ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зэманым декIур…

2013-03-12

  •   Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэ­ныгъэ центрым и унафэщI, республикэм и жылагъуэ палатэм хэт Иуан Петр КъБР-м и Пра­вительствэм деж щIэныгъэ — технологие зыу­жьы­ны­гъэм­кIэ щыIэ Жылагъуэ советым и зэIущIэ гъа­тхэпэм и 6-м иригъэкIуэкIащ. Абы щызэпкърахащ икIи къыщащтащ зи гугъу тщIы советыр мы гъэм зэрылэжьэну щIыкIэр.
  •   
  • ЗэIущIэр къыщызэIуихым, Иуан Петр къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ инновацэ политикэр убзыхуным, абы те­щIыхьа законодательствэр езыгъэфIэ­кIуэ­­ну Iуэхугъуэхэр гъэбелджылыным хуэу­нэтIауэ къа­лэнышхуэхэр къазэры­пэ­щытыр. Апхуэдэщ экономикэм и дэтхэнэ IэнатIэми унэтIыныгъэщIэ етын, еджапIэ нэхъыщхьэхэмрэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ ин­с­ти­тутхэмрэ я зэфIэкIхэр нэхъ пыухыкIауэ къагъэсэбэпын зэры­хуейр.
  • Къыхалъхьа Iуэхугъуэхэм хэплъащ. Япэ щIыкIэ зэпкърахащ Iэ­натIэхэм хуэхьэзыр щIэ­ны­гъэ-технологие къэхутэныгъэхэр къыхэхыным, ин­­новацэ лэжьы­гъэхэр щIэгъэ­хуэбжьэ­нымкIэ республикэм щыIэ хэкIыпIэхэр гъэбелджылыным, инновацэ предприятэ мыинхэр, технопаркхэр къызэгъэ­пэщыным икIи абыхэм зегъэужьыным теухуахэр.
  •  — Хьэрычэт Iуэху мащIэмрэ курытымрэ гъуэгу тэмэм едмытауэ рынок зэху­щы­ты­кIэхэр нэгъэсауэ тху­зэ­те­гъэу­вэ­ну­­къым. НэгъуэщI къэралхэр абы и лъэ­ны­къуэ­кIэ хэпщIыкIыу ипэкIэ кIуэтащ, инновацэ IэнатIэ цIыкIухэри хыхьэу, хьэрычэтыщIэ предприятэ мыин­хэмрэ курытхэмрэ я къызэгъэпэщыкIэм хуэ­Iэ­зэ ­хъуащ, — жиIащ Иуан Петр. — «КъБР-м щрагъэкIуэкI инновацэ лэжьыгъэхэм я Iуэ­хукIэ» Закон диIэщ. Зэ­хъуэ­кIы­ны­гъэ­хэр халъхьэжри, 2005 гъэм ар кIэу­хыу къащтащ. Апхуэдэу «КъБР-м щIэныгъэ, щIэныгъэ техникэ Iэна­тIэхэр зэ­рыщызэдэлажьэр зэкIэлъыгъэ­кIуэ­ным и IуэхукIэ» Законыр 2010 гъэм щы­щIэ­­дзауэ щы­Iэщ, ауэ ахэр ягъэзащIэр­къым. Республикэ программэ хэхахэм я процент 90 — 95-м хуэфащэ гулъы­тэ ягъуэ­­тыркъым. Зи гугъу сщIы за­ко­ни­тIыр пхы­гъэ­кIыным мы гъэм щIэ­д­дзэф­мэ, абы ди пIэм дришынут.
  •  Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIэныгъэ центрым и унафэщIыр къытеувыIащ инновацэ зыужьыныгъэм и программэ хэхар пхыгъэкIыным хуэзэну мылъкур республикэ бюджетым къыхалъытэн щхьэкIэ япэ игъэщыпхъэу къилъытэхэм. Абы советым хэтхэм ягу къигъэ­кIы­­­­жащ иджыпсту бжьыпэр зыIыгъ гъэсыныпхъэ-энергетикэ IэнатIэхэм я пIэм щIэныгъэ къэхутэныгъэхэр зэриувынур. Сыту жыпIэмэ, щIыдагъэмрэ газымрэ я хьэкъкIэ къызэрагъэпэщ бюджетхэм щыщу къэхутэныгъэхэм хухах мылъкур 2030 гъэхэм ирихьэлIэу къаIэрымыхьэжынкIэ хъунущ. Абы къыхэкIыу, зыхуэфащэ IуэхущIапIэхэм жэрдэмыщIэхэр къыщыхалъхьэн мурад пыухыкIам тещIыхьа программэхэр ягъэхьэзыру щIэныгъэмрэ лэжьа­пIэ IэнатIэхэмрэ зэпызыщIэ экономикэ зэтраухуэн хуейщ.
