2013-06-19
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм 2013 гъэм икIыу хьэжыщI кIуэнухэм
- ядэIэпыкъунымкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитетым теухуауэ
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ
- 2013 гъэм мэкъуауэгъуэм и 11-м №60-РГ
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм икIыу муслъымэн щIыналъэ лъапIэхэу Мэккэрэ Мадинэрэ хьэжыщI кIуэнухэм ядэIэпыкъун мурадкIэ:
- 1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм 2013 гъэм икIыу хьэжыщI кIуэнухэм ядэIэпыкъунымкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитет къэщтэн икIи абы хэгъэхьэн мы унафэм и гуэдзэным итхэр.
- 2. Къэрал властым и республикэ органхэм, щIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ органхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ организацэхэмрэ чэнджэщ етын хьэжыщI кIуэнухэм ядэIэпыкъуну.
- 3.Мы унафэм къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.
- Къэбэрдей-Балъкъэр
- Республикэм и Iэтащхьэ
- Къанокъуэ Арсен
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
- Iэтащхьэм 2013 гъэм мэкъуауэгъуэм и 11-м
- къыдигъэкIа унафэ № 60-РГ-мкIэ къищтащ
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм 2013 гъэм икIыу хьэжыщI кIуэнухэм ядэIэпыкъунымкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитетым хэтхэр
- Къуэшрокъуэ З. Къ. — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэр (къызэгъэпэщакIуэ комитетым и унафэщIщ)
- Бэджыдэ Ю.М. — Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм Гъуэгухэм шынагъуэншэу щызекIуэнымкIэ и къэрал инспекцэм и управленэм и унафэщIыр (зэгурыIуауэ)
- Бесчокъуэ А.Ш. — Федеральнэ таможнэ къулыкъущIапIэм и Кавказ Ищхъэрэ таможнэ управленэм и Минераловодскэ таможнэм и Къэбэрдей-Балъкъэр таможнэ постым и унафэщIыр (зэгурыIуауэ)
- Гергоков Дж. Б. — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министрым и къуэдзэр (къызэгъэпэщакIуэ комитетым жэуап зыхь и секретарщ)
- Дзасэжь Хь. У. — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и тхьэмадэр (зэгурыIуауэ)
- ДыщэкI А. З. — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм транспортымкIэ, связымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министрыр
- Жанатаев С. А. — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ и комитетым и унафэщIыр (зэгурыIуауэ)
- Къумахуэ М. Л. — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхубэ хъыбаре- гъащIэ IэнатIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министрыр
- Пугачев А. Н. — «Урысей Федерацэм ШынагъуэншагъэмкIэ и федеральнэ къулыкъущIапIэм и гъунапкъэхъумэ управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ» федеральнэ къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм и унафэщIыр (зэгурыIуауэ)
- Сокъур О. Хь. — Iэпхъуэшапхъуэхэм я IуэхухэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщIыр (зэгурыIуауэ)