгъэхэм цIыхухэр зэрымыкIуэр, «арыншами, зэрыхуейуэ ящIынущ» бгъэдыхьэкIэм зэрытетыр.
- — Жэуаплыныгъэ пылъу хэхыныгъэхэм бгъэдыхьэу, езым нэхъ игу къыдыхьэу къилъытэм Iэ хуиIэтыным куэд дыдэ зэрелъытар цIыху къэс хьэкъ щыхъупхъэщ. Арыншамэ, зэи тэмэму пхуегъэкIуэкIынукъым хэхыныгъэхэр, цIыхухэри абы уэру пхуешэлIэнукъым. Мис аращ ди къалэн нэхъыщхьэр: гъэпцIагъэ зэрыхэмылъыр наIуэ тщIын, зыгуэрым и пIэкIэ ирадзэр дгъэмэщIэн, хэхыпIэхэм лэжьыгъэр зэрыщекIуэкIым набдзэгубдзаплъэу щыкIэлъыплъын, нэгъуэщIхэри.
- ЗэIущIэм зыкърезыгъэхьэлIахэу КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэхэу Бозий Натбий, Тау Пщыкъан, «НОТР» телеканалым и Iэтащхьэ, КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и фондым и унафэщI Вэрокъуэ Владимир, нэгъуэщIхэми къагъэлъэгъуащ я Iуэху еплъыкIэр, хэхыныгъэхэм емыхьэлIа гукъеуэ зыбжани хэIущIыIу ящIащ. Псалъэм папщIэ, «Урысей 1» каналымкIэ екIуэкI «Поединок» телевизионнэ нэтыным Жириновский Владимир кавказ лъэпкъхэр зэрыщигъэпудар хабзэми цIыхугъэми къызэремыкIур, Урысей телеканалхэм къэралым и щIыналъэ цIыкIухэм ятеухуауэ фIы лъэпкъ къызэрамыгъэлъагъуэр, «лица кавказской национальности» псалъэ жагъуэхэр IэщIыб ящIыжыну зэричэзур. «Зауэ-банэм и закъуэкъым дэ диIэр, щэнхабзэ къулей къыддогъуэгурыкIуэ, хабзэ дахэ зыдохьэ, икIэм-икIэжым, лIэщIыгъуэхэм къапхыкIа бзэ гъэщIэгъуэн тIурылъщ. Сыт дызыгъэлъахъшэрэ дызыгъэикIэрэ фIэкIа телевизореплъым и пащхьэ щIрамыхьэр? СыныволъэIу абы ехьэлIа псалъэ ди къэралым и къалащхьэм тхунэвгъэсыну», — жиIащ Вэрокъуэ Владимир. «Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэр пэкIэ псы дефэркъым, Москва дэсхэми хуэдэу щIэныгъэ диIэщ, IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэрыдогъэхьэ. Зэвмыпэс кавказ лъэпкъхэм ящыщу процент 18,7-рэ тэмэму щолажьэ Москва, мыхъумыщIэу къахэкI закъуэтIакъуэм фIэкIа фымылъагъу щхьэкIэ», — къыхигъэщащ Тау Пщыкъан.
- ЗэIущIэм къыщаIэта Iуэхухэм кърихьэлIахэр тIэкIу зэщIигъэплъами, я гукъеуэ зэжраIауэ, ахэр зыхуэгъэза къэрал къулыкъущIапIэхэм зэрыхъукIэ нагъэсыжыну зэгурыIуауэ зэбгрыкIыжащ. КIэухыу хьэщIэхэм журналистхэм ди упщIэхэм жэуап къратащ.
- Хьэту ДжэбрэIил.