ДяпэкIэ пенсэр къызэрабжыну IэмалыщIэ
2013-07-09
- Урысей Федерацэм лэжьыгъэмрэ социальнэ къыщхьэщыжыныгъэмкIэ и министр Топилин Максим, лэжьыгъэмкIэ министрым и къуэдзэ Пудов Андрей, УФ-м и Пенсэ фондым и унафэщI Дроздов Антон сымэ зыхэта федеральнэ видео-конференц Налшык щекIуэкIащ. Абы кърихьэлIащ УФ-м и Пенсэ фондым и къудамэу КъБР-м щыIэмрэ КъБР-м и Жылагъуэ палатэмрэ.
- Министрым жиIащ «Пенсэ калькулятор» онлайн проектыщIэ зэраутIыпщыр. Ар хуэунэтIащ иджырей пенсэ хабзэм е, зэрыжаIэщи, формулэм тещIыхьауэ, 2013 гъэм екIуэкI уасэхэр къалъытэу, зи ныбжь нэсахэм я пенсэр къэбжыным, Урысей Федерацэм и Правительствэм иджыпстукIэ иубзыху IэмалыщIэм. Абы папщIэ пунктибгъу хъу анкетэ щхьэхуэр ягъэхьэзырри, я пенсэр зыхуэдизынум теухуа хъыбар секунд бжыгъэм программэм къаIэрегъэхьэ. АрщхьэкIэ, калькуляторыр хуэщIакъым иджырей пенсионерхэм, пенсэ кIуэгъуэм илъэсищ нэхъ мащIэ къызыхуэна цIыхухэм, ныкъуэдыкъуэхэм, мылэжьэфхэм, зыгъэпсэухэр зыфIэкIуэдахэм, дзэ къулыкъущIэхэм, къарузехьэ ведомствэхэм я лэжьакIуэхэм, щхьэзакъуэ хьэрычэтыщIэхэм, шынагъуэ зыпылъ IэнатIэхэм щылажьэхэу нэхъ пасэу пенсэм кIуэну хуитыныгъэ зиIэхэм.
- Зи гугъу тщIы формулэщIэмкIэ 2015 гъэм щIышылэм и 1-м щыщIэдзауэ хабзэщIэр Урысейм щагъэувыну я мурадщ. Дызэрыщыгъуазэщи, зи ныбжь нэсам хуагъэув пенсэр ди къэралым нэхъ зыщызыубгъуа лIэужьыгъуэщ, ар цIыху мелуан 33,5-м яIэрохьэ. Ар УФ-м и Пенсэ фондым яхуегъэув пенсэ ныбжьым нэсахэм: цIыхубзхэм — илъэс 55-м, цIыхухъухэм — илъэс 60-м. Иджыри къыздэсым лэжьыгъэ пенсэр цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэзыгъэпэщым лэжьакIуэм щхьэщитыкI страховой взносым елъытауэ, ауэ щыхъукIи лэжьыгъэ стажыр зыхуэдизым зыкIи емыпхауэ щытащ. Ар къезэгъкъым экономикэ и лъэныкъуэкIэ жыджэр, лэжьыгъэкIэ гъэнщIа гъащIэ кIыхьым хуэхьэзырхэм я дежкIэ.
