Быф Анатолэ къратащ Къэрал Думэм и УнафэщIым и ФIыщIэ тхылъыр
2023-03-16
- Урысей Федерацэм законхэр къыдэгъэкIынымрэ парламентаризмэм зыщегъэужьынымкIэ бгъэдэлъ фIыщIэм папщIэ Парламентым и ищхъэрэ палатэм и спикер Володин Владимир Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм, Ставрополь крайм, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм къабгъэдэкIыу Къэрал Думэм и депутату хаха, Мылъкум, щIым, мылъку зэхущытыкIэхэм я IуэхукIэ Къэрал Думэм и комитетым хэт Быф Анатолэ къритащ Къэрал Думэм и УнафэщIым и ФIыщIэ тхылъыр.
- Къэрал Думэм и УнафэщIым и ФIыщIэ тхылъыр лэжьыгъэм къызэрыщыхэжаныкIам и щыхьэт ведомствэ дамыгъэщ икIи ар ират Къэрал Думэм законхэр къыдэгъэкIынымкIэ иригъэкIуэкI лэжьыгъэм, Урысей Федерацэм парламентаризмэм зыщегъэужьыным хэхауэ къыщыхэжаныкIахэм.
- Быф А. Ж. нэхъ япэкIэ, 2019 гъэм, къыхуагъэфэщауэ щытащ Урысей Федерацэм и Къэрал Думэм и ЩIыхь тхылъыр.