Псыхуабэ кIуэну загъэхьэзыр
2013-06-08
- Иджыблагъэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым «Мэшыкъуэ — 2013» кавказпсо щIалэгъуалэ зэхуэсым хэтыну жэрдэм зыщIахэр щызэхуэсащ.
- ЩIалэгъуалэм ехьэлIауэ къаIэт Iуэху щхьэпэхэм ящыщщ Мэшыкъуэ щыIэну зэхыхьэри. Мы гъэм абы Къэбэрдей-Балъкъэрым игъэкIуэнущ цIыху 240-рэ.
- Зэхыхьэр къызэзыгъэпэщахэм зыхуагъэувыж къалэнхэм ящыщщ щIалэгъуалэм я зэфIэкIыр щагъэлъэгъуэн утыку игъэхьэныр, абы къиIэт IуэхумкIэ акъылэгъурэ дэIэ- пыкъуэгъурэ къигъуэтыныр, лъэпкъ зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэныр.
- ЗэIущIэр къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и студент зэгухьэныгъэхэм я советым и унафэщI Лу Азэмэт.
- Япэу псалъэ зрата КъБКъУ-м и проректор Къумыкъу Iэуес жиIащ къахуеблэгъа хьэщIэ лъапIэхэр щIалэгъуалэм я мурадхэр зрагъэхъулIэнымкIэ сэбэпышхуэ къазэрыхуэхъунур. Абы папщIэ я лэжьыгъэхэр, проектхэр екIуу утыку зэрырахьэнум хуэдэу, хуагъэхьэзырын зэрыхуейр къыхигъэщащ.
- КIэлъыкIуэу къэпсэлъащ ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ Федеральнэ агентствэм щIалэгъуалэм я проектхэр пхыгъэкIынымкIэ, щIыналъэхэр зэдэгъэлэжьэнымкIэ къудамэм и унафэщI Гопэ Александр. Абы жиIащ лэжьыгъэшхуэ къазэрыпэщылъыр, «Мэшыкъуэ-2 013» зэхыхьэм ирахьэлIэну проектхэм жылагъуэмкIи къэралымкIи нэхъ сэбэпыр къыхэпхыныр зэрымытыншынур. «Фэ IэмалыфI дыдэ фиIэщ фи мурадым IэкIэ фытеIэбэну. Дэ жэрдэм зыщI цIыху жыджэрхэм дахуэныкъуэщ, апхуэдэхэм Iэмал зэриIэкIэ защIэдгъэкъуэнущ», — къыхигъэщащ абы.
- — ЩIалэгъуалэ дахэ, акъылыфIэ диIэщи, абы хуабжьу сегъэгуфIэ. Ди гуапэщ мыпхуэдэ зэхыхьэхэм хэтыну, я къару къыщагъэлъэгъуэну ди щIалэгъуалэ куэдым гупыж зэращIыр. Фи ехъулIэныгъэхэм дагъэгуфIэ, дамэ къыттрагъакIэ. Утыку ихьэну мурад зыщIам ехъулIэныгъэфIхэр фиIэу къэвгъэзэжыну, ди щхьэр лъагэу щIэтIэтын щIалэгъуалэ дызэрикуэдыр иджыри зэ ди фIэщ фщIыжыну дыфщогугъ, дэ ди лъэныкъуэкIэ ди къару къихь демыблэжу зыфщIэдгъэкъуэну дыхьэзырщ, — жиIащ Налшык къалэ администрацэм ЩIалэгъуалэ Iуэхухэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмкIэ и къудамэм и унафэщI Бахтияровэ Евгение.
- ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэм и унафэщI Казак Алексей утыкум къыщрагъэблэгъам къызэхуэсахэм къажриIащ ди республикэр фIыуэ зэрицIыхур, ар щIыналъэ дахащэу къызэрилъытэр.
- — ЦIыхум я нэхъыфIыр щыпсэур Кавказырщ, фэрыщIыгъэ зыхэмылъ лъэпкъ къабзэу, хэкупсэу ахэр къызолъытэ, — къыпищащ абы. — Мы махуэхэм дызэдэлэжьэнущи, ди къару къихь къэдгъэнэнкъым, зымащIэкIэ нэхъ мыхъуми, фи гъащIэр нэхъыфI зэрыфщIыным фыхуэдущиинщ. Сэ утыкум фыщымышынэу, псэлъэкIэ фщIэуэ, фи гупсысэр зэкIуу, дахэу къыфхуэIуатэу фезгъэсэнщ.
- АдэкIэ къагъэпсэлъар «ФОРСАЙТ» компанием и унафэщI Шарапов Сергейщ. Абы жиIащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыпэ къакIуэми, занщIэу ар игу зэрырихьар. «Фи мурадхэм Iуэху пыухыкIа къахэтщIыкIынщ», — захуигъэзащ абы щIалэгъуалэм.
- Мэшыкъуэ кIуэн мурад зиIэхэм я лэжьыгъэр убзыхуа зэрыхъунум теухуауэ хагъэгъуэзащ. Абы кърихьэлIахэр гупитхуу ягуэшри, кърагъэблэгъа IэщIагъэлI хьэщIэхэм я мастер-классхэм щIагъэсащ.
- ЗэIущIэхэр махуищкIэ екIуэкIащ, ныбжьыщIэхэм я лэжьыгъэхэр зэрырагъэфIэкIуэну чэнджэщхэр кърату.
- Щомахуэ Залинэ.
- Сурэтхэр ЕЛЪКЪЭН Артур трихащ.