- Пенсионерхэм я гъащIэр ирагъэфIакIуэкIэрэ, пенсэ IэнатIэр зэтеухуэным хуэкIуэным, абы Iэмал имыIэу зегъэужьыным хуишащ. Абы и лъэныкъуэкIэ УФ-м и Правительствэм IэщIагъэлI, эксперт зэхуэмыдэхэр кърихьэлIэу зэIущIэ зыбжанэ щекIуэкIащ. Пенсэ убзыхукIэщIэм теухуа Iуэхугъуэхэм иджыри зэпкърыхауэ тепсэлъыхьынущ. А формулэщIэмрэ абы и мыхьэнэ нэхъыщхьэхэмрэ щаубзыхум къалъытащ Франджымрэ Германиемрэ я зэфIэкIыр. Пенсэ кIуэгъуэ ныбжьым хагъэхъуэнукъым, ят пенсэр псэун папщIэ нэхъ мащIэу зыхуеинум и кIэ хъунукъым, иджырей пенсионерхэм я хуитыныгъэхэмрэ пенсэмрэ къахуэнэжынущ. Ноби хуэдэу, ар IыхьитIу зэхэтынущ: страховойрэ накопительнэу. ЦIыхум и илъэс лэжьыгъэр къэзылъытэ «илъэс пенсэ коэффициент»-р щIэуэ хагъэхьэ. ХабзэщIэхэм къыщабжынущ улахуэр зыхуэдизри, и стажыр зэрыхъури. ЦIыхубзхэм я стажыр илъэс 30 е нэхъыбэ хъумэ, цIыхухъухэм ейр илъэс 35-рэ е абы щIигъумэ, саугъэт коэффициентхэр хуагъэувынущ. Апхуэдэуи езым и фIэфIыныгъэкIэ пенсэ кIуэгъуэр, и ныбжь нэсауэ и пенсэр хуагъэувыныр, игъэIэпхъуэмэ, абы и пенсэм хэхъуэнущ.
- ЩIэуэ къыхыхьэхэмкIэ дгъэзэжынщи, Топилин Максим къызэрыхигъэщамкIэ, пенсэ калькуляторыр цIыху щхьэхуэм и пенсэр нэщIысауэ къэзыбжкъым, атIэ илъэс бжыгъэкIэ узэрылэжьам пэкIуэну пенсэр зыхуэдизынур къэплъытэнымкIэ Iэмал къозытщ. Иджы цIыхухэм я лэжьыгъэр яубзыхуфынущ, стажым и кIыхьагъыр яунэтIыфынущ, армэм къулыкъу щыщIэныр, сабийм бгъэдэсын папщIэ отпуск къащтэныр и пенсэр зыхуэдизынум елъытауэ яубзыхуфынущ. Нэхъыщхьэращи, хабзэщIэмрэ иджыпстукIэ лажьэ пенсэ формулэмрэ тещIыхьауэ дяпэкIэ я пенсэр зыхуэдизынур зэрагъэпщэфынущ.
- — Хуэмурэ дэ дыхуокIуэ 2030 гъэм ику ит пенсэр цIыхур псэун папщIэ нэхъ мащIэу зыхуеинум хуэди 2,5-м зэрынэсыным. Курыт классым пенсэ тэмэм хуагъэувынымкIэ формулэщIэм Iэмал нэхъыбэ къитынущ. Абы 2015 гъэм щIышылэм и 1-м лэжьэн щIидзэн хуейщ, икIи адэкIэ лэжьыгъэшхуэ къытпэщылъщ, — жиIащ министрым.
- Пенсэ гъэувыкIэм, убзыхукIэм теухуа зэхъуэкIыныгъэхэм, ягъэув хабзэщIэм уи пенсэр зыхуэдэнум ехьэлIауэ узыхэплъэн, зэпэплъытын куэд хэлъщ. Иджырей формулэмкIэ пенсэ къабжын папщIэ илъэситху стаж къащтэмэ, дяпэкIэ ар илъэс 15-м нагъэсынущ. Аращи, уи улахуэр нэхъыбэху, уи стажыр нэхъ кIыхьыху, уи ныбжь нэсауэ ягъэувыну лэжьыгъэ пенсэри нэхъ лъагэнущ. Абы егупсысыпхъэр 1967 гъэм, абы и ужькIэ къалъхуахэрщ.
- Пенсэ калькуляторыр Урысей Федерацэм ЛэжьыгъэмкIэ и министерствэм и www.rosmintrud.ru УФ-м и Пенсэ фондым и www.pfrf. ru веб-сайтхэм къыщыгъэлъэгъуащ.
- УЭРДОКЪУЭ Женя.