ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Ди куейхэм

2013-01-10

  • Гум и хуабагъэ
  • Илъэс тхущIым щIигъуауэ ХьэтIохъущы­къуей жылагъуэм щолажьэ сабий школ-интернат. Мы зэманым абы щыIэщ сабии 115-рэ. Къыхэгъэщыпхъэщ, властми цIыхубэми гулъытэ хэха мы интернатым зэрыхуа­щIыр. Псом хуэмыдэу цIыкIухэм хуагъэлъапIэ Илъэ­сыщIэ махуэшхуэр.
  •  Иджыблагъэ сабийхэм хуеблэгъащ «Агро» Бахъсэн колледжым икIа егъэджа­кIуэхэмрэ студентхэмрэ. Щыгъын, IэфIыкIэ, нэгъуэщI хьэпшып цIыкIуфэкIухэр яIыгъащ хьэщIэхэм. Абыхэм сабийхэр ягъэгуфIащ пшыхь дахэкIи.
  • — «Уи гум и хуабагъэкIэ ядэгуашэ» — аращ зэреджэр псапэ зыпылъ Iуэхум. Ди гуапэщ ныбжьыщIэхэр дгъэгушхуэну, дгъэгуфIэну, — къыхигъэщащ «Агро» колледжым и унафэщIым и къуэдзэ Мэшыкъуэ Маритэ.
  • Интернатым и унафэщI Сыжажэ Мухьэмэд хьэщIэхэм фIыщIэ яхуищIащ, апхуэдэуи псалъэ гуапэхэр хужиIащ Iуэхур зи жэрдэм КъуэщIысокъуэ Хьэжпагуэ, «Агро» Бахъсэн колледжым и унафэщIым.
  •  АЛОКЪУЭ Аринэ.
  •  
  • Дзэлыкъуэдэсхэм папщIэ
  •  Медицинэ IэнатIэхэм я Iуэхур егъэфIэ­кIуэным теухуа федеральнэ программэр ди къэ­ралым и щIыпIэ псоми щагъэлэжьэн зэ­ры­щIадзэрэ куэдым иратащ Iэмэпсымэ зэ­мы­лIэужьыгъуэхэр, лабораторэхэр зыхуэ­ны­къуэхэр, дэIэпы­къуэгъу псынщIэм я ма­ши­нэхэр, нэгъуэщI­хэри. Апхуэдэ Iуэху­тхьэ­бзэхэр зылъысахэм ящыщщ Дзэлыкъуэ куейри.
  •  Мы районым дэтхэнэ и зы сымаджэщми я лабораторэхэр иджырей мардэхэм тету къызэрагъэпэщащ. Iуэхутхьэбзэ куэд жылагъуэ амбулаторэхэм фIэмыкIыу цIыхум къаIэрохьэ.
  • Дзэлыкъуэм и щIыналъэ сымаджэщым мы махуэхэм ИлъэсыщIэ тыгъэу къратащ медицинэ Iэмэпсымэ зэмылIэужьыгъуэу 4, наркоз зратхэр зэрагъэбауэ, УЗИ аппаратрэ гумрэ гу лъынтхуэхэмрэ я щытыкIэр наIуэу къызэрыщ монитору тIурэ.
  •  Шэрэдж Дисэ.
  •  
  • Шэч къытрахьэркъым
  • Лэскэн районыр 2013 гъэм ехъулIэны­гъэфIхэмкIэ IущIащ.
  •  Мы щIыпIэм щыпсэухэм фейдэ хэхыпIэ нэхъыщхьэу яIэ мэкъумэш лэжьыгъэмкIэ къы­щIэддзэнщи, гъавэхэкIыу 2012 гъэм къра­хьэлIащ тонн мин 65,5-м нэблагъэ. КIэр­тIоф къудейуэ къатIыжар тонн мини 8-м щIегъу, хадэхэкIыр — тонн мини 68,5-рэ, жы­зумыр — тонн 30 мэхъу. Мы бжыгъэхэм ятепщIыхьмэ, илъэсыр бэвагъкIэ къахуэупсащ.
  • Я зыужьыныгъэм теухуауэ 2012 гъэр Iуэху щхьэпэхэмкIэ гъэнщIауэ екIуэкIащ. Къапщтэмэ, спортымкIэ комплексыщIэ Урыху къыщызэIуахащ, Ерокъуэ фельдшер-акушер IэнатIэ щхьэхуэ дащIыхьащ, курыт еджа­пIэр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ. ­Иджыпсту йоужьэрэкI куей сымаджэщым и ухуэныгъэм.
  • Лэскэндэсхэм шэч къытрахьэркъым     илъэс блэкIам яIа зэфIэкIхэм 2013 гъэм къызэрыхагъэхъуэфынум.
  •  Жанхъуэт Зузэ.
  •  
  • Лъэ быдэ
  •  Солдатскэ жылагъуэм къыщызэIуаха «Югтекстильторг» IуэхущIапIэр Илъэсы­щIэм мурадыфIхэмкIэ хыхьащ.
  •  Абы щад трикотажым къыхэщIыкIа сабий щы­гъынхэр, щIагъщIэлъ зэмылIэужьы­гъуэ­хэр.
  • Предприятэм щагъэува Iэмэпсымэхэр Китайм, зэлэжь щэкIхэр Тыркум къраш. Зэрыдэ Iуданэхэри нэхъыфIхэм хуэдэу нэгъуэщI къэралхэм къащыIэрохьэ.
  • Илъэс 8-м нэблагъэкIэ бгынэжауэ щыта еджапIэ унэжьыр зыхуей хуагъэзэжу къы­зэ­Iуаха дэрбзэр IэнатIэр нобэ лъэ быдэкIэ у­вын хузэфIэкIащ. Мыбы щолажьэ зи Iэ­щIа­гъэм фIыуэ хэзыщIыкI лэжьакIуэ 90. Ахэр Къэ­рэгъэш, Солдатскэ жылагъуэхэм щыщщ.