  •  КъБР-м и япэ вице-премьер Уянаев Казым къыхигъэщащ мы Iуэхум жы-джэру яужь зэрихьапхъэр.
  •  — Республикэм инновацэм зэрызыщиужьынум и программэ зэхэт дгъэхьэзырыну къытпэщытщ. Къэралым и пщалъэ-правовой лъабжьэр нобэкIэ нэ­хъыбэу зытещIыхьар зи пIалъэр икIа индустриальнэ экономикэрщ. Апхуэдэ щытыкIэм зихъуэжын щхьэкIэ, зыхуэ­фащэ IэнатIэхэм лъэныкъуэ псори зэпашэчын, щIыналъэ политикэ убзыхун хуейщ. ЩыIэ проектхэр зыхуэдэр гъэбелджылыныр щхьэхуэщ. АбыкIэ зэфIэкIынукъым. Инновацэ техноло­гие­щIэ къагупсысмэ, Жылагъуэ советым къыщыхалъхьэу и ефIэкIыныгъэхэр щызэпкърахыпхъэщ. Экономикэ и лъэныкъуэкIэ фейдэ пылъмэ, проектым текIуэдэнум и зэхуэдитIыр Правительс­т­вэм хуитынущ. ЩIэныгъэмрэ промышленностым и IэнатIэхэмрэ зэт­шэ­лIэ­ну къытпэщытщ. Иджыпсту хуэдэу зэпэщхьэхуэу екIуэкIмэ, гъащIэм къи­гъэув­хэм дыкъыкIэрыхунущ. Мы Iуэхум унафэ тэмэм щигъуэтынур пIалъэ кIы­хьым тещIыхьауэ республикэр зыхуей, зэ­ма­ным къигъэувхэм сыт и лъэ­ны­къуэкIи хуэкIуэну инновацэ проектхэр дгъэхьэзырмэщ, — къигъэлъэгъуащ Уянаев Казым.
  •  ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ хьэры­чэ­ты­­щIэ IуэхущIапIэ цIыкIухэмрэ курытхэмрэ зегъэужьыным, инновацэ экономикэм теухуа хабзэхэр республикэм зэрыщылажьэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым инновацэ зыужьыныгъэмкIэ фонд къыщызэгъэпэщыным, щIэныгъэ къэхутэныгъэхэмрэ IэнатIэхэмрэ зэрызэпащIэ Iэмалхэм теухуа Iуэхугъуэхэм.
  •  Иуан Петр къызэхуэсахэм яжриIащ Правительствэм и хъыбарегъащIэ- анолитикэ центр къызэгъэпэщыным теухуауэ къыхилъхьа жэрдэмыр республикэм и Iэтащхьэм къы­зэ­ры­ди­Iы­гъар. 2030 гъэ пщIондэ КъБР-м зэры­зиу­­жьынум и Стратегиер гъэзэщIа зэры­хъумрэ инновацэр зыхуэдэмрэ абы и нэIэ щIэты­нущ. Апхуэдэу зэхыхьэм щыхэплъащ Къэбэрдей-Балъкъэ­рымрэ Урысейм къэхутэныгъэшхуэ­хэмкIэ и фондхэмрэ щIыналъэ про-ектхэм мылъку зэрыхухах щIыкIэм, мурад пыухыкIам те­щIы­хьа республикэ программэ щхьэхуэхэм пыщIа Iуэху­гъуэ­хэм.
  •  ЗэIущIэм лэжьыгъэхэр зэуIуу зыу­нэ­тIыну гупхэр къыщызэрагъэпэщащ, щIэ­­ныгъэ-технологие зыужьы­ны­гъэм­кIэ Жылагъуэ советым и мыгъэрей Iуэхухэр щагъэбелджылащ.
  • Хьэжыкъарэ Алик.