ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Гулъытэ хэха ягъуэт

2013-07-09

  •   Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэсапIэхэм мы зэманым йокIуалIэ илъэси 3-7 зи ныбжьу ди щIыпIэм щыпсэу сабийхэм я процент 80-м щIигъу. НэгъуэщIу жыпIэмэ, республикэм и апхуэдэ IуэхущIапIэ 211-м егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэхэр щыдрагъэ­кIуэкI цIыкIу мин 38-м. Ауэ щыхъукIи, сабий садхэр зэрызэпэубыдам къыхэ­кIыу 2648-рэ апхуэдэ Iэмал щагъуэтыным поп­лъэ.
  •  
  •  «Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ IэнатIэм къэрал политикэр щегъэкIуэкIыным и IуэхукIэ» УФ-м и Президентым къыдигъэкIа Унафэм ипкъ иткIэ, КъБР-м и Правительствэм «гъуэгу картэ» хэха зэхилъхьащ. Абы къыщыгъэлъэгъуащ мыхьэнэшхуэ зиIэ а Iэна­тIэм нэхъри зэрызрагъэужьын Iэмалхэр. Псалъэм папщIэ, республикэм и ­куейхэмрэ къалэхэмрэ къызэрагъэпэщынущ уна­гъуэ садхэр, цIыкIухэм зэман пыухыкIакIэ щы­кIэ­лъыплъыну IуэхущIапIэхэр. Апхуэдэу школ кIуэ­гъуэ ныбжьым нэса цIыкIу­хэр еджэным щыхуа­гъэхьэ­зырынущ курыт школхэм. Адэ-анэхэм чэнджэщ щхьэпэхэр щрат IуэхущIапIэ­хэри къызэра­гъэпэщ.
  •  Яубзыхуа Iуэхугъуэхэр лъэпощхьэпоуншэу зэ­фIэ­ха хъумэ, 2013 гъэм и фо­кIадэм ирихьэлIэу сабий садхэм щыкIуэнум пэплъэхэм я бжыгъэм миным щIигъу хэщIынущ.
  •  КЪЭРЭШЕЙ Элеонорэ.