Нартсанэ и щIыпIэ дахэхэр ирагъэлъагъу
2013-08-28
- КъБР-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм гъэ еджэгъуэщIэм и пэ къихуэу псапащIэ Iуэху иригъэкIуэкIащ. Абы къыхэкIа мылъкумкIэ республикэм и районхэм, къалэхэм щыпсэу сабий 45-м щIигъу Нартсанэ зыплъыхьакIуэ яшащ. Ахэр щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэхэмкIэ лагерхэм, санаторэхэм зыщызымыгъэпсэхуфахэрщ — унагъуэшхуэхэм, хуэмыщIахэм, щытыкIэ гугъу къихутахэм къахэкIа сабийхэрщ.
- ЗыплъыхьакIуэ яшэ сабийхэр ирагъэжьащ КъБР-м лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Тюбеев Альбертрэ «Урысей зэкъуэт» политикэ партым и щIыналъэ къудамэм и гъэзэщIакIуэ комитетым и унафэщI Канунниковэ Татьянэрэ. Ахэр сабийхэм къэблагъэ гъэ еджэгъуэщIэмкIэ ехъуэхъуащ, ехъулIэныгъэхэр зыIэрагъэхьэу, гъащIэм нэжэгужэу хэтыну къыхураджащ.
- — Дэ дыхуейщ фэ нобэ ныбжьэгъу фызэхуэхъуну, фIыуэ зывгъэпсэхуну, ди щIыпIэ дахэхэр зэвгъэлъагъуну, — жиIащ Тюбеев Альберт. — Догугъэ дыкъэзыухъуреихь дахагъэ псор зэвгъэлъагъуфынымкIэ Iэмал нэхъыбэ дяпэкIэ фиIэну, фыкъыщыхъуа щIыналъэр фIыуэ флъагъуу, ар вгъэлъапIэу фыпсэуну ди гуапэщ.
- НыбжьыщIэхэм Нартсанэ дэт жыг хадэ цIэрыIуэм зыщаплъыхьащ, къалэм щагъэува щэнхабзэ фэеплъхэр ирагъэлъэгъуащ, мыбы щыпсэуа цIыху цIэрыIуэхэм я хъыбархэм щIагъэдэIуащ. Псом хуэмыдэу сабийхэм гукъинэж ящыхъуащ хыкхъуэхэр щаIыгъ щIыпIэр, абы щалъэгъуа теплъэгъуэр.
- Сабийхэм фэеплъ сурэтхэр куэду зытрагъэхащ.
- Токъмакъ Мадинэ.