  • Дызытехьа илъэсыщIэм лэжьакIуэхэм я бжыгъэр 150-м нагъэсыну, нобэ ягъэхьэзыр щыгъын лIэужьыгъуэхэм къыхагъэ­хъуэну я мурадщ.
  • Жанокъуэ Хьэту.
  •  
  • Зы лъэIу жэуапыншэу къанэркъым
  •  ПсэупIэ унэр зейхэм я зэгухьэныгъэхэр ху­щIокъу я пщэ къралъхьа къалэнхэр жэуа­плы­ныгъэ хэлъу къызэрырахьэлIэнымрэ ТСЖ-м и мардэхэр къэзыгъэсэбэпхэм хуащIэ Iуэху­тхьэбзэхэм къызэрыхагъэхъуэнымрэ.
  •  Нарткъалэ и «Колхоз» ТСЖ-м и къалэн нэхъыщхьэр езым къегъэщIылIа фэтэрхэм я бжэIупэхэмрэ Iэгъуэблагъэхэмрэ зыхуей хуэгъэзэнырщ. Мы IэнатIэм и нэIэ зытет псэупIэхэм (ахэр тетщ Ахъмэтым, КIуа­­щым, Хьэлышхым я цIэхэр зезыхьэ уэ­рам­хэм) мы илъэсыр къызэрихьэрэ щIыхьэ­пIэбжэрэ щхьэгъубжэу сэкъат зиIэ псори пластикэм къыхэщIыкIахэмкIэ зэрахъуэ­кIащ. Апхуэдэу лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкIащ жьы хъуа псы зрикIуэ бжьамийхэмрэ канализацэ пкъыгъуэхэмрэ хъуэжынымкIэ. КъищынэмыщIауэ, Хьэлышхым и цIэр зезыхьэ уэрамым тет унэ №44-м и щIыхьэпIэхэр екIуу ялащ, пщIантIэм тетIысхьэпIэхэр, пхъэнкIиилъэхэр щIэуэ щагъэуващ, унэ бжэIупэр дахэу къащIыхьащ. Псом хуэ­мыдэу мы унэ зэтетхэм щыпсэухэр щыгу­фIыкIащ сабий джэгупIэ гъэщIэрэ­щIахэр зэраухуам.
  • ТСЖ-м и лэжьакIуэхэм цIыхухэм къаб­гъэ­дэкIа зы лъэIуи жэуапыншэу къагъанэркъым икIи я зэфIэкI псори ирахьэлIэнущ унэхэр зейхэм я Iуэхур тэмэм зэращIыным.
  •  Гъубж Ларисэ.
  •  
  • Лъэпощхьэпохэм пхокI
  •  Октябрьскэ жылагъуэм дэт «Къэбэрдей» шы заводым и зэфIэкIхэр щIыпIэ куэдым нэхъапэм щызэлъащIысауэ щытащ. ИужькIэ къатепсыха къэрал къутэжыгъуэр мы IэнатIэмкIи Iэужьыншэ зэрымыхъуар нэры­лъагъуу, лъэпощхьэпо мыухыжхэм пхы­кIащ.
  •  ЩыгуфIыкIыпхъэщ иджыпсту шы заводыр къэщIэрэщIэжу зэрыхуежьам. АбыкIэ фIы­­щIэ хуэфащэщ Май куейм и спиртзаводым.
  • IуэхущIапIэм и зоотехник нэхъыщхьэ Орлов Александр щыгъуазэ дызэрищIамкIэ, илъэси 6 енкIэ шыхэр гъэсэнымкIэ къудамэ яIэххакъым. Ар къызэIуахыжа нэужьщ заводым иIыгъа лъагапIэхэр зригъэгъуэтыжу щыхуежьар.
  • «Къэбэрдей» заводым ишхэм зэфIэкIыфIхэр иджыблагъэ щагъэлъэгъуащ Налшык, Псыхуабэ шыгъэжапIэхэм щекIуэкIа зэ­хьэзэхуэ­хэм.
  • Мы IэнатIэм зэфIигъэкIын хуей къалэнхэри мымащIэу иIэщ: псэуалъэхэр зэгъэпэщыжын, щIэжьеифIкIэ узыщыгугъын шы лъэпкъхэр къэщэхужын, къэуат зыщIэлъ Iусыпхъэ къабзэхэр щагъэхьэзыр IэнатIэ къызэIухын хуейщ.
  • Заводым и IэщIагъэлIхэм шы лъэпкъ къабзэхэр зэфIэгъэувэжынымкIэ Iэмалрэ зэфIэ­кIыу яIэр яхурикъунущ. Селекцэ лэжьы­гъэшхуэхэр зэрырагъэкIуэкIыфынум и щыхьэту, мы гъэм абыхэм къыдагъэкIащ шы нэхъ лъэпкъыфI дыдэхэм я сурэт гъэщIэрэщIахэр щызэхуэхьэса тхылъ. КъищынэмыщIауэ, IуэхущIапIэм нобэ иригъэкIуэкI лэ­жьы­гъэхэм IупщIу ухэзыгъэгъуазэ езым и сайт интернетым къыщызэIуихащ. Нэры­лъагъуу зызыужьыжу хуежьа «Къэбэрдей» шы заводым ехъулIэныгъэфIхэр къызэрыпэплъэм шэч къытрахьэркъым лъэ быдэкIэ ар увыжыным зи мылъкурэ зи гуащIэрэ хэзылъхьахэм.
  •  ЛЪОСТЭН Музэ.