ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зэныбжьэгъухэм я къалэ

2013-08-03

  • Гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр сабийхэм я дежкIэ зэман те­лъы­джэщ. Налшык къалэ администрацэм Лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и IуэхущIапIэр, Къалэдэсхэм социальнэ Iуэхутхьэбзэхэр щыхуащIэ центрыр, «Гугъэм и унэ» зэ­гухьэныгъэр зэгъусэу «Восход» лагерым сабийхэм я зы­гъэ­псэхугъуэ зы махуэ къызэрагъэпэщащ. Абы къекIуэ­лIащ илъэси 5 — 15 ныбжьым ит сабий 40.
  •  
  • ЦIыкIухэм гуфIэгъуэ куэд къапэплъэрт. Лагерым абыхэм къащыIущIащ пщэдджыжь зарядкэ езыгъэкIуэкI волонтёрхэр. ИужькIэ абыхэм къапэплъэрт сабийхэм я нэгу зэрызрагъэужь парашютхэмрэ топхэмрэ, IэфIыкIэхэр зытелъ Iэнэр, гуащэ хьэпшыпхэр щIыныр, нэгъуэщIхэри. ЦIыху хьэл-щэнхэм щыщу фIым хущIэкъуныр, жэуаплыныгъэр, гуа­пагъэр зищIысым теухуауэ психологыр ныбжьыщIэхэм епсэлъащ. Иужьым ахэр хэтащ тхъурымбэ къэгъэпщынымкIэ зэрызытрагъэу джэгум, къафэм.
  • — Сабийхэр щызэхуэтшэсын хэщIапIэ къызэрыдитам папщIэ — «Восход» лагерым и унафэщI Къумыкъу Анзор, «НПИИ»-м и тхьэмадэ Юсупов Хьэсэнрэ Къалэдэсхэм социальнэ Iуэху­тхьэ­бзэхэр щыхуащIэ центрым и унафэщI Бейтыгъуэн Заур­рэ — сабийхэр къызэретшэкIын транспорт къызэрыдатам щхьэ­кIэ, «PEPSI» кампаниемрэ ди спонсорхэмрэ зэхьэзэхуэр­ къызэдгъэпэщыну Iэмал къызэрыдатам щхьэкIэ фIыщIэ ин яхудощI. А махуэм къигъэлъэгъуащ зы ныбжьым ит сабийхэр зэгу­ры­Iуэу бгъэсэным мыпхуэдэ зэхыхьэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр. Дэ къетхьэжьа Iуэхум «Зэныбжьэгъухэм я къалэ» фIэтщащ. Нобэ абы дэтхэнэми ныбжьэгъущIэ къыщи­гъуэтащ, и гур утIыпщауэ гупым хэтащ. Дыхуейщ зэхьэзэхуэр дяпэкIэ нэхъ щIэх-щIэхыурэ едгъэкIуэкIыну, — жиIащ БалигъыпIэ имыувахэм ядэлэжьэнымкIэ, пIынымрэ зыхуей хуэгъэзэнымкIэ къудамэм и унафэщI Бэдракъ Iэминэ.
  •  
  • Гугъуэт Заремэ.