ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Дакъикъэ лей диIэкъым

2013-08-17

  • «Мэшыкъуэ-2013» Кавказ Ищхъэрэ щIалэгъуалэ форумым шыщхьэуIум и 15-м егъэджэныгъэ лэжьы­гъэхэм щыщIидзащ. Проектым ехьэлIа дерсхэр пщэдджыжьым екIуэкIа нэужь, щхьэж и унэтIыныгъэм теухуа лекторийхэм зэбгрыкIащ. Псалъэм папщIэ, «Информационные технологии» унэтIыныгъэм хэт ныбжьыщIэхэр «Секреты копирайтинга», «Механика социальной рекламы», «Блогер как активная гражданская позиция» лекцэхэм щIэсащ.
  • Кавказ Ищхъэрэм и Журналистхэм я зэгухьэ­ныгъэм и Iэтащхьэ Мусаев Ражап къызэхуэсахэм къыджиIащ щIыналъэм блогер IуэхущIафэм зэрызыщиужьым, абы къыхэкIыу щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ абы гулъытэ хэха хуа­щIы­ну къыхури­джащ.
  • «Волонтерство» унэ­тIыныгъэр къыхэзыха щIа­лэгъуалэр щIэсащ цIыху мин 25-м я гупсысэр зэрыбунэтIынум,  проек­­тхэр зэхэлъхьэным и технологиер щызэра­­гъэ­щIа лекцэхэм. Сэ къыхэсха унэтIыныгъэр «Творчествэмрэ щэнхабзэмрэщ». Режиссурэм, проектированием нэхъ гъэщIэгъуэну узэрыбгъэдыхьэнум, нэгъуэщIхэми дыхурагъаджэ. Шыщ­хьэуIум и 16 пщэдджыжьым щегъэжьауэ щIэны­гъэр хэзыгъахъуэ лекцэхэр диIащ, итIанэ шоу-бизнесым хэлъ щхьэхуэныгъэхэм IэщIагъэлIхэр къытхутепсэлъыхьащ. «Comedy Club» нэтыным и продюсер Ляпоров Алек­сей, театрымрэ киномрэ я актер Жалнин Ярослав, телевиденэм, циркым, кином я актер Гусенгаджиев Мухътар сымэ гъэ­щIэ­гъуэн куэд къыджаIэжащ, я IэщIа­гъэм и щэхухэм дыхагъэ­гъуэзащ. Хуабжьу гукъи­нэж хъуащ Псыхуабэрэ Абхъазымрэ я КВН гупхэм я лIыкIуэхэр къызэрытхыхьар. Абыхэми пса­лъэ­макъ щхьэпэ дра­гъэ­дэIуащ.
  • «Мэшыкъуэ-2013» зэхыхьэр хуабжьу гъэщIэ­гъуэну йокIуэкI, лекцэ зэмылIэужьыгъуэхэм щIэс зэныбжьэгъухэр къы­щIэ­кIыжа нэужь, зэдогуашэри, дэнэкIэ сыт щекIуэ-кIми зэрощIэ. Пщэдджыжьым сыхьэтипщIым щы­щIэ­дзауэ, пщыхьэщхьэр хэкIуэтэху зы дакъикъи лейуэ диIэкъым, егъэджэныгъэ дерсхэмрэ лекцэ къыхэхахэмрэ йокIуэкI. КъищынэмыщIауэ, абыхэм жыджэру, псалъэмакъым уи гупсысэр къыщыбгъэлъагъуэу ухэтын хуейщ, иужькIэ сэбэп къыпхуэхъужыну гулъытэхэр зэхуэпхьэсын пап­щIэ.
  •  
  • Щомахуэ Залинэ,
  • «Адыгэ псалъэ» газетым и корреспондент.
  • Псыхуабэ къалэ