Къэжэр Альберт Анзорей щыщIалъхьэжащ
2013-08-16
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къыбгъэдэкIыу УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым хэта, шыщхьэуIум и 14-м автомобиль зэжьэхэуэм хэкIуэда Къэжэр Альберт дыгъуасэ КъБР-м и Лэскэн районым щыщ Анзорей къуажэм щыщIалъхьэжащ. Гуауэм кърихьэлIащ ФедерацэмкIэ Советым и лIыкIуэхэр, Парламентым и ипщэ палатэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Торшин Александр я пашэу, Ингуш Республикэм и ЦIыхубэ зэхуэсым и УнафэщI Дидигов Мухьэрбэч, Осетие Ищхъэрэ — Алание республикэм и Iэтащхьэ Мамсуров Таймураз, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Къардэн Мурат сымэ зи пашэ гупхэр, КъБР-м и къэрал властым и органхэм, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, республикэм и щIыпIэ куэдым щыпсэухэр.
- Гузэвэгъуэ пэкIум къыщыщыпсалъэм КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен къыхигъэщхьэхукIащ и ныбжьэгъум икIи и лэжьэгъум блэкIа зэманым иту тепсэлъыхьыну хуабжьу къызэрехьэлъэкIыр. «Къэбэрдей-Балъкъэрым фIэкIуэдащ щалъхуа щIыналъэр, Кавказ Ищхъэрэр, зэрыщыту Урысей Федерацэр егъэлеяуэ фIыуэ зылъагъу цIыхур. Ар хуабжьу хуэсакъыу бгъэдыхьэрт езыр щалъхуа щIыналъэм пыщIа сыт хуэдэ Iуэхуми. Сыт хуэдэ IэнатIэ пэрымытами, Альберт Хьэту и къуэр лэжьыгъэм хуэжыджэру щытащ, псалъэкIи IуэхукIи цIыхухэм зэрадэIэпыкъуным хущIэкъуу, республикэм и жылагъуэ-политикэ гъащIэм зэреплъыр зэIухауэ жиIэу икIи пхигъэкIыу. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Президентым и Администрацэм и УнафэщIу, иужькIэ федеральнэ мыхьэнэ зиIэ политикыу здэлажьэм, абы КъБР-м и сэбэп зыхэлъхэр ФедерацэмкIэ Советым, гъэзэщIакIуэ властым и федеральнэ органхэм жыджэру щыпхигъэкIыу екIуэкIащ. Ар цIыху зэIухат, нехьэкI-къехьэкI зымыщIэ политикт, ныбжьэгъу нэст, унагъуэлIт. ИкъукIэ гуауэщ къызэрымыкIуэ апхуэдэ цIыхур зэрытщIымыгъужыр. Къэжэр Альберт Хьэту и къуэм и фэеплъыр гъэлъэпIэнымкIэ Iуэху нэхъыфI дыдэу щытынущ иджырей зэманым хэзэгъа, зэпымыууэ ефIакIуэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр зэтегъэувэным хуэгъэзауэ ар зыщIэхъуэпсахэр гъэзэщIэныр», — жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэм.
- ФедерацэмкIэ Советым и УнафэщI Матвиенкэ Валентинэ, сенаторым и лэжьэгъуу щытахэм я цIэкIэ Торшин Александр хэкIуэдам и унагъуэм хуэгузэващ. «ФедерацэмкIэ Советым ар щылэжьащ законхэр къэщтэным куууэ егупсысу икIи нэхъ захуэу къилъытэ Iуэхухэр зэрыпхигъэкIыным ерыщу хущIэкъуу. А псоми къадэкIуэу, абы жэуаплыныгъэми зыпыIуидзыртэкъым. Ар нэхъ щIалэхэм къащхьэщыжырт икIи абыхэм я ехъулIэныгъэхэм хуабжьу щыгуфIыкIырт. Къэбэрдей-Балъкъэрым иджыпсту зеужь икIи абы псоми гу лъатэ. Аращ Альберт Хьэту и къуэм хуэдэ цIыхухэм республикэр хуабжьу щIахуэныкъуэр. ИкъукIэ гуауэщ ар зэрытфIэкIуэдар», — къыхигъэщащ Торшин Александр.
- Гузэвэгъуэ пэкIум къыщыщыпсалъэм Кавказ Ищхъэрэм и республикэхэм я лIыкIуэ гупхэм я унафэщIхэм, дунейм ехыжам дэлажьэу щытахэм, и къуажэгъухэм къыхагъэщхьэхукIащ Къэжэр Альберт и IэщIагъэм хуэIэзэу, цIыху нэсу, ныбжьэгъу пэжу, щIалэгъуалэм я гъэсакIуэ IэкIуэлъакIуэу зэрыщытар.
- КъБР-м и Парламентым и спикер Чеченов Ануар жиIащ мы махуэхэм Урысейм и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм, нэгъуэщI къэралхэм къикIыу Къэжэр Альберт зыцIыхуу щытахэм, дэлэжьахэм, и ныбжьэгъуахэм къабгъэдэкI телеграммэхэр къызэрыкIуэр икIи ахэр дунейм ехыжам и Iыхьлыхэмрэ и благъэхэмрэ, республикэм исхэм къазэрыхуэгузавэр.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
- Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.