Шэху уэздыгъэ 54-рэ
2023-02-09
- Тхьэмахуэ махуэ кIуам и пщыхьэщхьэм, Налшык и Дей хадэм ит, Афганистаным щекIуэкIа зауэм зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм я фэеплъым деж щызэхэтащ «Фэеплъ шэху уэздыгъэ» акцэр. Ар къызэригъэпэщащ «Афганистаным щекIуэкIа зауэм ныкъуэдыкъуэ хэхъухьахэмрэ фэбжь хэзыхахэм-рэ» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и «Ветеран» щIыналъэ къудамэм. Пшыхьыр къыщызэIуахым еджакIуэ ныбжьыщIэ Атабий Алим кърихьэлIахэм я гум хыхьэу игъэзэщIащ афган зауэм, абы хэкIуэдахэм ятеухуа «Дызэкъуэту» уэрэдыр.
- — Мы уэздыгъэхэр пыдогъанэ Афганистаным щыхэкIуэда ди ныбжьэгъухэм я фэеплъу. Мазаем и 15-р советыдзэхэр Афганистаным къыщрашыжа махуэщ — ар зауэлI-интернационалистхэм я фэеплъ махуэ хъуащ. Ауэ дэ мурад тщIащ ди ныбжьэгъу хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэр ар щагъэлъапIэм къыгуэтхыну. Ди жэрдэмыр къыддаIыгъащ къалэ властхэми. Мэзкуу щыIэ зэгухьэныгъэ нэхъыщхьэм, щIыналъэ куэдым щызэхаублащ «Фэеплъ шэху уэздыгъэ» акцэр егъэкIуэкIыныр, — къыхигъэщащ «Ветеран» щIыналъэ къудамэм и унафэщI Былымгъуэт Беслъэн къыщыпсалъэм. — Абы мыхьэнэшхуэ иIэщ ветеран псоми, къытщIэхъуэ щIэблэми я дежкIэ. Аращ мыбдежым къыщIыщызэхуэсар Афганистаным, МВД-м я ветеранхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр. Нобэ ди къуэш нэхъыщIэхэр хэтщ зауэ Iуэху хэхам, Украинэм и фашистхэм япэщIэту. Ди жагъуэ зэрыхъущи, зауэр хэщIыныгъэншэу щыткъым. ПщIэ яхудощI апхуэдэ къуэ нэсхэр зыпIа адэ-анэхэм.
- Былымгъуэтым къыхилъхьэри, къызэхуэсахэр дакъикъэкIэ щымащ, афган зауэм къимыкIыжахэм яхуэщыгъуэу.
- Афганистаным щыхэкIуэда ди совет сэлэтхэм я лIыхъужьыгъэмрэ хахуагъэмрэ, нобэ Украинэм щекуэкI зауэ Iуэху хэхам хэтхэм тепсэлъыхьащ КъБР-м Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм, хабзэхъумэ органхэм я ветеранхэм (пенсионерхэм) я советым и унафэщI Шыхъуэбахъуэ Мухьэмэдрэ ветеранхэм я Налшык къалэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Абдуллаев Мустэфарэ, «Дзэ зэкъуэшыныгъэ» урысейпсо ветеран организацэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщI, полковник Гилястанов Барэсбий, Урысей ДОСААФ-м и щIыналъэ къудамэм и тхьэмадэ ЗакIуий Мухьэжид, Жылагъуэ палатэм хэт, Афганистаным и ветеран Абанокъуэ Владимир сымэ.
- Зауэ Iуэху хэхам зэрыхэтам папщIэ ЛIыгъэм и орден зыхуагъэфэща КIыщ Тимур къыхигъэщащ «Фэеплъ шэху уэздыгъэ» акцэр Iуэху щхьэпэу зэрыщытыр. «Ди блэкIар, ныкъуэкъуэгъухэр зэрыщыIэр тщыгъупщэрэ — гуауэр къэкIуэнущ. Дэ дигу къыдогъэкIыж пэжым папщIэ зи щхьэр зауэм хэзылъхьа ди къуэшхэр. Иджыпсту екIуэкI зауэ Iуэху хэхам хэт ди щIалэхэр медан къэси псэзэпылъхьэпIэ хохуэ, итIанэми, абыхэм къапэщыт къалэн-хэр хьэлэлу ягъэзащIэ. Дыхуейт ди къуэшхэр унэм къыщедгъэблэгъэжыну — дауи, текIуэныгъэ къахьауэ! Дэ захуагъэм дрителъхьэщ!» — жиIащ КIыщ Тимур.
- АдэкIэ республикэм и Муслъымэн дин IуэхущIапIэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Мисиров Хъызыр дыуэ ищIри, къызэхуэсахэм зауэлI-интернационалистхэм я фэеплъым деж удз гъэгъахэр щагъэтIылъащ. Фэеплъым деж щыщIагъэнат шэху уэздыгъэ 54-рэ — Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу апхуэдиз щIалэ Афганистаным къикIыжакъым.
- УАРДЭ Жантинэ.