ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Къалэшхуэхэм щIэIэпхъуэм и щхьэусыгъуэр

2023-02-17

  • Урысей Федерацэр къэ-рал абрагъуэщ, дунейм щынэхъ инхэм ящыщщ. Къалэу итыр гъэщIэгъуэн защIэщ, дэтхэнэми езым и тхыдэ, и псэукIэ, и щхьэхуэныгъэ, и дахагъэ иIэжу.

  • Ауэ нобэ цIыхухэм нэхъ къащтэр къалэшхуэхэрщ, щыхьэрхэрщ, абы нэхъ зыхуей хуэзэу щыпсэуну къалъытэри. Абы къыхэкIыу, жылагъуэр къалэшхуэхэм мэIэпхъуэ, къалэ нэхъ цIыкIухэм къыдэнэр кIуэ пэтми нэхъ мащIэ мэхъу, къуажэхэр хокIуэдэжыпэ. Урысейм и хэгъэгухэм щыпсэу щIалэгъуалэр Москва зэрыхь хъуащ, щеджэну, щылэжьэну, щыпсэуну къэнэжхэр куэдщ.
  • АтIэ къэкIуэн яIэ къалэ нэхъ цIыкIухэм, хэгъэгухэм щыIэ щIыпIэ дахэхэм? ЯIэм къыщынэркъым. Иджырей технологиехэм зыщаужьа, ар экономикэм къыщагъэсэбэп щыхъуа лъэхъэнэм къалэхэм лэжьыгъэ IэнатIэщIэхэр къыщызэIуах хъуащ, Iэмал куэд къыщыкъуэкIащ. КъищынэмыщIауэ, ущыпсэуну нэхъ тыншщ икIи нэхъ сэбэпщ. Мегаполисым нэхърэ къалэ цIыкIум гъащIэм нэхъ ухуегъэхьэзыр, щыпсэухэр нэхъ зэрыIыгъщ, къэхъуIами, нэхъ щызэдоIэпыкъу, къыпщыщIIами нэхъ укъыщащIэ.
  • Урысейм и иджырей хэгъэгухэм щыIэ къалэхэм дэтщ школхэр, театрхэр, сымаджэщхэр, тхылъеджапIэхэр. Абыхэм щахъумэ лъэпкъ щэнхабзэр, бзэр, хьэлыр, псэукIэр. Архитектурэ къудейр сыт и уасэ? Дэтхэнэ къалэми езым и теплъэрэ гъэщIэрэщIэкIэрэ иIэжщ, зыщуплъыхь къудеймэ, и беягъыр къыуигъащIэу.
  • Хэт сыт жиIэми, къалэ нэхъ цIыкIухэм щекIуэкI псэукIэр нэгъуэщIщ, мегаполисым нэхърэ. Къалэшхуэм щыщыIэ хабзэмрэ псэукIэмрэ узэщIеубыдэри, уи щхьэ и унафэ щыпщIыжыфыркъым, уигу зыхуэкIуэр щызыIэрыбгъэхьэфыркъым, нэгъуэщIу жыпIэмэ, уэра-уэрмыра хуэдэу ущопсэу, зэманым и архъуанэм укърихьэкIыу. Къалэ цIыкIум цIыхум и пщIэри щылъагэщи, и щхьэри зыхуей щыхуегъазэри, гъащIэм и IэфIагъ псори хъуэпсэгъуэу щызыхещIэ. Къалэ цIыкIум е къуажэм, цIыхур цIыхуу нэхъ къыщызэтонэ, езыхэм я псэукIэр зэрыхуейуэ щаубзыхуу.
