ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Умыщхьэхыу сыту упсэлъэфрэ?

2013-09-07

  •  
  • Пащтыхь гуэрым унафэ ищIат: къэралым щхьэхынэу исым хэплъыхьу я нэхъ щхьэхынэ дыдэу тIу къы­хуа­шэну. Пащтыхьым жи­Iар унафэти, псоми хэплъэри, нэхъ щхьэхынэ дыдэу тIу къыхахри къыхуашащ.
  •  
  • ТIури къэтIысын щхьэхыу плIаплIэу гум илът. Пащтыхьыр къыщIэкIри еплъащ, унафэ ищIри гум кърыригъэхри, унэ нэщI гуэ­рым щIригъэлъхьащ. ЯщIэм кIэлъыплъыну хъу­макIуи Iуигъэувэжащ. Жэщ-махуэ куэдкIэ хъума­кIуэр якIэлъыплъащ, ар­щхьэ­кIэ щхьэхынитIри щылът замыгъэхъейуэ.
  • ИтIанэ пащтыхьым унафэ ищIащ ахэр зыщIэлъ унэм мафIэ щIадзэну.
  • МафIэр кIуэурэ зым деж нэсри и лым еIэ щыхъум:
  • — Си гугъэмкIэ мафIэ къытщIадзащ, — жиIащ зимыгъэхъейуэ здэщылъым.
  • — Умыщхьэхыу сыту упсэлъэфрэ? — жиIащ адрейр къэпсалъэри.
  •  
  • КъардэнгъущI Зырамыку.