ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Махуэ къэс шэ тонн 47-рэ

2013-08-06

  • Мы гъэм Къущхьэхъум Iэщышхуэу мин 30-м, мэлрэ бжэну мини 100-м щIигъу, шыуэ мини     6,5-м нэблагъэ щаIыгъщ.
  • Махуэ къэс шэ тонн 47-рэ къаш. Ар нэгъабэ елъытауэ проценти 4-кIэ нэхъыбэщ. IэщIэвыщIэм я хьэлъагъым жэщ-ма­хуэм грамм 500-м щIигъу хохъуэ. А бжыгъэри нэ­гъабэрейм проценти 6-кIэ щIегъу.
  • Зэрагъэунэхуащи, гъэмахуэ хъупIэхэм Iэщыр уз зэрыцIалэхэм нэхъ щыхъума щохъу, витаминрэ минерал веществохэмрэ куэду зыхэлъ гъэшу къатым щыхохъуэ. КъищынэмыщIауэ, Къущхьэхъур къызэрагъэсэбэпым лэжьыгъэм текIуадэр хуэдитIкIэ егъэмащIэ, мэкъумылэм къахудегъахуэ.
  • Мы гъэм гъэмахуэ хъу­пIэхэм былыму процен­титI­кIэ нэхъыбэ щаIы­гъщ.
  •  Самченкэ Светланэ.