ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«Пащтыхьымрэ пащтыхь гуащэмрэ»

2013-03-16

  • ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и зи чэзу лъэхъэнэр спек­так­лыщIэкIэ къызэIуихащ. Мы махуэхэм абы ща­гъэлъэгъуащ Толстой Алексей и «Пащтыхьымрэ пащтыхь гуащэмрэ» («Орел и орлица») пьесэм къытращIыкIа спектаклыр. Ар игъэуващ Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэр, Абхъаз республикэхэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр, режиссер Фырэ Руслан.
  •  
  • Тхьэщыгъуей Жаннэрэ Шыбзыхъуэ Басиррэ Гуащэнэрэ Грозный Иванрэ я ролхэр ягъэзащIэ.

  • Спектаклым хуагъэфэщащ КъБР-м и Iэтащхьэм ­театр гъуазджэм щигъэува грантыр, абы къыпэкIуа мылъкур псори текIуэдащ артистхэм я щыгъынхэмрэ сценэр зыхуеину хьэпшыпхэмрэ.
  • Пьесэр зытеухуар урыс пащтыхь Грозный Иванрэ Идар Темрыкъуэ ипхъу Мариерэ (Гуащэнэ) яку къыдэхъуэ лъагъуныгъэм и за­къуэкъым, атIэ абы и лъабжьэр куэдкIэ нэхъ куущ. Спектаклым къыщыгъэ­лъэгъуэжащ Урысей къэралыгъуэм и тхыдэм щыщ зы Iыхьэ, пащтыхьыгъуэ лъэ­хъэнэм цIыхухэм я зэ­хэ­тыкIар, фыгъуэижэм, щхьэ­хуещагъэм, къулыкъу щIэ­къу­ным лажьэншэ куэдым я гъащIэр зэрихьар.
  • Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артистхэм фIы дыдэу къай­хъулIащ а зэман жы­жьэм­ икIи хьэлъэм дыхашэжын. Iэзагъышхуэ хэлъу зи ролхэр зыгъэзащIа ­гупым Къэбэрдеймрэ Урысеймрэ яку дэлъ зэныб­жьэгъугъэм и къежьапIэр дигу къагъэ­кIыжкIэрэ, абы зи гъащIэр тыхь хуэзыщIа адыгэ бзы­лъ­хугъэ цIыкIум хамэщIым щигъэкIуа илъэсхэм дыха­хьэжри, а лъэхъэнэм сыхьэ­титIым щIигъукIэ «дыха­гъэп­­сэукIащ». Мыбдеж иджыри зэ ди нэгу щыщIэ­кIащ къулыкъу лъагэ зы­Iыгъ цIыхур и щхьэ зэрыхуи­мытыжыр, сыт хуэдиз зэ­фIэкI абы имыIэми, езым зэрызихъумэжын къару зэрыбгъэдэмылъыр. Пащтыхь Грозный Иван тхыдэм къызэрыхэщыжыр цIыху ткIий­уэщ, гущIэгъуншэущ, спектаклым абы ущыкIэ­лъыплъкIэ уогупсыс: «И щхьэмрэ езым нэхъ и гъунэгъу цIыхухэмрэ ихъумэжын папщIэ апхуэдэ «нэкIу­Iупхъуэр» къимыгъэсэбэпу пIэрэ?» -­ жы­­­пIэу. Ауэ абыи къихъумакъым ар. Тынш­къым зэхуэдэу цIыху псоми я арэзыныгъэр къэблэ­жьы­ну, фитIнэуэ къыб­гъэдэту дзыхь зыхуимыщI­хэм я гугъу умыщIыххи, къеп­цIыжыну зыхуимы­гъэфэщэ­хахэми хуэм-хуэмурэ и щIыб къыхуэгъэзащ абы. Хамэ­щIым къыщыхутэу фыгъуэижэмрэ щхьэхуещагъэмрэ щытепщэ пащтыхь уардэунэм илъэсийкIэ зи гъащIэр ще­зыхьэкIа адыгэ­ пщащэми игъэвар ма­щIэ­къым. ИтIа­ни ар зыхыхьахэм яхэтащ къызыхэкIа лъэпкъым хуэфэщэну, и щхьэгъусэм и Iуэху­хэр диIыгъыу икIи хуэ­пэжу бгъэдэ­тащ… Арат и натIэм къритхари, пащты­хьым и жагъуэгъухэм яIэ­щIэ­кIуэ­дащ. Хуэхъумакъым ари апхуэдизу къанлыуэ  ялъы­тэу щыта пащты­хьым…
  • Спектаклым щыджэгуа дэтхэнэ зы артистми хуагъэ­фэща ролыр дагъуэншэу игъэзэщIащ. Я Iэзагъэр зыхуэдэр иджыри зэ ди нэгу щIагъэкIащ УФ-м щIыхь зиIэ и артистхэу Шыбзыхъуэ Басир (Грозный Иван), ЖьакIэ­мыхъу КIунэ (пщы гуащэ Ста­рицкая), Балъкъыз Ва­лерэ­ (Курбский пщыр), КъБР-м щIыхь зиIэ и артистхэу Тхьэщыгъуей Жаннэ (Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ), Къумахуэ Мухьэдин (Оболенский пщыр), КIэ­мыр­гуей Валентин (Сильвестр), Лу Рамэзан (Воро­тын­ский пщыр), Хъыдзэдж Борис (Репнин пщыр), Ингуш республикэм щIыхь зиIэ и артист Хьэщэ Къанщобий (Филипп) сымэ, нэгъуэщI­хэми.
  • Къыхэгъэщыпхъэщ пьесэр адыгэбзэм дахэу, шэрыуэу къызэрырагъэзэ­гъар. Илъэс 20 и пэкIэ ар театрым папщIэ зэридзэкIауэ щытащ Къуэдзокъуэ Хьэсэн.
  • «Пащтыхьымрэ пащтыхь гуа­щэмрэ» спектаклыр Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и утыкум щыгъэлъэ­гъуэ­ным зи гуащIэ хэзылъхьа псоми Iуэхур фIы дыдэу къазэ­ре­хъулIам и щыхьэтт абы къе­кIуэлIахэм хуаIэта Iэгуауэ­шхуэр. КъБР-м и Iэта­щхьэм и щхьэгъусэ Къано­къуэ Фа­тIимэ артистхэм ­яхуэ­упсащ удз гъэгъа матэ­кIэ.
  •  ЩхьэщэмыщI Изэ.
  •  Сурэтыр Свириденкэ Татьянэ трихащ.