  • Тхыдэ напэкIуэцIхэм уриплъэжмэ, къэралым цIыхуу исым и нэхъыбэр щыпсэуар езыхэр къыщыхъуа къалэхэмрэ къуажэхэмрэщ. 1910 гъэм къалэхэм цIыху мин 50 дэст, Москварэ Санкт-Петербургрэ мелуан зырыз щыпсэурт. Ауэрэ къалэхэм нэхъ зыкъаужь хъури, цIыхухэр Iэпхъуэу хуежьащ. КъищынэмыщIауэ, нэхъапэм мэкъумэш IэнатIэм мыхьэнэшхуэ ирату зэрыщытари щхьэусыгъуэ хуэхъуагъэнущ къалэ нэхъ цIыкIухэм цIыхур зэрызэтраIыгъэфам.
  • ЦIыхур куэду къалэшхуэхэм Iэпхъуэу щIадзащ XX лIэщIыгъуэм. 1926 гъэм щегъэжьауэ 1937 гъэ пщIондэ, къыхэтхыкIым къызэригъэлъэгъуамкIэ, къалэдэсхэм я бжыгъэр тIукIэ хэхъуащ, процент 18-р 33-м нэсащ. Мыбдежым щхьэусыгъуэ хъуар къалэ нэхъ цIыкIухэмрэ къуажэхэмрэ колхоз, совхозхэм щаIыгъ IуэхущIапIэхэр мылэжьэж зэрыхъуар арагъэнщ. Совет Союзыр къутэжа нэужь, заводхэмрэ фабрикэхэмрэ къэралым иратыжащ. Ауэрэ ахэри зэхуащIыжри, цIыхухэр Iэпхъуэу хуежьащ.
  • Иджыпсту екIуэкIым тепщIыхьмэ, щIалэгъуалэм къыщалъхуам лэжьыгъэ зэрыщамыгъуэтым къыхэкIыу, Iэпхъуэу аращ къалэшхуэхэм. IэнатIэу щыIэр бюджет IуэхущIапIэхэрщ — администрацэ, школ, сымаджэщ. ВЦИОМ 2021 гъэм иригъэкIуэкIа щIэупщIэныгъэм къызэригъэлъэгъуамкIэ, къалэ нэхъ цIыкIухэм дэсхэмрэ къуажэхэм къыщалъхуахэмрэ я гукъыдэжыр нэхъ мащIэщ, псэукIэмкIэ арэзыкъым, къулейсызу зыкъалъытэж, я ахъшэр шхынымрэ щыгъыным-рэ яхурикъу къудейуэ жаIэ. Къалэшхуэхэм дэсхэр гъащIэм нэхъ хуэарэзыщ, зыхуей ягъуэту псэууэ къэзылъытэр нэхъыбэщ. Абы къыхэкIыу, къалэхэм куэду зэрыIэпхъуэр къэувыIэн папщIэ, къэралым псэукIэ тыншым ехьэлIа Iэмал псори къуажэхэми къыщызэригъэпэщын хуейщ. Иджырей технологиехэм я Iэмалхэм тепщIыхьмэ, ар гугъукъым.
  • Дызэрыт зэманым къэрал куэдым хуабжьу щытопсэлъыхь къалэ цIыкIухэм зегъэужьын зэрыхуейм. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, Германием и цIыхухэм я Iы-хьэ щанэр къалэ нэхъ цIыкIухэрщ зыдэсыр. Иджы абы «Академия малых городов» проектыр щрагъэжьащ. Абы и мыхьэнэр къалэхэмрэ къуажэхэмрэ зэрызрагъэужьын проектхэр къагупсысу гъащIэм хапщэнырщ. Канадэм, Онтарио къедза жылэхэм уеплъмэ, бизнес Iуэ-хум зыщрагъэужьу хуежьащ, цIыхухэр драгъэхьэхын папщIэ. Жылэхэм газри, псыри, интернетри щыIэщ, налог хуэгъэкIуатэхэр яIэщ, иджы хьэрычэтыщIэ Iуэхухэр зыхуей хуэзэу щызэтраублэмэ, Iэпхъуэр куэд хъуну хуагъэфа-щэ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ къалэ цIыкIухэмрэ къуажэхэмрэ кърагъэлынущ.
