ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Залымыгъэм ихьахэр ягу къагъэкIыж

2023-03-10

  • Балъкъэрхэм кIэлъызэрахьа залымыгъэм и лей зытехьахэм я фэеплъ мемориалым деж гъатхэпэм и 8-м щекIуэкIащ лъэпкъыр я лъахэм зэрырашрэ илъэс 79-рэ зэрыхъум теухуа щыгъуэ пэкIу.

  • Абы хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, Правительствэм и УнафэщI Мусу-ков Алий, къэрал IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр, жылагъуэр, гъунэгъу республикэхэм къикIа хьэщIэхэр.
  • ПэкIур къызэIуихащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин.
  • — Балъкъэр лъэпкъыр нобэ и хэку исыжщ, адрей лъэпкъхэми хуэдэу и псэукIэр иригъэфIакIуэущопсэу Урысей Федерацэм. Мы махуэр и щыхьэтщ Iейр лъэужьыншэу зэрымыкIуэдымрэ фIыр сытым дежи зэрытекIуэмрэ, — жиIащ Къумахуэм.
  • Къызэхуэсахэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ ЦIыхухэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэ Зумакулов Борис. Абы фIыщIэ яхуищIащ гъэ къэс фэеплъым деж къыщызэхуэс цIыхубэм, апхуэдэуи хамэ щIыпIэм щыхэкIуэдахэм, балъкъэр анэхэм я фэм дэкIахэм тепсэлъыхьащ. «Балъкъэр анэм и сабийр и ныбэр имыгъэныкъуэн, хамэ щIыпIэм жьэгу хуабэр щихъумэн папщIэ и псэ емыблэжу лэжьащ. Хуабжьу щIыхьышхуэ яхуэфащэщ абыхэм», — къыхигъэщащ Зумакуловым.
  • Балъкъэр лъэпкъым и щхьэ кърикIуа залымыгъэм ихьахэм дакъикъэкIэ яхуэщыгъуа нэужь, КъБР-м и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и тхьэмадэ Дзасэжь Хьэзрэталий кърихьэлIахэм дыуэ яригъэщIащ. «Гуауэшхуэ зыгъэва ди къуэш лъэпкъым дыкъуэтщ нобэ. Иджы а зэманым къэхъуа гущIыхьэр дигу къыщыдгъэкIыжкIэ, Тхьэм долъэIу апхуэдэ гузэвэгъуэ ди лъэпкъхэм афIэкIа я нэгу щIимыгъэкIыну», — жиIащ Дзасэжь Хьэзрэталий.
  • Къызэхуэсахэм фэеплъ сыным удз гъэгъахэр тралъхьа нэужь, мемориалым и кIуэцIым къыщызэрагъэпэща гъэлъэгъуэныгъэм еплъащ лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм къахэкIа цIыхубэр.
  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек жиIащ иджырей IэмалхэмкIэ ягъэлажьэ, бжыгъэр зи лъабжьэ доскахэр зэман кIэщIым къриубыдэу музейм щIагъэувэну пщэрылъ зэращищIынур, балигъхэми сабийхэми нэхъ тыншу, дихьэхыу тхыдэм зыщагъэгъуэзэнымкIэ ахэр зэрыщхьэпэнур.
  • НэщIэпыджэ Замирэ.