  • Сыт Урысейм ищIэфынур абы теухуауэ? Дауэ щытми, цIыхур къезыхуэкIыр ахъшэ къэлэжьэнырщ. Абы ипкъ иткIэ, жылэ цIыкIухэми лэжьыгъэ IэнатIэ щыIэн хуейщ, лэжьапщIэ хъарзынэхэр щату. Абы папщIэ хьэрычэтыщIэхэм Iэмал псори къахузэгъэпэщауэ, налогхэр ящхьэщыхауэ, нэгъуэщI хуэгъэкIуатэхэр къахуэгупсысауэ жылэм IуэхущIапIэхэр дегъэщIыхьын хуейщ. Апхуэдэ дыдэуи псэукIэ тыншым и хэкIыпIэ псори къыщызэгъэпэщыпхъэщ — псы, газ, ток, интернет, транспорт, нэгъуэщIхэри. ИтIанэ къалэшхуэм ущIэIэпхъуэн щхьэусыгъуэ щыIэжынукъым. КъищынэмыщIауэ, Москва пыIудза къалэ Iэджэми ягъэлъэгъуэн я куэдщ, щIыуэпскIэ къулейщ, абы къыхэкIыу, туристхэр къыдахьэхыфынущ, инфраструктурэр щызэтеубламэ, зыплъыхьакIуэхэри кIуэнущ.
  • Мегаполисхэм дэт офис нэхъыщхьэхэм, къулыкъущIапIэхэм, къэрал IуэхущIапIэхэм ящыщхэр къалэ гуэрхэм пхьы хъунущ. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэри хэкIыпIэщ къалэ цIыкIухэм дэсхэр къалэшхуэхэм хъуапсэу щымытынымкIэ. Ар политикэ IуэхумкIи щхьэпэ хъунущ.
  • Илъэс зыбжанэ хъуауэ медицинэ IэнатIэм щолажьэ «Земский доктор», «Земский фельдшер» къэрал программэхэр, егъэджэныгъэ IэнатIэми иIэщ апхуэдэхэр, абы хэту сымаджэщхэр, школхэр, сабий садхэр къагъэщIэрэщIэж, щIэхэр яухуэ. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр цIыхухэм зэрыхуащIэ щIыкIэм иджыри зихъуэжакъым, ар ефIэкIуауэ пхужыIэнукъым, зи гугъу тщIыр къуажэ, къалэ нэхъ цIыкIухэм щыщыIэ щытыкIэрщ.
  • Къалэшхуэхэм цIыхухэр зэрымыхьын щхьэкIэ цIыху цIэрыIуэхэм я псэупIэр яхъуэжмэ, сэбэп хъунущ. Абыхэм къалэ нэхъ цIыкIухэм, езыхэр къуэпскIэ зыпыщIахэм, ягъэзэжын щIадзэмэ, абы къыдэкIхэр, шэч хэмылъу, нэхъ мащIэнущ. Зи хэку къэзыгъэзэжхэр къалэ цIыкIухэм гугъуехьыншэу дагъэтIысхьэжу щытамэ, абыхэм я дежкIи ди дежкIи сэбэпт.
  • Мы дунейм щызэкIэлъыкIуэхэм визэ къыхуагъэувын зэрыщIадзэрэ, дэ къэралкIуэцI туризмэр нэхъ едгъэфIэкIуэфыну щытщ. А Iэмалыр икIэщIыпIэкIэ къызэгъэпэщын хуейхэм ящыщщ.
  • Псом нэхърэ нэхъыщхьэращи, къалэ цIыкIухэмрэ къуажэхэмрэщ лъэпкъ зыхэщIыкIымрэ лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэмрэ хъума щыхъур. Апхуэдэуи дэтхэнэ зы къалэми тхыдэм къыхэна зы лIыхъужьыгъэ иIэщ, и щIэблэр щIипIыкIыну, хэкур фIыуэ лъагъуным къыхуриджэну.
  • НэщIэпыджэ Замирэ.